Мы брошюрэм итыр
Иеговэ и щыхьэтхэр
АЛЫХЬЫМ И ЛЪЭПКЪЫР
1—4 урокхэр
Иеговэ и Щыхьэтхэр къэрал 240-м щопсэу икІи ахэр щхьэж и хабзэ зиІэ лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІащ. Сыт ахэр зэкъуэт зыщІыр? Хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр?
ЛЭЖЬЫГЪЭ ЕТХЬЭКІЫР
5—14 урокхэр
Дуней псом дэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумкІэ дыкъацІыху. Ди зэІущІэхэр щедгъэкІуэкІ унэхэм «Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс УнэкІэ» йоджэ. А зэІущІэхэм дэ Библиер щыдодж икІи Алыхьыр щыдогъэлъапІэ. Дапхуэдэу ди зэІущІэхэр зэрекІуэкІыр икІи хэт абыхэм къекІуалІэ хъунур?
ДИ ОРГАНИЗАЦЭР
15—28 урокхэр
Ди организацэм дуней псом щрихьэкІ лэжьыгъэр ахъшэ къэлэжьыным епхакъым. Абы хэт цІыхухэр арэзыуэ, яфІэфІу Алыхьым хуолажьэ икІи абы щхьэкІэ ахъшэ хахкъым. Хэт етхьэкІ лэжьыгъэр зэзыгъэпэщыр икІи ахъшэр дэнэ къыздикІыр? Пэж дыдэу ахэра Иеговэ и мурадыр зыгъэзащІэр?