Сыт хуэдэ мурад Алыхьым иІэр?
Алыхьыр хуейщ дэ гъащІэ мыухыж диІэу жэнэтыщІым дыщыпсэуну!
«Ар дауэ?»— жыпІэнкІэ хъунущ уэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпынущ. Алыхьыр хуейщ а Пащтыхьыгъуэмрэ абы къытхуихьыну фІыгъуэхэмрэ теухуауэ цІыху псоми къащІэну (Псалом 37:11, 29; Исаия 9:7).
Алыхьыр хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну.
АдэфІым и бынхэр фІым хуигъэзэну зэрыхуейм хуэдэу, уафэм щыІэ ди Адэри хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну икІи ди насыпым зэи кІэ имыІэну (Исаия 48:17, 18). Абы зэрыжиІэмкІэ, «Тхьэр зыхуейр зыгъэзащІэ цІыхур игъащІэкІэ щыІэнущ» (1 Иуан 2:17).
Алыхьыр хуейщ дэ абы и гъуэгум дытетыну.
Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым «и гъуэгухэм дригъэсэнущ, икІи дэ абыхэм дытетынущ» (Исаия 2:2, 3). Иеговэ «езым и цІэкІэ зэджэну лъэпкъыр» къыхихащ, абы и мурадыр дуней псом щыпсэу цІыхухэм къащІэн щхьэкІэ (Апостолхэм 15:14).
Алыхьыр хуейщ дызэкъуэту абы дыхуэлэжьэну.
Иеговэ и лэжьакІуэхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэ пэжым ахэр зэкъуэт ещІ. ЗэгурыІуэныгъэ здэщымыІэ мы дунейм ар телъыджэщ (Иуан 13:35). Зэкъуэту Алыхьым хуэлэжьэну цІыхухэр хэт езыгъаджэр? Жэуапыр мы брошюрэм къыщыбгъуэтынущ.