ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Декабрь н. 22—27
  • «Абы жиІэм федаІуэ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Абы жиІэм федаІуэ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «КУЭБЖЭ ЗЭВЫМКІЭ ФЫДЫХЬЭ»
  • ГЪУЭГУ БГЪУЗЭМ ДЫТЕМЫКІЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • «УИ КЪУЭШЫМ ЕКІУЖ»
  • ДАПХУЭДЭУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЗЭРЕКІУЖЫФЫНУР?
  • Екъубрэ Эсаурэ зэкІужащ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Алыхьым теухуауэ уэ нэхъыбэ къэпщІэн хуейщ
    Уэ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ!
  • Екъуб щыпэлъхум къылъыс щІэиныр къыІэрохьэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Декабрь н. 22—27

51 СТАТЬЯР

«Абы жиІэм федаІуэ»

«Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр. Абы жиІэм федаІуэ» (МТ. 17:5).

54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Иеговэ Хьисэ и апостолищым сыт хуэдэ унафэ яхуищІа икІи дауэ ар абыхэм зэрагъэзэщІар? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

ДИ ЭРЭМ 32-нэ гъэм ІутІыж махуэшхуэм иужькІэ апостол Петр, Екъуб, Иуан сымэ Хьисэ и гъусэу бгышхуэм дэкІуеящ (ар Ермо́н бгырауэ къыщІэкІынущ). А щІыпІэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн ялъэгъуащ. «Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщІэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ» (Мт. 17:1—4). Абы щыгъуэ апостолхэм Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІэу зэхахащ: «Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр. Абы жиІэм федаІуэ» (Мт. 17:5). Апостолхэм я гъащІэр зэрырахьэкІар щыхьэт тохъуэ ахэр Хьисэ едаІуэу зэрыщытам. Дэри абыхэм щапхъэ ятетхыну дыхуейщ.

2 Мыбы ипэ дджа статьямрэ мыбырэ щытопсэлъыхь Хьисэ уедэІуэным къикІыр сытми. Япэ статьям дэ къыщытщІащ сыт тщІэн хуэмейми. Мы статьям Хьисэ тщІэн хуейуэ къытхуигъэна унафитІым дытепсэлъыхьынущ.

«КУЭБЖЭ ЗЭВЫМКІЭ ФЫДЫХЬЭ»

3. Маттэ 7:13, 14 сыт хуэдэ унафэ итыр?

3 Къеджэ Маттэ 7:13, 14. Гу лъыфтэт, Хьисэ гъуэгуитІ фІэкІа зэрыщымыІэм и гугъу ещІ: «куэбжэ бгъуфІэм» дыдэкІыу щытмэ, «гъуэгушхуэм» дытетэхьэнущ, ауэ «куэбжэ зэвым» «гъуэгу бгъузэм» дыхуишэнущ. Ещанэ гъуэгу щыІэкъым икІи дызрикІуэну гъуэгум теухуауэ унафэ зыщІын хуейр дэращ. Абы нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ щыІэкъым — а унафэм елъытащ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэунрэ дымыпсэунрэ.

4. «Гъуэгушхуэр» дапхуэдэу зэрыщытыр?

4 Ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ а гъуэгуитІыр сыткІэ зэщхьэщыкІми тщІэным. «Гъуэгушхуэм» цІыху куэд ирокІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы урикІуэну гугъукъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а гъуэгум цІыху куэд зэрырикІуэр щалъагъум деж нэгъуэщІхэми а гъуэгур къыхах. Абыхэм ягу къэкІыххэкъым а гъуэгур ШейтІаным зэрыхишар икІи абы лІэныгъэм узэрыхуишэр (1 Кор. 6:9, 10; 1 Ин. 5:19).

5. Языныкъуэ цІыхухэм «гъуэгу бгъузэр» къагъуэтын икІи абы ирикІуэн щхьэкІэ сыт ящІар?

5 «Гъуэгушхуэм» елъытауэ, етІуанэ гъуэгур «бгъузэщ». Хьисэ жиІащ ар куэдым къазэрыхуэмыгъуэтыр. Сыт апхуэдэу щІыщытыр? ГъэщІэгъуэныращи, къыкІэлъыкІуэ едзыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм бегъымбар нэпцІхэм зыщахъумэну хуегъэуш (Мт. 7:15). Нобэ дунейм дину тетыр мин бжыгъэ мэхъу икІи абыхэм и нэхъыбэм пэжым хурагъаджэу жаІэ. А псом куэдыр Іэнкун ещІ икІи мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм мыухыж гъащІэм ухуэзышэ гъуэгур къамылъыхъуэжу мэхъу. Ауэ ар къыпхуэгъуэтынущ. Хьисэ жиІащ: «Си псалъэхэр фигу илъмэ, пэжу си гъуэгу ирикІуэхэм фащыщщ. Абы щыгъуэ пэжыгъэр къэфщІэнущ, пэжыгъэми щхьэхуит фищІыжынущ» (Ин. 8:31, 32, Хъыб., 1993). ЦІыхухэм я нэхъыбэр здэкІуэм узэрымыкІуам щхьэкІэ уэ щытхъу пхуэфащэщ. Абы ипІэкІэ уэ пэжыр къэплъыхъуащ. Уэ Алыхьым и псалъэр куууэ бджыну мурад пщІащ ар къызэрытщыгугъымрэ Хьисэ зыхуригъаджэу щытахэмрэ теухуауэ къэпщІэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ уэ къэпщІащ Иеговэ дин нэпцІым дыкъыхэкІыну къызэрытщыгугъыр икІи абы пыщІа хабзэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ къэдгъэнэн зэрыхуейр. ДауикІ, ар зэрымытыншыр уэ уи щхьэкІэ зыхэпщІащ (Мт. 10:34—36). Языныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр уи гъащІэм хэплъхьэн щхьэкІэ уэ къаруушхуэ епхьэлІащ. Ауэ, дапхуэдэу мыхъуами, ар пхузэфІэкІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэм щыІэ ди Адэр уэ фІыуэ уолъагъу икІи ар арэзы пщІыну ухуейщ. А псом Иеговэ хуабжьу егъэгуфІэ! (Прит. 27:11).

ГЪУЭГУ БГЪУЗЭМ ДЫТЕМЫКІЫНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

Благодаря дорожному ограждению автомобиль безопасно движется по узкому горному серпантину. 1. Молодой брат читает Библию. 2. Брат отворачивается, когда на экране смартфона появляется неприличное изображение. 3. Сестра отказывается проводить время с одноклассником. 4. Сестре предлагают буклет об университете.

Алыхьым и унафэхэр «гъуэгу бгъузэм» дытемыкІыну къыддоІэпыкъу (6—8-нэ абзацхэм феплъ.)d

6. «Гъуэгу бгъузэм» дытемыкІыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Псалом 119:9, 10, 45, 133).

6 ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ «гъуэгу бгъузэм» дытемыкІыну сыт къыддэІэпыкъунур? Мыпхуэдэ щапхъэ зэпкърытхынщ. Бгым дэкІ гъуэгу бгъузэм тет машинэм исхэр хъума хъун щхьэкІэ а гъуэгум и бгъур къахухь. Абы и фІыгъэкІэ машинэр щыхупІэм гъунэгъуу бгъэдэхьэкъым. ДауикІ, машинэм исхэм щыщ зыми игу къэкІынукъым «мыр щхьэ мыбдеж ягъэува» жиІэу. Библием ит Иеговэ и хабзэхэр абы ебгъэщхь хъунущ. Ахэр дэ къыддоІэпыкъу «гъуэгу бгъузэм» дыщымыхуу дытетыну. (Къеджэ Псалом 119:9, 10, 45, 133.)

7. «Гъуэгу бгъузэм» теухуауэ щІалэгъуалэм сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэн хуейр? КъыдгурывгъаІуэ.

7 Ди къуэш, ди шыпхъу ныбжьыщІэхэ, Иеговэ и хабзэхэр фи хуитыныгъэм зэран хуэхъу хуэдэу къыщыфщыхъу къэхъурэ? Апхуэдэ еплъыкІэ фиІэну ШейтІаныр хуейщ. Абы «гъуэгушхуэм» ирикІуэ цІыхухэм ялэжь Іуэхухэм урегъэхъуапсэ икІи абыхэм я гъащІэр уэ уи гъащІэм нэхърэ нэхъыфІу щыту къыпщегъэхъу. Уэ къыбдеджэхэмрэ интернетымрэ къигъэсэбэпу абы уи фІэщ ищІыну хэтщ уи щІалэгъуэр мыхьэнэ имыІэу блэкІ хуэдэу. Ар хуейщ Иеговэ и хабзэхэр нэгъэсауэ насыпыфІэу ущытыну зэран къыпхуэхъуу уригъэгупсысынуb. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: «гъуэгушхуэм» ирикІуэ цІыхухэм икІэм къалъысынур ШейтІаным ящебзыщІ. Абы елъытауэ, Иеговэ гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум ирикІуэ цІыхухэм сыт къалъысынуми гурыІуэгъуэу жеІэ (Пс. 37:29; Ис. 35:5, 6; 65:21—23).

8. Олаф и щапхъэм щІалэгъуалэр сытым хуигъэсэфыну?

8 О́лафc зи цІэ ди къуэш ныбжьыщІэм и щапхъэм гу лъыттэнщ. Абы зинэ дащІэн щхьэкІэ къыдеджэ хъыджэбзхэр сыт щыгъуи къыкІэрыхъыжьэт, ауэ Олаф Библием ит Алыхьым и хабзэхэм тету псэуну хуейти, ар яхуидэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ ахэр абы нэхъ Іеижу къеныкъуэкъуу щІадзэт. Ауэ Олаф абы теухуауэ адэкІи теубыдагъэ игъэлъагъуэт. Ар иджыри зы гугъуехьым пэщІэхуащ: «ЕгъэджакІуэхэм щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтыну сыхуагъэушт си гъащІэм ехъулІэныгъэ сиІэн щхьэкІэ». А гъэунэхуапІэхэм пэщІэтыну Олаф сыт къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Сэ зэхуэсым ныбжьэгъухэр къыщызгъуэтащ. Ахэр си унагъуэм хуэдэт. Абы нэмыщІ сэ Библиер сджыуэ щІэздзащ икІи абы нэхъ куууэ седжэху, ар зэрыпэжыр сэ къызгурыІуэт. Абы къыхэкІкІэ сэ псым зыщІэзгъауэу Иеговэ и Щыхьэт сыхъуну мурад сщІащ».

9. «Гъуэгу бгъузэм» дытемыкІын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

9 ШейтІаныр хуейщ гъащІэм дыхуэзышэ гъуэгум дытекІыну. Абы и мурадыр дыкъигъапцІэу цІыху куэдыр «кІуэдыпІэм» хуэзышэ гъуэгум дытригъэувэныращ (Мт. 7:13). Дэ Хьисэ дедаІуэу щытмэ икІи «гъуэгу бгъузэм» шынагъуэ куэдым дызэрыщихъумэр къыдгурыІуэу щытмэ, абы зэи дытекІынукъым. АдэкІэ тщІэн хуейуэ Хьисэ жиІа иджыри зы унафэ зэпкърытхынщ.

«УИ КЪУЭШЫМ ЕКІУЖ»

10. Маттэ 5:23, 24 ит Хьисэ и псалъэхэм тепщІыхьмэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

10 Къеджэ Маттэ 5:23, 24. Журт цІыхухэм фІы дыдэу ящІэ зы Іуэхугъуэм теухуауэ Хьисэ и гугъу ещІ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт: журт лъэпкъым щыщ цІыхухъу гуэрым Иеговэ и Унэшхуэм къурмэныпхъэу псэущхьэ къешэ икІи ар дин пашэм иритыну и зэманыр къос. Ауэ абдежым абы игу къокІыж и къуэшым гукъеуэ гуэр къызэрыхуиІэр. Иджы абы и къурмэныпхъэр къигъанэу мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ гуэр ищІэн хуейщ. Ауэ Иеговэ тыгъэ къыхуэпхьыным нэхърэ нэхъ Іуэхугъуэшхуэ щыІэу пІэрэ? Хьисэ абы теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «ЯпэщІыкІэ кІуэи, уи къуэшым екІуж».

Зыгуэрым зыкъыфхуигъэгусауэ щытмэ, Екъуб хуэдэу, Іэдэбагъ фхэлъу абы фекІужын щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр фхуэчыну? (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)e

11. Эсау екІужын щхьэкІэ Екъуб сыт ищІар?

11 НэгъуэщІхэм дазэрекІужыным теухуауэ Екъуб и гъащІэм къыщыхъуа зы Іуэхугъуэм куэдым дыхуригъэсэфынущ. Ар хамэ къэралым илъэс тІощІкІэ щыІауэ Алыхьым мелыІыч къигъэсэбэпу и щІыналъэм игъэзэжыну абы унафэ хуищІащ (ЩІэдз. 31:11, 13, 38). Ауэ а унафэр игъэзэщІэну абы и дежкІэ тынштэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ япэм щыгъуэ абы и къуэш Эсау ар иукІыну хэтащ (ЩІэдз. 27:41). Ахэр куэд мыщІэу зэрызэхуэзэнур къыщищІам щыгъуэ Екъуб «икъукІэ къэшынащ» икІи «къэгузэващ», сыту жыпІэмэ абы и гугъэт Эсау иджыри къэс гужьгъэжь къыхуиІэу (ЩІэдз. 32:7). Сыт-тІэ Екъуб ищІар и къуэшым екІужын щхьэкІэ? ЯпэщІыкІэ абы а Іуэхум теухуауэ лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъэзащ. ИужькІэ Екъуб и гум къыбгъэдэкІыу тыгъэшхуэ Эсау хуищІащ (ЩІэдз. 32:9—15). ИкІэм-икІэжым ахэр щызэхуэзам щыгъуэ Екъуб Эсау пщІэшхуэ къыхуищІащ. Абы и къуэшым щыбгъэдыхьэм щІыгум нэсу блэнейрэ щхьэщэ хуищІащ! Апхуэдэу Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуам икІи и къуэшым пщІэшхуэ зэрыхуищІам и фІыгъэкІэ Екъуб Эсау екІужыфащ (ЩІэдз. 33:3, 4).

12. Екъуб и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

12 Екъуб и къуэшым хуэзэн ипэ зэрызигъэхьэзырам икІи абы хуэза нэужь и къуэшым зэрыхущытам дэ дерс зыбжанэ хэтхыфынущ. Япэрауэ, Екъуб Иеговэ къыдэІэпыкъуну Іэдэбу елъэІуащ. Абы иужь Екъуб Эсау тыгъэшхуэхэр зэрыхуищІамкІэ и лъэІум зэрытетыр къигъэлъэгъуащ. Ахэр щызэхуэзам щыгъуи Екъуб абы едэуакъым икІи хэт захуэми, хэт къуаншэми зэхигъэкІыну хэтакъым. Абы и мураду щытар и къуэшым екІужынырат. Дауэ Екъуб щапхъэ зэрытетхыфынур?

ДАПХУЭДЭУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЗЭРЕКІУЖЫФЫНУР?

13, 14. Ди къуэшым е ди шыпхъум и жагъуэ тщІауэ щытмэ, сыт тщІэн хуейр?

13 ГъащІэм ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІын щхьэкІэ а гъуэгум ди гъусэу ирикІуэхэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Рим 12:18). Ауэ къуэш е шыпхъу гуэрым и жагъуэ тщІауэ щытмэ-щэ? Япэрауэ, зи жагъуэ тщІам декІужыфын щхьэкІэ, Екъуб хуэдэу, ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІун хуейщ.

14 Абы нэмыщІ ди гум илъыр сытми зэхэдгъэкІын щхьэкІэ зэман къыдэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Сэри сызэрыкъуаншэр схужыІэну? Къуэшым е шыпхъум секІужын щхьэкІэ Іэдэбагъ схэлъу «къысхуэгъэгъу» жесІэфыну пІэрэ? Иеговэрэ Хьисэрэ сыт я гум щыщІэнур, апхуэдэу япэ лъэбакъуэр счыуэ щытмэ?» Мы упщІэхэм я жэуапхэр дэ къыддэІэпыкъунущ Хьисэ дедэІуэну икІи мамырыгъэр зэтедгъэувэжыну. А лъэныкъуэмкІи Екъуб щапхъэфІ къытхуигъэнащ.

15. Ефес 4:2, 3 ит принципыр къуэшым е шыпхъум декІужыну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?

15 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Екъуб Эсау едауэу икІи хэт захуэми, хэт къуаншэми зэхигъэкІыу. ДауикІ, а Іуэхум фІы лъэпкъ къыпэкІуэнутэкъым. Абы къыхэкІкІэ ди къуэшым е ди шыпхъум декІужыну дыщыхэтым деж дэ Іэдэбу дыщытын хуейщ. (Къеджэ Ефес 4:2, 3.) Притчи 18:19 мыпхуэдэу щыжыІащ: «Гукъеуэ къыпхузиІэ къуэшым и гур ещхьщ быдапІэ къэщІыхьам: дыхьэпІэ иІэкъым абы — уещІыр зэпэІэщІэ зэныкъуэкъум» (Гъэсэпэтхыдэхэр). Ди къуэшым е ди шыпхъум Іэдэбу «къысхуэгъэгъу» жетІэу щытмэ, а «быдапІэм» ІункІыбзэ къыхуэдгъуэту жыпІэ хъунущ.

16. Сыт дэ дызэгупсысын хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

16 Къуэшым е шыпхъум уекІужын ипэ, абы жепІэнумрэ ар зэрыжыпІэну щІыкІэмрэ фІыуэ уегупсысын хуейщ. Абы иужькІэщ зи жагъуэ зыщІам ущепсэлъэн хуейр. Апхуэдэм деж ди мурад нэхъыщхьэу щытын хуейр зи жагъуэ тщІам и гум телъ гурыщІэ хьэлъэхэр тетхыныращ. Дэ абы къыджиІэнур дигу иримыхьынкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж укъэгубжьыну е уи щхьэр бгъэзэхуэжыну нэхъ тыншщ. Ауэ мамырыгъэр зэтедгъэувэжыну ар къыддэІэпыкъуну? Зыщыдгъэгъупщэнкъым: къуаншэр къэбгъуэтыным нэхърэ къуэшым е шыпхъум уекІужыным куэдкІэ нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэщ (1 Кор. 6:7).

17. Жильбер и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

17 Жильбе́р зи цІэ ди къуэшым мамырыгъэр ихъумэну хущІокъу. Ар къыддогуашэ: «Си пхъумрэ сэрэ ди зэхущытыкІэр зэІыхьауэ щытт. Ар зэтезухуэжын щхьэкІэ, илъэситІым щІигъукІэ сыкъэмыгубжьу сепсэлъэну сыхущІэкъуащ». Сыт иджыри Жильбер ищІар? «Си пхъум сепсэлъэн ипэ сэ сыт щыгъуи Алыхьым лъэІукІэ зыхуэзгъазэт икІи абы си жагъуэ хъун гуэр къызэрызжиІэнум зыхуэзгъэхьэзырт. Абы и псалъэхэр си гум езмыгъэжалІэу зезгъэсэн хуейт. Сэ къызгурыІуащ сызэрызахуэм тезгъэчыныхьын зэрыхуэмейр икІи си унагъуэм мамырыгъэр зэтезгъэувэжыну си къалэну зэрыщытыр». Сыт абы къыпэкІуар? Жильбер къыддогуашэ: «Иджыпсту си гур псэхужащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си унагъуэм щыщхэмрэ сэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ».

18, 19. Зыгуэрым и жагъуэ тщІауэ щытмэ, сыт дэ тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

18 Иджы, мы статьяр зэпкърытха иужь, зыгуэрым и жагъуэ фщІауэ гу лъыфтэмэ, сыт фэ фщІэнур? «Уи къуэшым екІуж» жыхуиІэ Хьисэ и унафэм быдэу фытет. Абы теухуауэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи шэч къытевмыхьэ мамырыгъэм фыхущІэкъуну абы и къару лъапІэр къызэрывдэІэпыкъуным. Апхуэдэу фщІэмэ, фэ насыпыфІэу фыщытынущ икІи Хьисэ жиІэм фызэредаІуэр къэвгъэлъэгъуэнущ (Мт. 5:9).

19 Лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ «зэхуэсым и щхьэу» щыт Хьисэ Мэссихь къигъэсэбэпу Иеговэ унафэ къызэрыдитым щхьэкІэ дэ фІыщІэ худощІ (Еф. 5:23). Хьисэ къыджиІэм сыт щыгъуи девгъэдаІуэ, апостол Петр, Екъуб, Иуан сымэ зэращІу щытам хуэдэу (Мт. 17:5). Мы статьям дигу къигъэкІыжащ, зыгуэрым и жагъуэ тщІауэ щытмэ, абы декІужыну къалэн дызэриІэр. Ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэр дэдгъэлъмэ икІи гъащІэм ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІыу щытмэ, дэ иджыпстуи игъащІэкІи насыпыфІэу дыщытынущ!

СЫТ ФЭ КЪЭФЩІАР?

  • Хьисэ дыщІедэІуэн икІи «гъуэгу бгъузэм» дыщІытемыкІын хуейр сыт?

  • Зыкъытхуэзыгъэгусам декІужыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • Хьисэ дызэредаІуэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?

130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

a Хьисэ жиІащ куэбжэ зэвым дыдэкІыу, гъащІэм ухуэзышэ гъуэгу бгъузэм дытету дыкІуэн зэрыхуейр. Абы нэмыщІ Хьисэ дыхуигъэушащ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъын щхьэкІэ къару етхьэлІэну. Дэ абы и чэнджэщхэм дытетыну дыхущІокъу, ауэ ар пщІэну щымытынши къохъу. А Іуэхухэм теухуауэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфыну икІи абыхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?

b «НыбжьыщІэхэм къалъыхъуэ жэуапипщІ» жыхуиІэ брошюрэм ит еханэ урокым феплъ. Абы и цІэщ «Сыт сщІэ хъуныр, Іей гуэр сагъэщІэну хэтмэ?», абы нэмыщІ «Противостой давлению сверстников!» жыхуиІэ анимационнэ роликым www.jw.org сайтым фыщеплъ (БИБЛЕЙСКИЕ УЧЕНИЯ > ПОДРОСТКИ).

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

d СУРЭТЫР. Алыхьым и унафэхэр гъуэгубгъу къэхухьам ебгъэщхь хъунущ. «Гъуэгу бгъузэм» дытемыкІыну икІи щыхупІэм демыхуэхыну ахэр къыддоІэпыкъу. Абыхэм я фІыгъэкІэ дэ гъэунэхуапІэ куэдым дыпэщІэтыфынущ, псалъэм папщІэ, порнографие еплъыным, зинэ щІэным икІи щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтыныр ди гъащІэм япэу идгъэщыным.

e СУРЭТЫР. Екъуб и къуэш Эсау екІужын щхьэкІэ мызэ-мытІэу щхьэщэ хуищІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын