ДИ ГЪАЩІЭР
Дыщызэхуэс Унэхэр зыхуей худогъазэ
Дыщызэхуэс Унэхэр — унэ лъапІэщ, дэ абы Иеговэ дыщыхуолажьэ икІи абыхэм Алыхьым и цІэ лъапІэр зэрахьэ. Ауэ а унэхэм дыкІэлъыплъын хуейщ. Сыт дэтхэнэ зыми тщІэ хъуныр? «Заботимся о Залах Царства — наших местах поклонения» видеороликым еплъи мы упщІэхэм жэуап ет:
Дыщызэхуэс Унэхэр дауэ къызэрыдгъэсэбэпыр?
Дыщызэхуэс Унэхэр зыщІэкъуэн икІи зехьэн щІыхуейр сыт?
Дыщызэхуэс Унэхэм кІэлъыплъыну хэт зи къалэныр?
Дыщызэхуэс Унэхэр ремонт щытщІым дысакъыну къыдат чэнджэщхэм дыщІытетын хуейр сыт? Видеороликым къызэригъэлъэгъуамкІэ, сыт дызыхуэсакъын хуейр?
Арэзыуэ тты ахъшэхэм дауэ Иеговэ зэрагъэлъапІэр?