ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Декабрь н. 28—30
  • ЛэжьэгъуфІу ущыту пІэрэ уэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЛэжьэгъуфІу ущыту пІэрэ уэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЯПЭ ПРИНЦИПЫР: НЭГЪУЭЩІХЭМ ПЩІЭ ХУЭЩІ
  • ЕТІУАНЭ ПРИНЦИПЫР: УИ «ГУЩАБАГЪЭР ЦІЫХУ ПСОМИ НАХУЭ ЯХУРЕХЪУ»
  • ЕЩАНЭ ПРИНЦИПЫР: ХЬЭЛЭЛАГЪ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ ИКІИ ФЫГУЭШЭНУ ХЬЭЗЫРУ ФЫЩЫТ
  • УЭ ЛЭЖЬЭГЪУФІУ УЩЫТЫФЫНУЩ
  • НэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ гущІэгъу зыхэвгъэлъ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Иеговэ щапхъэ тефхыу зэхэщІыкІ вгъэлъагъуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Декабрь н. 28—30

ЛэжьэгъуфІу ущыту пІэрэ уэ?

ПРИТЧИ 8:30 Хьисэ теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Сэ абы дэІэпыкъуэгъу ІэкІуэлъакІуэу сригъусащ... Сыт щыгъуи гуфІэгъуэшхуэ абы и пащхьэм сыщиІащ». Мы едзыгъуэр топсэлъыхь Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ илъэс куэдкІэ и Адэм зэрыдэлэжьам. Абы щыгъуэ Хьисэ «сыт щыгъуи гуфІэгъуэшхуэ» зыхищІэт.

Иегова и Иисус вместе создают небеса и землю.

Хьисэ уафэм щызыхилъхьа хьэл-щэныфІхэм и фІыгъэкІэ ар щІылъэм къыщыкІуам щыгъуэ лэжьэгъуфІу щытащ. Хьисэ и щапхъэм деплъынщ икІи лэжьэгъу тэмэм дыхъуну къыддэІэпыкъуну принципищ зэпкърытхынщ. А принципхэр къызэрыдгъэсэбэпым и фІыгъэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр я фІэфІу къыддэлэжьэнущ.

Иисус посылает двух учеников проповедовать.

Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу, уи щІэныгъэмкІэ икІи уи ІущагъымкІэ узыдэлажьэхэм дэгуашэ

ЯПЭ ПРИНЦИПЫР: НЭГЪУЭЩІХЭМ ПЩІЭ ХУЭЩІ

ЛэжьэгъуфІым Іэдэбагъ хэлъщ. Абы къыдэлажьэхэр лъапІэу елъытэ икІи зыкъыхигъэщыну е пщІэ лей зыхуригъэщІыну хэткъым. Хьисэ и Адэм щыдэлэжьам щыгъуэ а хьэл-щэныфІым абы и деж зыщригъэсащ. Пэжщ, КъэгъэщІакІуэкІэ уеджэну Иеговэ фІэкІа зыми хуэфащэкъым. Ауэ абы Дунеишхуэр къыщигъэщІым щыгъуэ и Къуэм а лэжьыгъэм хилъхьар псоми къащІэну хуейти, мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «КъэдгъэщІынщ цІыхур... Дэ тхуэдэу» (ЩІэдз. 1:26). ДауикІ, Хьисэ гуфІэгъуэ зыхищІауэ къыщІэкІынущ Иеговэ Іэдэбагъ хэлъу ар и лэжьэгъуу къызэрилъытам щхьэкІэ (Пс. 18:35).

Старейшина обучает молодого брата.

Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ Іэдэбагъ игъэлъагъуэу щытащ. Абы щІыхь къыщыхуахьым щыгъуэ ар Иеговэ фІэкІа зыми зэрыхуэмыфащэр абы жиІэт (Мк. 10:17, 18; Ин. 7:15, 16). Хьисэ къару ирихьэлІэт абырэ и гъэсэнхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ. Ар абыхэм пщылІхэм хуэдэутэкъым, атІэ ныбжьэгъухэм хуэдэут зэрахущытыр (Ин. 15:15). Уеблэмэ, зэгуэр абы и гъэсэнхэм я лъакъуэхэр яхуитхьэщІауэ щытащ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ Хьисэ Іэдэбу узэрыщытын хуейм теухуауэ щапхъэфІ игъэлъэгъуащ (Ин. 13:5, 12—14). Дауэ Хьисэ щапхъэ зырытетхыфынур? Дэ ди гъусэу лажьэхэр лъапІэу тлъытэн хуейщ икІи ди щхьэр япэ идгъэщын хуейкъым. Апхуэдэу пщІэ зыхуэтщІу щытмэ икІи хэт щытхъур хуэфащэми зэхэдгъэкІыну дыхэмытмэ, лэжьыгъэр нэхъ кІуэтэнущ (Рим 12:10).

Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхум къыгуроІуэ «чэнджэщэгъу зи куэдым ехъулІэныгъэ» зэриІэнур (Прит. 15:22). Ди щІэныгъэмрэ ди зэфІэкІхэмрэ емылъытауэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ псори зыщІэ цІыху зэрыщымыІэр къыдгурыІуэным. Уеблэмэ, езы Хьиси имыщІэ гуэр щыІащ (Мт. 24:36). Абы нэмыщІ, гу лъытапхъэщ, Хьисэ гуэныхь зыхэлъ и гъэсэнхэм я еплъыкІэр къыфІэІуэхуу зэрыщытар (Мт. 16:13—16). Аращи, гъэщІэгъуэнкъым, Хьисэ дэлэжьахэм а Іуэхум гуфІэгъуэшхуэ къахуихьу зэрыщытар. Дэри къыдгурыІуэн хуейщ ди щІэныгъэхэм гъунэ зэриІэр икІи нэгъуэщІхэм Іэмал еттын зэрыхуейр я еплъыкІэмкІэ къыддэгуэшэну е лэжьыгъэмкІэ къыддэІэпыкъуну. Апхуэдэу тщІэмэ, абыхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ икІи «ехъулІэныгъэ диІэнущ».

Хьисэ игъэлъэгъуа Іэдэбагъым псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм щапхъэ трахыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абыхэм упщІэ гуэр щызэпкърахым деж зыщагъэгъупщэ хъунукъым Іуэхум и хэкІыпІэр къагъуэтын щхьэкІэ Иеговэ и къару лъапІэмкІэ дэтхэнэ зыри къызэригъэсэбэпыфынур. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щызэІущІэм деж гуапагъэ я зэхуаку дэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, дэтхэнэ зыми и еплъыкІэр хуиту жиІэфын щхьэкІэ. Абы щыгъуэ абыхэм къащтэ унафэхэм зэхуэс псом сэбэпынагъ къахуихьынущ.

ЕТІУАНЭ ПРИНЦИПЫР: УИ «ГУЩАБАГЪЭР ЦІЫХУ ПСОМИ НАХУЭ ЯХУРЕХЪУ»

ЛэжьэгъуфІыр щабэу щытщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, абы адрейхэм задригъэкІуну икІи дичыхыну хьэзырщ. Иеговэ а хьэл-щэныр сыт щыгъуи егъэлъагъуэ. Абы щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд Хьисэ илъэгъуащ. Псалъэм папщІэ, захуагъэм къыхэкІкІэ цІыхубэм лІэныгъэрат къэдлэжьыр, ауэ Иеговэ абы дыкъыІэщІихын щхьэкІэ и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ (Ин. 3:16).

Хьиси щабагъэ игъэлъагъуэу щытащ, ар Іуэхум къыщезэгъым деж. Псалъэм папщІэ, ар «Израил цІыхуу мэл щхьэрыуахэм я закъуэщ» къыщІэкІуауэ щытар, ауэ, абы щхьэкІэ къэмынэу, Финикие хэкум щыщ цІыхубзым дэІэпыкъуащ (Мт. 15:22—28). А хьэл-щэным и фІыгъэкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхузэфІэмыкІын хуигъэувтэкъым. Уеблэмэ, Хьисэ и ныбжьэгъу Петр къыщепцІыжам щыгъуэ абы хуигъэгъуащ икІи иужькІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр хуигъэфэщащ (Лк. 22:32; Ин. 21:17; Апост. 2:14; 8:14—17; 10:44, 45). Хьисэ и гъащІэр Филиппи 4:5 ит псалъэхэм дызэрытетыным и щапхъэфІщ: «Фи гущабагъэр цІыху псоми нахуэ яхурехъу».

Одна сестра объясняет другой, как изолировать трубы.

Дэ иджыри гущабагъэр къыддэІэпыкъунущ ди лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ сыт хуэдэ цІыхуми зыдедгъэкІуну. Хьисэ апхуэдизу тыншу цІыхухэм бгъэдыхьэкІэ къахуигъуэтти, и бийхэм ар «хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщІэхэмрэ я ныбжьэгъущ» жаІэу ягъэкъуаншэт (Мт. 11:19). Дэри, Хьисэ хуэдэу, къуэш, шыпхъухэм дадэлэжьэфыну пІэрэ? Абы теухуауэ Луи́с зи цІэ ди къуэшыр и еплъыкІэмкІэ къыддогуашэ. Ар районнэ лэжьыгъэм икІи Вефилым къуэш, шыпхъу зэмылІэужьыгъуэхэм дэлэжьащ. Абы жеІэ: «Къуэш, шыпхъухэм сащыдэлажьэм деж абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри инагъкІэ зэхуэмыдэ мывэхэм изогъэщхь. А мывэхэр зэрызэмыщхьым емылъытауэ, ахэр къэбгъэсэбэпу блын захуэ пхузэтелъхьэнущ икІи абыхэм я теплъэр схъуэжыну мурад сиІэкъым, атІэ ахэр нэхъ зэрызэхуэкІуэм хуэдэу зытеслъхьэныращ си къалэныр. Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэр тыншу къыздэлэжьэфын икІи лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ сэ езыр сызэлэжьыжын хуейщ». А псалъэхэр сыту пэж!

ЛэжьэгъуфІым езым и увыпІэр ихъумэн щхьэкІэ нэгъуэщІхэм зыхуэныкъуэ щІэныгъэр ящибзыщІынукъым

Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж дэ иджыри гущабагъэ щыдгъэлъэгъуэн хуейр? Псалъэм папщІэ, ди гуп цІыкІум и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым деж. Дэ нэхърэ нэхъыжьхэми нэхъыщІэхэми, унагъуэ зиІэхэми зимыІэхэми я гъусэу хъыбарыфІыр догъэІу. А лэжьыгъэм къахуихь гуфІэгъуэр хэдгъэхъуэн щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм нэхъыбэу дадэлэжьэфын хуэдэу ди Іуэхухэр тедухуэфыну пІэрэ?

ЕЩАНЭ ПРИНЦИПЫР: ХЬЭЛЭЛАГЪ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ ИКІИ ФЫГУЭШЭНУ ХЬЭЗЫРУ ФЫЩЫТ

ЛэжьэгъуфІыр адрейхэм ядэгуэшэну хьэзырщ (1 Тим. 6:18). Хьисэ и Адэм и гъусэу уафэм щыщыІам щыгъуэ гу лъитэу къыщІэкІынт Иеговэ абы зыри зэрыщимыбзыщІым. «Уафэгухэр Тхьэм къыщигъэувым» щыгъуэ Хьисэ Иеговэ и гъусащ икІи абы и деж куэдым зыщригъэсэну Іэмал иІащ (Прит. 8:27, Гъэсэпэтхыдэхэр). ИужькІэ езы Хьиси и фІэфІу и «Адэм жиІэу зэхихамкІэ» и гъэсэнхэм ядэгуашэт (Ин. 15:15). Дэри, Иеговэ щапхъэ тетхыу, ди щІэныгъэмкІэ икІи ди ІущагъымкІэ къуэш, шыпхъухэм дадэгуашэ хъунущ. Иныкъуэхэм деж цІыхум нэгъуэщІхэм зыхуэныкъуэ щІэныгъэр ящебзыщІ езым и увыпІэр ихъумэн щхьэкІэ. ДауикІ, лэжьэгъуфІым апхуэдэу ищІэнукъым, атІэ абы и фІэфІу и щІэныгъэмкІэ адрейхэм дэгуэшэнущ.

Старейшина слушает, как брат репетирует речь. При этом у старейшины в руках открытая брошюра «Развивай навыки».

Абы нэмыщІ лэжьэгъуфІыр щытхъу псалъэхэм щысхькъым. Іуэхум етхьэлІэ къарур зыгуэрым щилъагъум икІи абы щхьэкІэ къыщытщытхъум деж дэ ар ди гуапэ мэхъу. Хьисэ абы дэлажьэхэм я зэфІэкІхэм щхьэкІэ ящытхъут. (Евгъапщэ Маттэ 25:19—23; Лука 10:17—20.) Зэгуэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы «нэхърэ нэхъ Іуэхушхуэжхэри» зэралэжьынур яжриІат (Ин. 14:12). Ар лІэн ипэ пэжу къыхущыта апостолхэм мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ захуигъэзащ: «Гугъуехь сшэчу щыщытам си гъусар фэращ» (Лк. 22:28). А псалъэхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я гур хигъэхъуауэ икІи къару къаритауэ къыщэкІынущ. Сыту щапхъэфІ ар! НэгъуэщІхэм псалъэ гуапэхэр яжетІэну дыщымысхьмэ икІи абыхэм дащытхъумэ, дызыдэлажьэхэм дамэ къатекІэнущ икІи лэжьыгъэм къару нэхъыбэ ирахьэлІэнущ.

УЭ ЛЭЖЬЭГЪУФІУ УЩЫТЫФЫНУЩ

Кайо́де зи цІэ ди къуэшым гу лъитащ: «НэгъуэщІхэм я фІэфІу къыбдэлэжьэн щхьэкІэ цІыху дагъуэншэу ущытын хуейкъым, атІэ адрейхэм лэжьыгъэр къатемыхьэлъэн щхьэкІэ гурыщІэфІхэмкІэ уадэгуэшэн хуейуэ аращ». Уэ ар пхузэфІэкІыу пІэрэ? А упщІэм и жэуапыр къэпщІэну ухуеймэ, къыбдэлажьэ къуэш, шыпхъухэм абы теухуауэ уеупщІ хъунущ. ДауикІ, дэ дыхуейщ Хьисэ и гъэсэнхэм яІа гурыщІэхэм хуэдэ къыддэлажьэ цІыхухэми яІэну. Абы щыгъуэ, апостол Паул зэрыжиІам хуэдэу, нэгъуэщІхэр къызэрыддэлажьэм гуфІэгъуэ хахынущ (2 Кор. 1:24).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын