46 СТАТЬЯР
Фымышынэ! Иеговэ фэ къывдэІэпыкъунущ
«ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым» (ЕВР. 13:5).
55-НЭ УЭРЭДЫР Бийхэм фащымышынэ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Псалом 118:5—7 зэритымкІэ, сыт дэ къыддэІэпыкъунур закъуэныгъэ зыхэтщІэмэ е Іуэхугъуэ гугъу гуэрым хэкІыпІэ имыІэу къытщыхъумэ?
ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ къыфхуэхъун зыри щымыІэу къыщыфщыхъуа къэхъуауэ пІэрэ? Апхуэдэу куэдым къащыщІащ, Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэри абыхэм яхэту (1 Цар. 19:14). Фэри апхуэдэ гуэр къыфщыщІмэ, Иеговэ фыкъызэригъэгугъар фи гум ивгъэлъ: «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым». Абы къыхэкІкІэ шэч къытевмыхьэу мыпхуэдэу жыфІэ хъунущ: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым» (Евр. 13:5, 6). Мы псалъэхэр апостол Паул Иудей хэкум ис къуэш, шыпхъухэм ди эрэм 61-нэ гъэм ирихьэлІэу яхуитхат, а псалъэхэмрэ Псалом 118 зытхам иІа гурыщІэхэмрэ зэтохуэ. (Къеджэ Псалом 118:5—7b.)
2. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур икІи сыт щхьэкІэ?
2 Псаломыр зытхам хуэдэу Паул ищІэт икІи езым игъэунэхуат Иеговэ абы и ДэІэпыкъуэгъуу зэрыщытыр. Псалъэм папщІэ, Паул журтхэм письмо яхуитхын ипэ илъэситІ иІэжу кхъухьым ису борэнышхуэ хэхуат (Апост. 27:4, 15, 20). А гъуэгуанэм Паул щытетами, абы ипэ къихуэ илъэсхэми Иеговэ Паул дэІэпыкъуащ Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэмкІэ. Псалъэм папщІэ, абы къигъэсэбэпащ: 1) Хьисэрэ мелыІычхэмрэ; 2) тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэр; 3) къуэш, шыпхъухэр. Паул и гъащІэм къыщыхъуахэм дегупсысмэ, Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІу дыхъунущ. КъыддэІэпыкъуну абы дыщелъэІум деж жэуап къыдитыну дыкъегъэгугъэ.
ХЬИСЭРЭ МЕЛЫІЫЧХЭМРЭ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУР
3. Паул сытыт зэгупсысауэ щытынкІэ хъунур икІи сыт щхьэкІэ?
3 Паул дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэт. Хуэгъэфэщауэ ди эрэм 56-нэ гъэм ар Ерусалим дэт Алыхьым и Унэшхуэм щыкІуам гупышхуэм яубыдауэ щытащ. А цІыху гупым Паул Алыхьым и Унэшхуэм къыщІалъэфри яукІыну хэтащ. ЕтІуанэ махуэм Паул Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирагъэуващ икІи абы и жагъуэгъухэм ар зэпкъратхъыну хьэзырт (Апост. 21:30—32; 22:30; 23:6—10). А дакъикъэм Паул егупсысауэ къыщІэкІынщ: «Дапхуэдиз сэ иджыри схуэшэчынур?»
4. Иеговэ Хьисэ къигъэсэбэпу дапхуэдэу Паул зэрыдэІэпыкъуар?
4 Ахэр Паул дапхуэдэу дэІэпыкъуа? Паул яубыда иужь, жэщым Хьисэ абы бгъэдэувэри жриІащ: «Умыдзыхэ. Ерусалим щыхьэт укъызэрыщысхуэхъуам хуэдэу, Рим къалэшхуэми щыхьэт укъыщысхуэхъун хуейщ» (Апост. 23:11). Хьисэ а псалъэхэр сыту игъуэу жиІа! Ар Паул щытхъуащ Ерусалим жыджэру хъыбарыфІыр зэрыщигъэІуам щхьэкІэ, иджыри къигъэгугъащ Паул Рим къалэм зэрынэсынумкІэ икІи хъыбарыфІыр абы зэрыщигъэІунумкІэ. Паул а псалъэхэр зэхиха иужь гупсэхугъуэ игъуэтауэ къыщІэкІынщ, сабийр адэм щиІыгъым деж зы щхьэкІи зэрымышынэм хуэдэу.
Паул зэрыс кхъухьыр борэнышхуэ хэхуауэ, мелыІычым абы къыжреІэ кхъухьым къыдис псори къызэрелынур. (5-нэ абзацым феплъ.)
5. Иеговэ мелыІычыр къигъэсэбэпу дапхуэдэу Паул зэрыдэІэпыкъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
5 Паул иджыри сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэхуа? Ерусалим къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм иужь илъэситІ хуэдиз дэкІри Паул Италием ягъэкІуат. Ар зэрыса кхъухьыр борэнышхуэм хэхуат икІи абы и гъусэу а кхъухьым исхэри къелыну щыгугъыжтэкъым, ауэ Паул зы щхьэкІи гузавэтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Абы кхъухьым исхэм яжриІащ: «Тхьэуэ зи бынхэм сащыщу сызыхуэлажьэм и мелыІычыр ныжэбэ къысхуэхутэри, къызжиІащ: „Умышынэ, Паул! Кесарым и пащхьэм уиувэн хуейщ. Кхъухьым къыбдис псори, Тхьэм и нэфІ уи хьэтыркІэ къащыхуэнурэ, мыкІуэду къелынущ“». ИлъэситІкІэ узэІэбэкІыжмэ, Иеговэ Хьисэ къызэригъэсэбэпам хуэдэу мелыІычыр къигъэсэбэпри Паул жриІащ ар Римым зэрынэсынур икІи апхуэдэу къэхъуащ (Апост. 27:20—25; 28:16).
6. Хьисэ дыкъызэригъэгугъа сыт хуэдэ псалъэхэм къару къытхалъхьэфыну? КъыдгурывгъаІуэ.
6 Ахэр дэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? Хьисэ Паул дэІэпыкъуащ, дэри ар къыддэІэпыкъунущ. Абы и лъэужь ирикІуэхэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къигъэгугъащ: «Дунейм и кІэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ» (Мт. 28:20). Мы псалъэхэм дэ къару къытхалъхьэ. Дэ гъащІэм гугъуехь куэдым дыщрохьэлІэ. Псалъэм папщІэ, фІыуэ тлъагъу цІыху гуэр щылІэм деж абы гуауэшхуэ къытхуехь икІи илъэс бжыгъэкІэ абы ди гур хигъэщІынкІэ хъунущ. Жьыгъэр къыщысым деж махуэ гугъухэри къокІуэ, языныкъуэхэми я лъэр щІэхуауэ щытщ. Ауэ дэ псоми дыпэлъэщыну тхузэфІэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ «сыт щыгъуи» Хьисэ ди гъусэщ, уеблэмэ, ди Іуэхур щынэхъ гугъу дыдэм дежи (Мт. 11:28—30).
ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж мелыІычхэр къыддоІэпыкъу (7-нэ абзацым феплъ.)
7. Апокалипсис 14:6 зэритымкІэ, Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
7 Иеговэ мелыІычхэр къигъэсэбэпу къызэрыддэІэпыкъур и Псалъэм ди фІэщ ещІ (Евр. 1:7, 14). Псалъэм папщІэ, мелыІычхэр къыддоІэпыкъу Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарымкІэ цІыху псоми дащыдэгуашэм деж — «лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми» (къеджэ Апокалипсис 14:6; Мт. 24:13, 14).
ТЕПЩЭНЫГЪЭ ЗИІЭ ЦІЫХУХЭР ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУР
8. Иеговэ тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэр къигъэсэбэпу Паул дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
8 Ахэр Паул дапхуэдэу дэІэпыкъуа? ИпэкІэ зэрыжытІащи, ди эрэм 56-нэ гъэм Хьисэ Паул къигъэгугъат ар Рим къалэм нэсыну, ауэ Ерусалим дэс языныкъуэ иудейхэм мурад ящІат Паул теуэу яукІыну. Ар Римым и дзэ пашэ Клаудий Лисий къыщищІам Паул дэІэпыкъуащ. Клаудий занщІэу щэ бжыгъэ хъу зауэлІхэр Паул гъусэ хуищІри, Ерусалим икІыу Кесарие къалэм иригъэшащ. Абыхэм Ерусалим къыщыщІэдзауэ Кесарием нэс километр 105 хуэдиз якІун хуейт. Ахэр Кесарием нэса иужь Іэтащхьэ Феликс «унафэ ищІащ Ирод пащтыхьым преториекІэ еджэу иухуэгъа унэшхуэм зауэлІхэм Паул щахъумэну». Абы и фІыгъэкІэ Паул зыукІыну хуеяхэр зэран къыхуэхъуфынутэкъым (Апост. 23:12—35).
9. Іэтащхьэ Фест Паул дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
9 ИлъэситІ дэкІа иужьи Паул къаутІыпщыжатэкъым, ди эрэм 58-нэ гъэм ар Кесарие дэт лъэхъуэщым иджыри ист. Феликс ипІэкІэ Фест Іэтащхьэу ягъэуват. Иудейхэр абы елъэІут Паул Ерусалим ягъэкІуэну абы хьэкум щытращІыхьын щхьэкІэ, ауэ ар Фест идакъым. Абы ищІэу къыщІэкІынт «гъуэгу здытетым... [Паул] щэхуу яукІыну» иудейхэм мурад зэращІар (Апост. 24:27—25:5).
10. Паул и хьэкумыр кесарым ищІыну щелъэІуам щыгъуэ Фест сыт хуэдэ унафэ къищтар?
10 Паул Кесарие къалэм и хьэкум щІыпІэм яшат. «Журтхэм фІы гуэр яхуищІэну хуейти, Фест Паул къеупщІащ: „Мы ІуэхумкІэ хьэкум птесщІыхьын щхьэкІэ, Ерусалим укІуэну ухуей?“» Паул ищІэт Ерусалим кІуэмэ зэраукІынкІэ хъунур. Абы нэмыщІ Паул ищІэт и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ ищІэн хуейр — ар Рим къалэм кІуэуэ абы хъыбарыфІыр щигъэІун хуейт. Абы Фест жриІащ: «„Кесарым си хьэкумыр ирырещІэ!“ И дэІэпыкъуэгъухэм епсэлъа нэужь, Фест жиІащ: „Кесарым си хьэкумыр ирырещІэ“, жыпІэу къызэрыжыпІам щхьэкІэ Кесарым деж уезгъэшэнущ». Фест унафэ къищтам Паул и гъащІэр къригъэлащ. Куэд мыщІэу Паул Рим ягъэкІуащ икІи ар зыукІыну хуея и жагъуэгъухэм пэІэщІэ хуэхъуащ (Апост. 25:6—12).
11. Исаия тхылъым ит сыт хуэдэ псалъэхэр Паул игу къэкІыжауэ къыщІэкІыну?
11 Паул Италием ягъэкІуэну щежьэм бегъымбар Ешайа Иеговэ и жагъуэгъухэм хуэгъэзауэ Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтха псалъэхэр игу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ: «Сыт хуэдэ мурад фщІыми, ар къутэжынущ. Дэтхэнэ псалъэ жыфІэри къэхъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьыр дэ ди гъусэщ!» (Ис. 8:10). Паул Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунур ищІэт икІи къыпэщылъ гугъуехьхэм пэлъэщыну абы къару къриту къыщІэкІынт.
Япэми хуэдэу, Иеговэ ноби тепщэныгъэ зиІэхэр хуигъэушыфынущ и лэжьакІуэхэм къыщхьэщыжыну (12-нэ абзацым феплъ.)
12. Иулий дапхуэдэу Паул зэрыхущытар икІи абы къыхэкІкІэ сыт апостолыр зэгупсысауэ къыщІэкІынур?
12 Паул Италием ягъэкІуэну гъуэгу трагъэуват Римым и дзэ пашэ Иулий къихъумэну и ІэмыщІэ ІэщІалъхьэри. А дакъикъэм къыщыщІэдзауэ Иулий Паул и гъащІэр гугъу ищІыфынут е абы и нэфІ щыхуэу фІыуэ хущытыфынут. Сыт дзэ пашэм ищІар? КъыкІэлъыкІуэ махуэм Римым кІуэ кхъухьыр етІуанэу къыщыувыІам щыгъуэ «Иулий и нэфІыр Паул щыхуэри, Паул и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкІэ, абыхэм я деж кІуэну ар хуит ищІащ». Уеблэмэ, иужькІэ абы Паул и гъащІэр къригъэлащ. Дапхуэдэу ар къызэрыхъуар? Кхъухьыр борэнышхуэм щыхэхуам щыгъуэ лъэхъуэщым щІэсхэм ящыщ гуэр щІэмыпхъуэжын щхьэкІэ зауэлІхэм мурад ящІат ахэр яукІыну. Ауэ дзэ пашэ Иулий Паул къригъэлыну хуейти, зауэлІхэм я мурадыр яригъэщІакъым. Паул къыгурыІуауэ къыщІэкІынщ абы гуапэу къыхущыта дзэ пашэр Иеговэ къызэригъэсэбэпар, абы дэІэпыкъун щхьэкІэ икІи и гъащІэр къригъэлын щхьэкІэ (Апост. 27:1—3, 42—44).
13-нэ абзацым феплъ.
13. Тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэр Иеговэ дапхуэдэу къызэригъэсэбэпыфынур?
13 Ахэр дэ дапхуэдэу къыддэІэпыкъурэ? Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ хуейуэ къыщилъытэм деж и къару лъэщымкІэ тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэр къигъэсэбэпыфынущ. Пащтыхь Сэлмэн итхат: «Пащтыхьым и гур Тхьэуэ Зиусхьэным и Іэ илъщ — псыежэхым ещхьу здыхуеймкІэ ар Абы еунэтІ» (Прит. 21:1, Гъэсэпэтхыдэхэр). Сыт мы псалъэхэм къикІыр? Псыежэхыр здыхуей лъэныкъуэмкІэ ягъэкІуэн щхьэкІэ цІыхухэм щІыр датІыкІ, апхуэдэу Иеговэ и къару лъапІэмкІэ тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэм я гупсысэр иунэтІыфынущ Алыхьым и лъэпкъым сэбэп хуэхъун унафэхэр къащтэн щхьэкІэ. (Евгъапщэ Ездра 7:21, 25, 26.)
14. Апостолхэм 12:5 ит псалъэхэм тепщІыхьмэ, ди лъэІухэм хэт хэдгъэхьэ хъунур?
14 Дэ сыт тщІэ хъунур? Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъащІэм ехьэлІауэ икІи хъыбарыфІ гъэІуным ехьэлІауэ пащтыхьхэмрэ тепщэныгъэ зиІэхэмрэ унафэ къыщащтэм деж дэ абыхэм щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ (1 Тим. 2:1, 2; Неем. 1:11). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу дэри Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхудогъазэ тутнакъым ис ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІэ (къеджэ Апостолхэм 12:5; Евр. 13:3). Абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэр здис тутнакъым щыІэ хъумакІуэхэм щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэ хъунущ. Дэ Иеговэ делъэІу хъунущ хъумакІуэхэр хуигъэушыну ди къуэш, ди шыпхъухэм гуапэу хущытыну, Иулий Паул зэрыхущытам хуэдэу (Апост. 27:3).
КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУР
15, 16. Иеговэ Аристархрэ Лукарэ къигъэсэбэпу Паул дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
15 Ахэр Паул дапхуэдэу дэІэпыкъуа? Паул Рим къалэм кІуэуэ гъуэгу щытетым Иеговэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу мызэ-мытІэу къыдэІэпыкъуащ. АдэкІэ щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
16 Паул и ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щыт Аристархрэ Лукарэ абы и гъусэу Рим кІуэну мурад ящІащc. Паул елъытауэ абыхэм Рим нэсынрэ нэмысынрэ ямыщІэми, я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ Паул и гъусэу кІуащ. ИужькІэ борэнышхуэр къыщыхъеям щыгъуэщ псэууэ къызэрелынур Паул абыхэм щажриІар. Аристархрэ Лукарэ Кесарие къалэм кхъухьым щитІысхьам щыгъуэ, Паул и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ фІыщІэ хуищІауэ къыщІэкІынщ, лІыгъэ зыхэлъ а къуэшхэр къыдэІэпыкъуну къызэрыхуигъэкІуам щхьэкІэ (Апост. 27:1, 2, 20—25).
17. Иеговэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу Паул дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
17 Паул Рим кІуэуэ гъуэгу щытетым здыблэкІ щІыпІэхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэр мызэ-мытІэу абы къыдэІэпыкъуащ. Апхуэдэу кхъухьтедзапІэ Сидон къалэм щынэсам Иулий Паул хуит ищІащ «и ныбжьэгъуу а къалэм дэсхэм зыхуэныкъуэр къратын щхьэкІэ, абыхэм я деж кІуэну». ИужькІэ Паулрэ абы и гъусэхэмрэ Путеол къалэм дыхьа иужь абы дэс къуэшхэр къагъуэтащ икІи ахэр къелъэІуащ Паулрэ и гъусэхэмрэ я деж махуиблкІэ къыщынэну. А къалэхэм дэс къуэш, шыпхъухэм Паулрэ и гъусэхэмрэ зыхуэныкъуэр къыхуащІэт икІи езы Паули ахэр игъэгушхуэт хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэхэр яжриІэжурэ. (Евгъапщэ Апостолхэм 15:2, 3.) Загъэпсэхуа иужь Паул Аристархрэ Лукарэ и гъусэу адэкІэ гъуэгуанэ теувэжащ (Апост. 27:3; 28:13, 14).
Иеговэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпри Паул дэІэпыкъуащ. Апхуэдэ дыдэу дэри Алыхьыр къыддоІэпыкъу (18-нэ абзацым феплъ.)
18. Паул Иеговэ фІыщІэ хуищІу къыщІэгушхуэжар сыт?
18 Паул Рим щыкІуэм щыгъуэ а къалэм щыІэ зэхуэсым илъэсищ ипэ яхуитха псалъэхэм егупсысу къыщІэкІынт: «Илъэс куэд хъуауэ фи деж сынэкІуэну» сыхуейщ (Рим 15:23). Ауэ а псалъэхэр щитхым щыгъуэ Рим къалэм Іэхъулъэхъухэр илъу кІуэну абы игу къэкІыххэтэкъым. Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ Паул зэрыгуфІар Рим къалэм къыщыблагъэм щыгъуэ ар кърагъэблэгъэну абы дэс къуэш, шыпхъухэр къызэрыпежьар щилъэгъуам. Библием абы теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «Ахэр щилъагъум, Паул Тхьэм фІыщІэ хуищІри, къэгушхуэжащ» (Апост. 28:15). Гу лъыфтэт: Паул Алыхьым фІыщІэ хуищІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къуэшхэр къызэрыдэІэпыкъуам аргуэру Иеговэ и Іэр хилъэгъуащ.
19-нэ абзацым феплъ.
19. 1 Петр 4:10 зэритымкІэ, Иеговэ дэ дыкъигъэсэбэпу дапхуэдэу нэгъуэщІхэм зэрыдэІэпыкъуфынур?
19 Дэ сыт тщІэ хъунур? ФІыуэ илъагъу цІыху зыфІэкІуэда, абы нэмыщІ узыншагъэм е нэгъуэщІ зыгуэрым пыщІа гугъуехьхэр зиІэ къуэш е шыпхъу фи зэхуэсым хэту пІэрэ? Зыгуэр дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэу къэфщІамэ, Иеговэ фелъэІу а цІыхум псалъэ гуапэ жефІэну е зыгуэр хуэфщІэну къывдэІэпыкъуну. ЯжефІэ псалъэхэр е Іуэху яхуэфщІэхэр а къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэ дыдэрауэ къыщІэкІыфынущ. (Къеджэ 1 Петр 4:10.)d Фэ абыхэм фазэрыдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ Иеговэ «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым» жиІа псалъэхэр а къуэш, шыпхъухэми зэрахуэгъэзам шэч къытрамыхьэу хъужыфынущ. Абыхэм фазэрыдэІэпыкъуфар зэрыфщІэм фэ гуфІэгъуэ къыфхуихьынукъэ?
20. Сыт дэ шэч къытедмыхьэу щІыжытІэфынур: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущ»?
20 Паул, Аристарх, Лука сымэ зыпэщІэхуа борэнышхуэм хуэдэ дэ ди гъащІэм дыщрохьэлІэ. Ауэ дэ дышынэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ ди гъусэщ. Абы Хьисэрэ мелыІычхэмрэ къигъэсэбэпу къыддоІэпыкъу. Абы нэмыщІ Иеговэ абы дыхуэныкъуэу къыщилъытэм деж тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэр къыддигъэІэпыкъун щхьэкІэ къегъэсэбэп. Иджыри Иеговэ и къару лъапІэмкІэ и лэжьакІуэхэр хуегъэуш я къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуну икІи дэтхэнэ зыми апхуэдэ дэІэпыкъуэгъу зыхэтщІауэ къыщІэкІынущ. Абы къыхэкІкІэ дэри Паул хуэдэу шэч къытедмыхьэу мы псалъэхэр тхужыІэнущ: «Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦІыхухэм сыт къызащІэфынур?» (Евр. 13:6).
38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ
a Апостол Паул гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм деж Иеговэ абы зэрыдэІэпыкъуа Іэмалищ мы статьям щызэпкърытхынущ. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ борэным ебгъэщхь хъуну гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж Иеговэ дэри къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытедмыхьэну.
b Псалом 118:5—7: «Гузэвэгъуэм сыхэту Иаг къезджащ, Иаг сызэхихри, шынагъуэ здэщымыІэ щІыпІэм сыкъишащ. Иеговэ си телъхьэщи, сышынэнукъым. Сыт къызищІэфын сэ цІыхум? Иеговэ си телъхьэщ, ар къыздэІэпыкъухэм яхэтщ, сыкъэзылъагъу мыхъухэр зэрехуэхар слъэгъунущ».
c Абы ипэкІи Паул гъуэгу щытетам щыгъуэ Аристархрэ Лукарэ абы и гъусащ. Паул Рим лъэхъуэщым щырагъэтІысхьам щыгъуи дзыхь зыхуэпщІ хъуну а къуэшхэр абы и гъусэу къэнащ (Апост. 16:10—12; 20:4; Кол. 4:10, 14).