ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • rk пс. 9, н. 22—23
  • Мэссихь и щапхъэм дызыхуригъасэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Мэссихь и щапхъэм дызыхуригъасэр
  • ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
  • Мыбы ещхь материал
  • Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Хьисэ бегъымбар — Алыхьым теухуа щІэныгъэм и ІункІыбзэІухщ
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
  • Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
rk пс. 9, н. 22—23

9-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ

Мэссихь и щапхъэм дызыхуригъасэр

АЛЫХЬЫМ жиІауэ щытащ Мэссихьыр лъэпкъ псоми я Пашэу зэрытригъэувэнур. Алыхьым ещІэ дызыхуэныкъуэ Пашэр сыт хуэдэми икІи нэхъыфІыр къытхухихащ. Адрей пашэхэм хуэдэу, ар лъэрызехьэ дзэ зешэу, политик Іэзэу е философ Іущу щытакъым. АтІэ, Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ Мэссихь, Алыхьым къыхиха Пашэр, зыми хуэмыдэ бегъымбарышхуэу щытащ (Маттэ 23:10).

Алыхьым и фІыгъэкІэ Хьисэ дагъуэншэу, ныкъусан хэмылъу къалъхуащ. Ауэ ШейтІаным Хьисэ гуэныхь иригъэщІэну хэтащ, арщхьэкІэ Хьисэ абы пэщІэтащ. Хьисэ псалъэкІи ІуэхукІи Алыхьым щапхъэ трихыурэ и къарур, и захуагъэр, и Іущагъыр, и лъагъуныгъэр игъэлъагъуэрт. Хьисэ и щапхъэм дызыхуригъасэм дегъэплъ.

Хьисэ и гуапэу нэгъуэщІхэм дэІэпыкъурт

Алыхьым кърита къарур абы къигъэсэбэпт нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Хьисэ цІыхухэм лъагъуныгъэшхуэ яхуиІэт икІи ахэр зыхуэныкъуэхэр яхуищІэн щхьэкІэ и гуапэу и къарур къигъэсэбэпт. «Мы цІыхубэм сигу ящІогъу... дзэкъэгъуэ яІухуакъым»,— жиІауэ щытащ абы (Марк 8:2). Абы иужькІэ Хьисэ телъыджэ Іуэху ищІэри, едэІуэну и деж къэкІуа цІыху куэдыр игъэшхащ.

Хьисэ цІыхухэр игъасэурэ, дэнкІи къыщикІухьт икІи «дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиІэри игъэхъужырт» (Маттэ 4:23). ГурыІуэгъуэщ апхуэдиз цІыху куэдыр абы и ужь щІитар. «Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкІыу зэрыщытам щхьэкІэ, цІыху псори хущІэкъурт Хьисэ зэреІусэным» (Лука 6:19). Пэжщ, Хьисэ къыщІэкІуар «цІыхухэм я сэбэп зригъэкІын щхьэкІэкъым, атІэ езым и сэбэп цІыхухэм яригъэкІын икІи цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэщ» (Маттэ 20:28)a. Нобэ тепщэныгъэ зиІэ куэд Хьисэ хуэдэу псэемыблэжу щыту пІэрэ?

Хьисэ сабийхэр фІыуэ илъагъурт

Алыхьым хэлъ захуагъэр абы игъэлъагъуэрт. Хьисэ Алыхьым и хабзэхэмрэ абыхэм лъабжьэ хуэхъумрэ къыгурыІуэт икІи абы тету псэурт. Даут жиІа псалъэхэм ар арэзы техъуэт: «Уи Іэмырыр зэрызгъэзащІэм, си Алыхь лъапІэ, гурыфІыгъуэ къызет икІи уи хабзэр си гум илъщ» (Псалом 40:8). Алыхьым щапхъэ трихыу, Хьисэ цІыху псоми — къулейхэми къулейсызхэми, цІыхухъухэми цІыхубзхэми, сабийхэми ныбжь зиІэхэми — пщІэ яхуищІу, зэхэгъэж имыщІу яхущытт. Зэгуэрым Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэр Хьисэ и деж сабийхэр къэзыша адэ-анэхэм яхуэгубжьат. Ауэ Хьисэ абыхэм яжриІащ: «Сабийхэр си деж кърекІуэ, фапэрымыуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щІэтщи» (Марк 10:14).

Абы и Іуэхухэм Алыхьым и Іущагъыр къыхэщт. Хьисэ цІыхум и гупсысэкІэр къыгурыІуэрт. Абы «цІыхухэм ягу илъыр ищІэрт» (Иуан 2:25). Хьисэ яубыдыну и жагъуэгъухэм ягъэкІуа цІыхухэм жаІащ: «А лІыр къызэрыпсалъэм хуэдэу, зы цІыхуи игъащІэм псэлъакъым». Хьисэ къагуригъэІуащ: «Сэ цІыхухэм езгъащІэ псалъэхэр къызыбгъэдэкІыр сэракъым, атІэ сэ сыкъэзыгъэкІуаращ» (Иуан 7:16, 46).

Хьисэ гущІэгъу хэлъу сымаджэхэр игъэхъужырт

Абы Іуэху илэжьхэм Алыхьым и лъагъуныгъэр къыхэщт. Хьисэ гущІэгъушхуи хэлът. Зэгуэрым «уэшын уз зыпкърыт» цІыху Хьисэ къелъэІуащ: «Зи щІыхь ин, ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ». Хьисэ абы игу щІэгъуащ. «И Іэр ишийщ, абы теІэбэри, Хьисэ жиІащ: „Сыхуейщ, узыншэ хъуж!“ Уэшын узыр а лІым щхьэщыкІащ асыхьэтым» (Лука 5:12, 13; Марк 1:41, 42). Хьисэ гурэ псэкІэ хуейт а хьэзаб зышэч цІыхум и гугъуехьыр щхьэщихыну.

Хуейуэ пІэрэ Хьисэ уэри къыбдэІэпыкъуну? А упщІэм Хьисэ езым жэуап ирет: «ЦІыху ешаелІа, хьэлъэ уэндэгъу зытелъ псори, си деж фыкъакІуэ, гузэгъэгъуэ фэстынущи. Си бжьыр зытефлъхьэ, жысІэр зэвгъащІэ, сэ сигур щабэщ икІи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкІэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итІанэ» (Маттэ 11:28, 29).

Хьисэ — Пашэ нэхъыфІ дыдэщ. Аращ абы дыкъыщІыхуриджэр: «ЖысІэр зэвгъащІэ». УедэІуэну Хьисэ и псалъэхэм? Абы насыпыфІэ уищІынущ.

a Щхьэщэхужым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 27-нэ урокым еплъ.

Сыт хуэдэ жэуапт ептынур?

  • Алыхьым Хьисэ хэту зэрытригъэувар?

  • Хьисэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр игъэлъагъуэрэт? Сыт хуэдэхэра уэ нэхъ уигу ирихьыр?

  • Сыт хуэдэ псалъэхэмкІэ Хьисэ дэ зыкъытхуигъазэрэ?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын