22 СТАТЬЯР
Нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэхэр лъапІэу лъытэ!
«НэкІэ ямылъагъу Іуэхухэрщ дызэплъыр. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэкІэ ялъагъу Іуэхухэр кІуэдыжынущ, ауэ нэкІэ ямылъагъу Іуэхухэр кІуэдыжынукъым» (2 КОР. 4:18).
46-НЭ УЭРЭДЫР ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Уафэм щызэхуэтхьэс мылъкум теухуауэ Хьисэ сыт жиІар?
ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭМ щыщу языныкъуэхэр нэрымылъагъущ икІи ахэращ нэхъ лъапІэ дыдэр. Іуащхьэм тету Хьисэ жиІа псалъэм къыщыхигъэщащ уафэм щыІэ хъугъуэфІыгъуэхэр щІылъэм щыІэхэм нэхърэ куэдкІэ зэрынэхъ лъапІэр. Абы мыпхуэдэу жиІащ: «Уи мылъкушхуэр здэщыІэм уигури щыІэнущ» (Мт. 6:19—21). Ди гум дыхуегъэуш дэ тфІэфІыр зэдгъэгъуэтыну. Дэ «уафэм мылъкушхуэ» щызэхуэтхьэсу жыпІэ хъунущ Алыхьыр арэзы зыщІ гъащІэ щетхьэкІым деж. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, апхуэдэ мылъкур зыми хуэгъэкІуэдынукъым икІи зыми къытфІидыгъуфынукъым.
2. 1) 2 Коринф 4:17, 18 ит Паул и псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Апостол Паул дыхуегъэуш «нэкІэ ямылъагъум» ди гур тедухуэну. (Къеджэ 2 Коринф 4:17, 18.) «НэкІэ ямылъагъум» хохьэ Иеговэ дунеищІэм къыщыдитыну фІыгъуэхэр. Ауэ нэрымылъагъу тыгъэхэр иджыпстуи диІэу жыпІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ: Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр, тхьэлъэІур, Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъур, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэр къызэрыддэІэпыкъур. А тыгъиплІым мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ. Абы нэмыщІ къэтщІэнущ а тыгъэхэр фІыщІэ зэрытщІыр Иеговэ зэредгъэлъэгъуфыну Іэмалхэр.
ИЕГОВЭРЭ ДЭРЭ ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭР
3. ХъугъуэфІыгъуэ нэхъ лъапІэ дыдэу диІэр сыт икІи абы и фІыгъэкІэ сыт дэ къытлъысынур?
3 ХъугъуэфІыгъуэ нэхъ лъапІэ дыдэу диІэр — ар Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэращ (Пс. 25:14). Алыхьым гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр ныбжьэгъу зэрищІым емылъытауэ, дауэ ар къабзэу икІи лъапІэу къызэрынэр? Ар зи фІыгъэр Хьисэ къихьа къурмэныпхъэращ, абы «дунейм и цІыхухэм я гуэныхьхэр» къищтащ (Ин. 1:29). Иеговэ шэч къытрихьэтэкъым Хьисэ и кІэм нэс абы пэжу къызэрыхуэнэнум икІи цІыхубэр къызэрыригъэлынум. Хьисэ и гъащІэр итын ипэ псэуа цІыхухэр Алыхьым ныбжьэгъу щІыхуэхъуфам ар и щхьэусыгъуэщ (Рим 3:25).
4. Хьисэ къэкІуэн ипэ псэуа Алыхьым и ныбжьэгъу языныкъуэхэм теухуауэ къыжыІэж.
4 Хьисэ къэкІуэн ипэ псэуа Алыхьым и ныбжьэгъухэм щыщу языныкъуэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Ибрэхьим фІэщхъуныгъэ быдэ иІащ. Ар зэрыщымыІэжрэ илъэс 1 000-м щІигъу дэкІа нэужьи, Иеговэ ар и ныбжьэгъуу жиІащ (Ис. 41:8). Абы къегъэлъагъуэ лІэныгъэм Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм кІэ зэрыримытыфынур. Иеговэ и дежкІэ Ибрэхьим иджыри къыздэсым псэущ (Лука 20:37, 38). Алыхьым и лэжьакІуэ Іэиуби дигу къэдгъэкІыжынщ. Зэгуэр Иеговэ Іэиуб теухуауэ мелыІычхэм я пащхьэм щыжиІащ: «Ар къуаншагъэ зыбгъэдэмылъ цІыху пэжщ, Алыхьым щошынэ икІи Іейм зыщедзей» (Иов 1:6—8). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ Іэиуб хуэарэзыуэ зэрыщытар. Даниили Иеговэ пэжу хуэлэжьащ тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ цІыхухэм илъэс 80-кІэ зэрадэпсэуам емылъытауэ. Дапхуэдэут Алыхьыр абы зэрыхущытыр? МелыІычхэм зи ныбжь хэкІуэта Даниил щэнейрэ жраІащ Алыхьым и дежкІэ ар «цІыху лъапІэу» зэрыщытыр (Дан. 9:23; 10:11, 19). Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Иеговэ къыхуэмыгъэсу зэрыпэплъэр фІыуэ илъагъу и ныбжьэгъухэм гъащІэ щаритыжыну махуэм (Иов 14:15).
Нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэхэр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ Иеговэ зэредгъэлъагъу хъунур? (5-нэ абзацым феплъ.)c
5. Сыт тщІэн хуейр Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ?
5 ЦІыху гуэныхьлыхэм щыщу ныбжьэгъу дапщэ Иеговэ нобэ иІэр? Ахэр мелуан бжыгъэ мэхъу. Пэж дыдэу, мелуан бжыгъэ хъу цІыхухъухэр, цІыхубзхэр икІи сабийхэр Алыхьыр зыгъэгуфІэн гъащІэ зэрырахьэкІыным нобэ хущІокъу. Алыхьым апхуэдэ цІыху пэжхэм дзыхь яхуещІ (Прит. 3:32, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ахэр Иеговэ и ныбжьэгъу хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ ита къурмэныпхъэр я фІэщ мэхъу. А къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ хуит дищІащ ди гъащІэр абы и ІэмыщІэ итлъхьэу, псым зыщІэдгъэуэну. Мыхьэнэшхуэ зиІэ а лъэбакъуэхэр щытчам щыгъуэ, дэ Алыхьым и лъэпкъым щыщ дыхъуащ. Дунеишхуэр къэзыгъэщІауэ псори зыхузэфІэкІ Иеговэ ди ныбжьэгъуу зэрыщытым дэ икъукІэ ди гур хегъахъуэ!
6. Дапхуэдэу Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр лъапІэу зэрытлъытэр?
6 Дапхуэдэу Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр лъапІэу зэрытлъытэр? Ибрэхьимрэ Іэиубрэ илъэсищэм щІигъукІэ Алыхьым пэжу хуэлэжьащ. Дэри Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэн хуейщ, илъэс дапщэ хъуауэ абы дыхуэмылажьэми. Даниил Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэр и гъащІэм нэхърэ нэхъ лъапІэу ибжт, дэри апхуэдэ еплъыкІэ диІэн хуейщ (Дан. 6:7, 10, 16, 22). Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ дыпэщІэмыхуами, Иеговэ къыддэІэпыкъунущ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр тхъумэну (2 Кор. 4:7).
ТХЬЭЛЪЭІУР
7. 1) Притчи 15:8 зэритымкІэ, дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм зэрыхущытыр? 2) Дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр?
7 Нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэхэм иджыри хохьэ тхьэлъэІур. Зэныбжьэгъухэм яфІэфІщ я гупсысэхэмкІэ икІи я гурыщІэхэмкІэ зэдэгуэшэну. Дауэ Иеговэрэ дэрэ дызэрызэпсэлъэфынур? Иеговэ и ПсалъэмкІэ зыкъытхуегъазэ, а тхылъым дэ къыщыдощІэ Алыхьым и гупсысэхэмрэ и гурыщІэхэмрэ. Дэри ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ Иеговэ худоІуатэ, абы тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж. Иеговэ егъэлеяуэ ифІэфІщ ди тхьэлъэІухэм едэІуэну. (Къеджэ Притчи 15:8, Гъэс.) Ар ди тхьэлъэІухэм едаІуэ къудейуэ аракъым, атІэ абыхэм жэуап ирет. Иныкъуэм деж Иеговэ жэуапыр занщІэу къыдет. Ауэ зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ мызэ-мытІэу дыщелъэІун хуеи къохъу. Дауэ мыхъуами, дэ шэч къытетхьэкъым Алыхьым ди тхьэлъэІум игъуэу икІи зэрынэхъыфІым хуэдэу жэуап зэрыритынум. Дэ дызэригугъамрэ Иеговэ къыдита жэуапымрэ, дауикІ, зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Абы ди гугъуехьыр тщхьэщимыхыу, къарурэ Іущагърэ къыдитыфынущ, псоми дыпэлъэщын щхьэкІэ (1 Кор. 10:13).
