10-НЭ УРОКЫР
Дауэ унагъуэм зэгъусэу Библиер зэриджыр?
Ипщэ Корее
Бразилие
Австралие
Гвинее
Иеговэ хуейщ унагъуэм исхэр нэхъ зэкъуэт дыхъуну икІи езым гъунэгъу дыхуэхъуну (Второзаконие 6:6, 7). Абы щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я унагъуэхэм тхьэмахуэ къэс зэман къыдагъэкІ, зэгъусэу Библиер яджын щхьэкІэ. Абыхэм яджыну темэр къыщыхахкІэ я унагъуэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэм тращІыхь. Уэ унагъуэ уимыІэми, уи закъуэу Библиер бджы хъунущ, Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ. А зэманыр къэбгъэсэбэп хъунущ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэу уепсэлъэн щхьэкІэ.
Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуещІ. Библием щыжыІащ: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). Тхыгъэ ЛъапІэм и фІыгъэкІэ Иеговэ нэхъыфІу къыдоцІыху, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а тхылъыр Алыхьым и хьэл-щэнхэмрэ и Іуэхухэмрэ топсэлъыхь. Унагъуэр зэхуэса нэужь, «Ди гъащІэр» жыхуиІэ зэІущІэм и графикым тету, Библием щыщ пычыгъуэм макъкІэ гъуэрыгъуэурэ къеджэ хъунущ. Феджа иужь щхьэж къыхиха сэбэпынагъым фытепсэлъыхьыж хъунущ.
Унагъуэр зэкъуэт ещІ. Библиер зэгъусэу зэраджым и фІыгъэкІэ зэщхьэгъусэхэри адэ-анэхэмрэ сабийхэмри нэхъ гъунэгъу зэхуохъу. Ар псоми гуфІэгъуэ къыхуэзыхь икІи унагъуэр къыхуэмыгъэсу зыпэплъэ зэІущІэ гъэщІэгъуэну щытын хуейщ. Адэ-анэхэм я сабийм и ныбжьым елъытауэ яджыну материалыр къыхахмэ нэхъыфІщ. Сабийр школым зыхуэзэ гугъуехьхэм зэрыпэлъэщыным теухуа чэнджэщхэр «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэмрэ jw.org сайтымрэ къыщыплъыхъуэ хъунущ. Ди интернет-телевидением (tv.jw.org) итым зэгъусэу феплъи иужькІэ зэпкърыфх. Къыфпэщылъ зэІущІэм щыжыфІэну уэрэдхэм иджыпсту зыхуэвгъэхьэзыр. Псори зэфІэкІа нэужь, ІэфІу фышхэ е фыджэгу.
Иеговэ игъэлъэпІэным унагъуэм тхьэмахуэ къэс зэман хухихмэ, унагъуэм щыщ дэтхэнэми Алыхьым и Псалъэр фІыуэ илъагъунущ. Шэч къытевмыхьэ ефхьэлІэ къарум къыпэкІуэ фІыгъуэхэр Иеговэ зэрывигъэлъэгъужынум (Псалом 1:1—3).
Унагъуэм зэгъусэу Библиер дджыным зэман щІыхухэтхыр сыт?
Унагъуэм щыщ дэтхэнэми и дежкІэ а зэІущІэр гъэщІэгъуэну щытын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?