8-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Мэссихьыр къокІуэ
ДАНИИЛ бегъымбар къэхъун хуейуэ жиІа псалъэхэм иужь илъэс 500-м щІигъу дэкІауэ, пащтыхь Даут и лъэпкъым щыщ Мэрием зи цІэ хъыджэбзым мелыІыч ДжэбрэІил къыхуэкІуащ. «ГуфІэ уэ, Тхьэм и нэфІ зыщыхуар. Зиусхьэныр уи гъусэщ» — ДжэбрэІил абы жриІащ (Лука 1:28). Абы Мэрием къигъэгузэващ. А псалъэхэм сытыт къикІыр?
ДжэбрэІил Мэрием Мэссихьыр къызэрилъхунур жриІащ
«Умышынэ, Мэрием, — къыжриІащ мелыІычым абы, — Тхьэм и нэфІ къыпщыхуащ. Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ къэплъхунущ. Абы цІэуэ фІэпщынур Хьисэщ. [...] И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ. [...] И тепщэныгъэшхуэм зэи кІэ иІэнукъым» (Лука 1:30—33). Сыту хъыбарыфІт ар! Куэд щІауэ цІыхухэр зыпэплъэ щІэблэр — Мэссихьыр Мэрием къилъхунущ!
КъыкІэлъыкІуэ гъэм Бэтлэхьэм Хьисэ къыщалъхуащ. А жэщым мелыІычым мэлыхъуэхэм хъыбар яригъэщІащ: «Хъыбар гуфІэгъуэшхуэ къыфхуэсІуэтэнущ: ФымыкІуэду фыкъезыгъэлынур Даут и къалэм нобэ къыщалъхуащ, ар Зиусхьэну Мэссихьыр аращ» (Лука 2:10, 11). ИужькІэ Хьисэ и унагъуэр Назарет Іэпхъуэжащ, а къалэм ар къыщыхъуащ.
Ди эрэм 29-нэ гъэм, Мэссихь къыщыкІуэн хуей гъэм, Хьисэ Алыхьым и бегъымбару лажьэу щІидзащ. Ар «илъэс щэщІым итт» (Лука 3:23). ЦІыху куэдым къагурыІуащ ар Алыхьым къызэригъэкІуар. Абыхэм жаІэт: «Бегъымбарышхуэ къытхэкІащ» (Лука 7:16, 17). Хьисэ сытыт зыхуригъаджэр?
Хьисэ цІыхухэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуну икІи Абы хуэлэжьэну иригъасэрт. Абы дэнэ щІыпІи щигъэІут: «Зиусхьэну ди Тхьэращ зи закъуэу Зиусхьэныр; уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Марк 12:29, 30). Иджыри абы жиІэт: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапІэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ» (Лука 4:8).
Хьисэ цІыхухэр фІыуэ зэрылъагъуну хуигъэушт. «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу»,— жиІэт абы (Марк 12:31). «ЦІыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкІыр, узыхуаущийр» (Маттэ 7:12).
Хьисэ егугъуу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ адрейхэм жриІэрт. «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм [Пащтыхьыгъуэм, ДЩІ] теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм нэгъуэщІ къалэхэми щахуэсІуэтэн хуейщ. Аращ Тхьэм сыкъыщІигъэкІуар» (Лука 4:43). Сытыт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр гъэІуным Хьисэ мыхьэнэшхуэ щІритыр?
Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр ар уафэм щыІэ правительствэщ. А Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу Алыхьым Хьисэ Мэссихьыр тригъэуващ. Даниил жиІауэ щытащ Алыхьым Мэссихь «тепщэныгъэр, щІыхьыр, пащтыхьыгъуэр» уафэм зэрыщритынур (Даниил 7:14). А Пащтыхьыгъуэм щІылъэм Жэнэтыр щиухуэжынущ, икІи Алыхьым хуэлажьэхэм гъащІэ мыухыж яритынущ. Абы нэхъыфІ хъыбар щыІэ?