(8-нэ абзацым феплъ.)d
8. ТхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал дызэриІэр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур?
8 ТхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал дызэриІэр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур? Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщым дедаІуэ хъунущ: «Тхьэм зэпымыууэ фелъэІу» (1 Фес. 5:17). Иеговэ ди хуитыныгъэм пщІэ хуещІри, дыхигъэзыхькъым тхьэлъэІукІэ абы зыхуэдгъэзэну. Ауэ Иеговэ дыхуегъэуш зэпымыууэ абы делъэІуну (Рим 12:12). Аращи, махуэ къэс щІэх-щІэхыурэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ фІыщІэ хуэтщІыну икІи щытхъу къыхуэтхьыну зыщыдгъэгъупщэнкъым (Пс. 145:2, 3).
9. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэну иІэ Іэмалым ди зы къуэшыр дапхуэдэу зэрыхущытыр, уэри а Іэмалым дапхуэдэу узэрыхущытыр?
9 Иеговэ нэхъыбэрэ дыхуэлэжьэху икІи ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр нэхъыбэрэ тлъэгъуху, тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал дызэриІэр фІыщІэ зэрытщІыр нэхъ куууж хъун хуейщ. Илъэс 47 хъуауэ полновременнэу лажьэ ди къуэш Крис мыпхуэдэу жеІэ: «Пщэдджыжьым жьыуэ дыгъэ бзийхэм уэсэпсыр щагъэцІум деж, сэри сыкъэтэджу сымыпІащІэу Иеговэ сепсэлъэну сфІэфІщ! Сэ абы фІыщІэ хузощІ тыгъэ къызитхэм щхьэкІэ, тхьэлъэІури абы хэту. Махуэм и кІэми сэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхузогъазэ. Абы и фІыгъэкІэ си гум мамырыгъэрэ гупсэхугъуэрэ илъщ».
АЛЫХЬЫМ И КЪАРУ ЛЪАПІЭР
10. Алыхьым и къару лъапІэр фІыщІэ щІэтщІын хуейр сыт?
10 Нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэхэм иджыри хохьэ Алыхьым и къару лъапІэр. Хьисэ и гъэсэнхэр хуигъэушт Алыхьым елъэІуну абы и къару лъапІэр къаритын щхьэкІэ (Лука 11:9, 13). Иеговэ и къару лъапІэр къыдитыфынущ, «лъэкІыныгъэшхуэ зиІэр дэрмырауэ, атІэ Тхьэрауэ зэрыщытыр нахуэ хъун щхьэкІэ» (2 Кор. 4:7; Апост. 1:8). Абы и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ гугъуехьми дэ дыпэлъэщыфынущ.
(11-нэ абзацым феплъ.)e
11. Алыхьым и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
11 Алыхьым къыдит къалэнхэр дгъэзэщІэну абы и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, зэфІэкІ диІэхэр абы хегъахъуэ. Дэ къыдгуроІуэ: ехъулІэныгъэ диІэхэр зи фІыгъэр дэракъым, атІэ Алыхьым и къару лъапІэращ.
12. Псалом 139:23, 24 итым тепщІыхьмэ, сыткІэ Иеговэ делъэІу хъуну?
12 Алыхьым и къару лъапІэр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Иеговэ делъэІу хъунущ абы и къару лъапІэмкІэ дигъэлъэгъужыну ди гум илъ гупсысэ мыхъумыщІэхэмрэ гурыщІэ Іейхэмрэ. Иеговэ Іэмал имыІэу жэуап къыдитынущ. (Къеджэ Псалом 139:23, 24b.) Ди гум гупсысэ мыхъумыщІэхэмрэ гурыщІэ Іейхэмрэ зэрилъыр къыдгурыІуамэ, абыхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну делъэІу хъунущ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ дэ къэдгъэлъэгъуэфынущ Иеговэ и къару лъапІэр къыддэІэпыкъуну зыри зэран хуэдгъэхъуну дызэрыхуэмейр (Еф. 4:30).
13. Алыхьым и къару лъапІэр нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
13 Алыхьым и къару лъапІэр нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну къыддоІэпыкъу абы и фІыгъэкІэ диІэ ехъулІэныгъэхэм дызэрегупсысыр? Уафэм дэкІуеижын ипэ, Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэр [«къару лъапІэр», ДЩІ] къыщыфхуехкІэ, лъэкІыныгъэ фиІэ хъунурэ... дунейм и кІэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ» (Апост. 1:8). Мы псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур дэ нобэ долъагъу. Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ дуней псом мелуанийрэ ныкъуэм щІигъу цІыхур Иеговэ хуолажьэ. Абы нэмыщІ Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу мыпхуэдэ хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэну: фІылъагъуныгъэр, гуфІэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыІэныгъэр, фІыгъуэр, гущІэгъуныгъэр, фІэщхъуныгъэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр (Гал. 5:22, 23). А псом и фІыгъэкІэ дэ жэнэтым дыщыпсэууэ жыпІэ хъунущ. Пэж дыдэу, Алыхьым и къару лъапІэр — тыгъэшхуэщ!
ИЕГОВЭ, ХЬИСЭ ИКІИ МЕЛЫІЫЧХЭМ ДАДЭЛЭЖЬЭНУ ДИІЭ ІЭМАЛЫР
14. ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, хэт дэ къыддэІэпыкъур?
14 Дэ иджыри нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэ диІэщ — ар Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэм дазэрыдэлажьэращ (2 Кор. 6:1). Дэ абыхэм дадолажьэ, Хьисэ и гъэсэнхэр щыдгъэхьэзырым деж. Абы теухуауэ апостол Паул жиІащ: «Дэ Алыхьым дыдолажьэ» (1 Кор. 3:9, ДЩІ). ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэ Хьиси дыдолажьэ. И лъэужь ирикІуэхэр ягъэхьэзырыну унафэ къыщигъэнам щыгъуэ, абы жиІащ: «Сыт щыгъуи сывигъусэнущ» (Мт. 28:19, 20). Дапхуэдэу дэ мелыІычхэм дазэрыдэлажьэр? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, абыхэм ди гъуэгур яунэтІ. Ар сыту гуфІэгъуэшхуэ! (Апок. 14:6).
15. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ диІэ ехъулІэныгъэр Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэхь.
15 Ахэр къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр диІэ? Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжым и жылэр щытсэм деж, абыхэм щыщу языныкъуэхэр цІыхуфІхэм я гум хохуэ икІи къыщыхож (Мт. 13:18, 23). Ауэ а жылэр къызэрыкІыр икІи фІыгъуэ къызэрыпыкІыр хэт зи фІыгъэр? Хьисэ жиІат, и Адэм цІыхур къримышалІэмэ, зыри абы и гъэсэн зэрымыхъуфынур (Ин. 6:44). Абы щыхьэт техъуэ щапхъэ Библием итщ. Филиппи къалэм пэгъунэгъуу Паул цІыхубз зыбжанэм хъыбарыфІымкІэ щадэгуэшам къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Абыхэм яхэта Лидие теухуауэ Библием щыжыІащ: «Паул жиІахэм и фІэщу едэІуэну, Тхьэм абы и гур хузэІуихащ» (Апост. 16:13—15). Апхуэдэ дыдэу Иеговэ цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ езым и деж къригъэблэгъащ.
16. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ диІэнрэ димыІэнрэ хэт зэлъытар?
16 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ диІэнрэ димыІэнрэ хэт зэлъытар? Мы упщІэм и жэуапыр апостол Паул Коринф къалэм дэсхэм яхуитха письмом къыщыдогъуэт. Абы итщ: «Сэ жылэхэр хэссащ, Аполлос псы щІигъэлъэдащ, ауэ Тхьэращ къэзыгъэкІар. Аращи, жылэхэр хэзысэми псыр щІэзыгъэлъадэми пщІэ яІэкъым, щІыхьышхуэ зиІэр къэзыгъэкІа Тхьэ закъуэрщ» (1 Кор. 3:6, 7). Паул ехъулІэныгъэ иІэхэр Иеговэ и фІыщІэу ибжт. Дэри абы щапхъэ тетхын хуейщ.
17. Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэм дадэлэжьэну диІэ Іэмалыр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
17 Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэм дадэлэжьэну диІэ Іэмалыр фІыщІэ зэрытщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? ЦІыхум хъыбарыфІымкІэ дыдэгуэшэну диІэ сыт хуэдэ Іэмалри къэдгъэсэбэпын хуейщ. Псалъэм папщІэ, дэ хъыбарыфІыр догъэІу унэ-унэкІэ икІи цІыхухэр куэду щызекІуэ щІыпІэхэм (Апост. 20:20). Куэдым ягу ирохь неформальнэу хъыбарыфІыр ягъэІуну. Зыхуэза цІыхум сэлам гуапэ ирахри, псалъэмакъыр къызэрыщІадзэным иужь йохьэ. ЦІыхур псэлъэну хьэзырмэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ догуашэ.
(18-нэ абзацым феплъ.)f
18, 19. 1) Пэжым и жылэхэм дапхуэдэу псы зэрыщІэдгъэлъадэр? 2) Иеговэ дауэ Рапалалани зэрыдэІэпыкъуар?
18 Алыхьым дыщыдэлажьэм деж, пэжым и жылэхэр зэрытсэм нэмыщІ, дэ абыхэм псы щІэдгъэлъэдэн хуейщ. ХъыбарыфІыр цІыхум фІэгъэщІэгъуэнмэ, дэ абы и деж тыдогъазэ е нэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъум долъэІу абы и деж кІуэну. Зигу къабзэ цІыхур Библием щедгъаджэкІэ абы и акъылымрэ и гумрэ Иеговэ фІыкІэ зэрихъуэжым укІэлъыплъыну гуапэщ.
19 ЮАР щыпсэу Рапалалани́ Іэзэт. Абы игу ирихьт Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджыну, ауэ лІахэм уепсалъэ зэрымыхъунур абы и фІэщ хъутэкъым (Втор. 18:10—12). Дауэ мыхъуами, а упщІэм теухуауэ Алыхьым и еплъыкІэр абы хуэм-хуэмурэ къищтащ. Абы Іэзэгъуазэ Іуэхур къигъэнащ, ахъшэ къызэрыхуихьым емылъытауэ. Иджыпсту Рапалалани илъэс 60 мэхъу. Абы жеІэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм сэ фІыщІэшхуэ яхузощІ, ахэр къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ, псалъэм папщІэ, лэжьыгъэ къысхуагъуэтащ. Ауэ псом хуэмыдэу сэ фІыщІэ зыхуэсщІыр Иеговэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и фІыгъэкІэ сэ гъащІэщІэ щІэздзащ. Сэ псым зыщІэзгъэуащ икІи гуфІэгъуэ сиІэу Иеговэ сыхуолажьэ».
20. Мы статьям сытым ухуигъэуша?
20 Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьащ нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэхэм щыщу плІым. Япэр икІи нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэращ. Апхуэдэ зэныбжьэгъугъэм и фІыгъэкІэ адрей хъугъуэфІыгъуищри диІэщ: тхьэлъэІур, Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъур, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэр къызэрыддэІэпыкъур. Апхуэдэ НыбжьэгъуфІрэ нэрымылъагъу хъугъуэфІыгъуэхэмрэ дызэриІэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ нэхъыбэжу хуэдвгъэщІ!
147-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъегъэгугъэ
a Мыбы ипэ къихуэ статьям дыщытепсэлъыхьащ Иеговэ къыбгъэдэкІыу ди нэкІэ тлъагъу тыгъэхэм. Мы статьяр зытепсэлъыхьынур Иеговэ къыбгъэдэкІ нэрымылъагъу тыгъэхэращ. А тыгъэхэр къызыбгъэдэкІ ди Алыхь Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІ хъунум теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэнущ.
b Псалом 139:23, 24: «Сыгъэунэху, си Алыхь, си гум илъыр къащІэ, сыгъэунэху икІи сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къащІэ. Гъуэгу шынагъуэм сытехьэну сыхуэзыгъэуш гуэр схэлърэ схэмылърэ зэхэгъэкІ икІи мыкІуэдыжын гъуэгум сытегъэт».
c СУРЭТЫР. 1. Ди шыпхъур дыкъэзыухъуреихь дунейм дихьэхауэ кІэлъоплъ икІи Иеговэрэ абырэ я зэныбжьэгъугъэм йогупсыс.
d СУРЭТЫР. 2. А шыпхъу дыдэр Иеговэ къыдэІэпыкъуну йолъэІу, цІыхубзым хъыбарыфІыр жриІэфын щхьэкІэ.
e СУРЭТЫР. 3. Алыхьым и къару лъапІэм ди шыпхъум лІыгъэ хелъхьэри, Пащтыхьыгъуэм теухуауэ абы цІыхубзым жреІэ.
f СУРЭТЫР. 4. Ди шыпхъум а цІыхубзыр Библием ирегъаджэ. МелыІычхэр абы доІэпыкъу хъыбарыфІыр игъэІуну икІи Хьисэ и гъэсэнхэр игъэхьэзырыну.