ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 1-нэ урокыр
  • Хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • 7 Узытетын хуей хабзэхэр
    Фыкъызэщыу! 2018
  • Иеговэ и Щыхьэтхэр Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэу пІэрэ?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 1-нэ урокыр

ЯПЭ УРОКЫР

Хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр?

Свидетели Иеговы в Дании

Дание

Свидетели Иеговы в Тайване

Тайвань

Свидетели Иеговы в Венесуэле

Венесуэлэ

Свидетели Иеговы в Индии

Индие

Иеговэ и Щыхьэтхэм ящыщ гуэр пцІыхурэ уэ? Уи гъунэгъухэм, къыбдэлажьэхэм е къыбдеджэхэм яхэтынкІэ хъунущ Иеговэ и Щыхьэт. Е абыхэм ящыщ зым Библием уригъаджэу къыщІэкІынщ. НтІэ, хэт хъуну Иеговэ и Щыхьэтхэр икІи сыт ахэр я фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм щІадэгуашэр?

Дэ адрей цІыхухэм дарещхьщ. Иеговэ и Щыхьэтхэр щхьэж и хабзэ зиІэ лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІащ. Ябгъэдэлъ мылъкумкІи я лэжьыгъэ ІэнатІэмкІи ахэр зэщхькъым. Дэ тщыщ языныкъуэхэм япэм нэгъуэщІ дин яІыгъащ, хэти Алыхьыр и фІэщ хъуххэтэкъым. Ауэ, Иеговэ и Щыхьэт дыхъун ипэ, Библием итыр дэ куууэ дджащ (Апостолхэм 17:11). Дэ къэтщІар ди фІэщ хъуащ икІи тщІэр къыдгурыІуэу ди гъащІэр Алыхь Иеговэ и ІэмыщІэм итлъхьащ.

Библием ит щІэныгъэр дэ лъапІэу добж. Адрей цІыхухэми хуэдэу, дэ ди гугъуехьи ди ныкъусани диІэжщ. Ауэ, Библием ит принципхэм дызэрытетым и фІыгъэкІэ, ди гъащІэр куэдкІэ нэхъыфІ хъури, нэхъ насыпыфІэ дыхъуащ (Псалом 128:1, 2). Аращ Библием къыщытщІамкІэ дэ адрейхэм дащІыдэгуашэр.

Дэ Алыхьым и хабзэхэм дытету допсэу. А хабзэхэр Библием итщ. Абыхэм ди гъащІэр нэхъыфІ ящІ, адрейхэм пщІэрэ гулъытэрэ яхуэтщІыну икІи цІыху пэжу дыщытыну къыддоІэпыкъу. ЦІыхур а хабзэхэм зэрытетым и фІыгъэкІэ, абы и унагъуэр нэхъ быдэ мэхъу, адрейхэм ядэІэпыкъуу зрегъасэ икІи къабзагъэм тету мэпсэу. Алыхьым «цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр» дощІэри, лъэпкъ зэхэгъэж тщІыкъым икІи политикэм дыхэІэбэкъым. Иеговэ и Щыхьэтхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъу икІи а лъэпкъыр дуней псом щопсэу. Дэ адрей цІыхухэм дарещхьми, лъэпкъыу дыкъапщтэмэ, адрейхэм дакъыхощ (Апостолхэм 4:13; 10:34, 35).

  • Иеговэ и Щыхьэтхэр адрей цІыхухэм ещхьу сыт жыпІэ щІэхъунур?

  • Библием ит щІэныгъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъащІэм дауэ зэрызихъуэжар?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын