ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 26-нэ урокыр
  • Дауэ дыщызэхуэс Унэм дызэрыкІэлъыплъыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дауэ дыщызэхуэс Унэм дызэрыкІэлъыплъыр?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • «Дыщызэхуэс Унэхэр зыхуей худогъазэ»
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 26-нэ урокыр

26-НЭ УРОКЫР

Дауэ дыщызэхуэс Унэм дызэрыкІэлъыплъыр?

Свидетели Иеговы делают уборку Зала Царства в Эстонии

Эстоние

Свидетели Иеговы делают уборку Зала Царства в Зимбабве

Зимбабве

Свидетель Иеговы меняет лампочку в Зале Царства в Монголии

Монголие

Свидетель Иеговы красит Зал Царства в Пуэрто-Рико

Пуэрто-Рико

Дыщызэхуэс Унэхэр Иеговэщ зейр. Абы къыхэкІкІэ ди дежкІэ пщІэшхуэщ ахэр къабзэу икІи зэлъыІухауэ зетхьэну. Дыщызэхуэс Унэхэр къабзэу зэрызетхьэмрэ зыхуей зэрыхуэдгъазэмрэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэм хохьэ икІи гукъыдэж зиІэ дэтхэнэри абы хэт хъунущ.

ЗэІущІэр иуха нэужь, Унэр зэщІэткъуэну дыкъонэ. ЗэІущІэ къэс дыщызэхуэс Унэр зэщІэткъуэжми, тхьэмахуэм зэ ар нэхъ дегугъуу зэлъыІудох. Зэхуэсым и нэхъыжьым е и дэІэпыкъуэгъум къалэнхэр егуэш. Къуэш, шыпхъухэм лъэгур къапхъэнкІ, къалъэс е пылесоскІэ ягъэкъабзэ, сабэр ялъэщІ, шэнтхэр захуэу ягъэув, псыунэхэр дезинфекцэ ящІ, гъуджэхэмрэ абдж зыхэлъ бжэхэмрэ ялъэщІ, пхъэнкІийр щІах икІи пщІантІэр зэлъыІуах. Нэхъ мащІэ дыдэу илъэсым зэ генеральнэ уборкэ дощІ. Ди сабийхэми къалэн гуэрхэр еттыурэ, Алыхьым и Унэм пщІэ хуащІу идогъасэ (Экклезиаст 5:1).

Къутар дощІыж. Илъэсым зэ дыщызэхуэс Унэр и кІуэцІкІи и щІыбкІи фІыуэ къыдоплъыхь. Ди Унэхэр щІэх-щІэхыурэ зыхуей зэрыхуэдгъазэм и фІыгъэкІэ ахэр мыкъутэу илъэс куэдкІэ щытщ икІи лейуэ ахъшэ абыхэм тедгъэкІуадэкъым (2 Летопись 24:13; 34:10). Дыщызэхуэс Унэхэм Алыхьыр щыбгъэлъэпІэну хуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр сыт щыгъуи къабзэщ икІи зыхуей хуэгъэзащ. Дыщызэхуэс Унэхэм фІыуэ дызэрыкІэлъыплъым къыхощ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи абы и цІэр зезыхьэ Унэм пщІэ зэрыхуэтщІыр (Псалом 122:1). Абы нэмыщІ дыщызэхуэс Унэхэр къабзэу икІи дахэу щалъагъум деж, цІыхухэм я гум ар дохьэ (2 Коринф 6:3).

  • Дыщызэхуэс Унэхэр зыхуей хуэгъэзауэ зетхьэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • Дыщызэхуэс Унэхэр дауэ къабзэу зэрызетхьэр?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын