21 СТАТЬЯР
Иеговэ къыдит тыгъэхэр фІыщІэ фщІырэ?
«Уэ, Иеговэ, си Алыхь, Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн куэд пщІащ, сыту куэд хъурэ дэ ттеухуауэ уи гупсысэхэр» (ПС. 40:5).
5-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Іуэху телъыджэхэр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Псалом 40:5 зэритымкІэ, Иеговэ дэ сыт хуэдэ тыгъэхэр къыдита икІи а тыгъэхэм дызэрегупсысыр сыткІэ къыддэІэпыкъуну?
ИЕГОВЭ — Алыхь хьэлэлщ. Абы къыдита тыгъэхэм фегупсыс: ди унэу щыт ЩІы дахащэм, гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ ди акъылым, Алыхьым и Псалъэ лъапэ Библием. Иеговэ дэ къыдитащ гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ ди щІыр, дыгупсысэфу икІи дыпсэлъэфу зэфІэкІ диІэр, абы нэмыщІ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр. (Къеджэ Псалом 40:5b.)
2 Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ зи гугъу тщІа тыгъищым. А тыгъэхэм нэхъыбэу дегупсысыху, ахэр нэхъ лъапІэу тлъытэнущ икІи фІыуэ дыкъэзылъагъу ДыкъэзыгъэщІа Иеговэ дгъэгуфІэну нэхъ гукъыдэж диІэнущ (Апок. 4:11). Абы нэмыщІ эволюцэр зи фІэщ хъухэм пэжыр нэхъыфІу къагурыдгъэІуэфынущ.
ДИ ЩІЫР ГЪЭЩІЭГЪУЭНЫЩЭУ ЗЭХЭЛЪЩ
3. Ди щІыр нэгъуэщІ планетэхэм сыт къызэрыщхьэщыкІыр?
3 Ди унэу щыт ЩІыр Алыхьым зэрызэхилъхьам абы и Іущагъыр ІупщІу хыболъагъуэ (Рим 1:20; Евр. 3:4). Ди ЩІым имызакъуэу нэгъуэщІ планетэхэри Дыгъэм и хъуреягъкІэ къокІэрэхъуэкІ, ауэ а зы закъуэращ цІыхур щыпсэуфын щхьэкІэ зыхуэныкъуэу хъуар здэщыІэр.
4. Ди ЩІыр зэрызэхэлъым дапхуэдэу къызэрыдгуригъаІуэр Иеговэ Іущагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр? Щапхъэ къэфхь.
4 Ди ЩІыр зыгуэркІэ ебгъэщхь хъунущ космосым ягъэлъатэ кхъухьым. Ауэ цІыхухэм къагупсыса космосым ягъэлъатэ кхъухьымрэ ди ЩІымрэ куэдкІэ зэщхьэщокІ. Фегупсысыт, космонавтхэр дапхуэдизрэ псэуфыну пІэрэт кислородри, шхынри, псыри езыхэм къагъуэтыжын хуейуэ щытамэ икІи пхъэнкІий е зыхуэмеиж Іэмэпсымэхэр кхъухьым ирадз мыхъуну щытамэ? Зэман дэкІа иужь кислородри, шхынри, псыри яухынут, ауэ пхъэнкІийр кІуэ пэтми нэхъыбэ хъунут. Куэд дэмыкІыу а кхъухьым исхэр лІэнут. Ауэ миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэмрэ хьэкІэкхъуэкІэхэмрэ псэуфын щхьэкІэ зыхуэныкъуэу хъуар ди ЩІым щыІэщ. Ди ЩІым кислородри, шхынри, псыри къыдет икІи ахэр иухкъым. Дэ пхъэнкІийр е дызыхуэмеиж Іэмэпсымэхэр космосым тхьыуэ щыхыфІэддзэкъым, абы емылъытауэ ди ЩІыр дахэу икІи ущыпсэуфыну щытщ. Сыт апхуэдэу щІыщытыр? ЩІым къыдита хъугъуэфІыгъуэхэм щыщ гуэр къэдгъэсэбэпа иужь щІым хохьэри иужькІэ щІэрыщІэу къэбгъэсэбэп хъуну къыдетыж. Апхуэдэу Иеговэ ди ЩІыр къигъэщІащ. Природнэ круговоротхэм къыхощ Алыхьым Іущагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр, псалъэм папщІэ кІэщІу дытепсэлъыхьынщ кислородымрэ псымрэ.
5. Сыт кислородыр щІимыухыр икІи сыт абы къыдгуригъаІуэр?
5 Кислородыр — ар газщ, арыншэу цІыхухэри хьэкІэкхъуэкІэхэри псэуфынукъым. Илъэсым къриубыдэу щІылъэм тет псэущхьэхэм кислороду тонн миллиардищэм нэс къагъэсэбэп, икІи абыхэм углекислэ газыр къажьэдокІ. Ауэ кислородыр зэи иухкъым икІи дунейм углекислэ газыр куэдыІуэ щыхъукъым. Сыт апхуэдэу щІыщытыр? Иеговэ къэкІыгъэ куэд къигъэщІащ — нэм къимыщтэ псы къэкІыгъэ цІыкІу дыдэхэм деж къыщыщІэдзауэ жыгышхуэхэм деж щиухыжу. Абыхэм углекислэ газыр зыщІашэри кислород къыдатыж. «Круговорот кислорода» жыхуаІэр зэрыщыІэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ псоми зэрыбэуэн жьыри гъащІэри зэрыритыр (Апост. 17:24, 25).
6. Сыт псыр щІимыухыр икІи сыт абы къыдгуригъаІуэр? (Абы нэмыщІ «„Круговорот воды“ жыхуаІэр зэрыщыІэр Алыхьым и тыгъэщ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
6 Псы дыщІиІэр ЩІымрэ Дыгъэмрэ я зэпэжыжьагъым и фІыгъэщ. ЩІыр Дыгъэм тІэкІу нэхъ и гъунэгъуу щытамэ, псыхэр псори игъущыкІыу, ЩІыр нэщІ хъунут, гъащІи щыІэжынутэкъым. Ауэ ЩІыр Дыгъэм тІэкІу нэхъ пэжыжьэу щытамэ, псыхэр псори щтынурэ, ди планетэр мыл хъуреишхуэ хъунут. ЩІыр щІыпІэ нэхъыфІ дыдэм Иеговэ зэригъэувам и фІыгъэкІэ «круговорот воды» жыхуаІэр щыІэщ. Дыгъэм и бзийхэр ЩІымрэ тенджызхэмрэ тепсэурэ, псыр егъэгъущри пшэ мэхъу. Кубическэ километр 500 000-м хуэдиз илъэсым йогъущыкІ, ар дуней псом гуэлу щыІэм ит псыхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэщ. Псыр гъуща иужь ар махуипщІкІэ атмосферэм щыІэщ, иужькІэ уэшхыу е уэсу къохыж. ИкІэм-икІэжым псыр тенджызхэм икІи нэгъуэщІ псыхэм хохьэж. Апхуэдэу къытригъэзэжурэ «круговорот воды» мэхъу. А псор апхуэдэу гъэщІэгъуэныщэу къызэрыхъум къегъэлъагъуэ Иеговэ къаруушхуэрэ Іущагъышхуэрэ зэрыбгъэдэлъыр (Иов 36:27, 28; Эккл. 1:7).
7. Псалом 115:16 зи гугъу ищІ тыгъэхэр Иеговэ къызэрыдитыр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
7 ГъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ ЩІымрэ абы хъугъуэфІыгъуэ щыІэхэмрэ Иеговэ къызэрыдитар нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Къеджэ Псалом 115:16c.) Псалъэм папщІэ, Иеговэ къигъэщІахэм дызэрегупсысыр. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ тыгъэ къыдитхэр махуэ къэс фІыщІэ тщІыну дыхуигъэушынущ. Иеговэ ЩІыр къызэрыдитар фІыщІэ зэрытщІыр иджыри къэдгъэлъэгъуэфынущ дыщыпсэу щІыпІэр къабзэу зетхьэу щытмэ.
ДИ ЩХЬЭ КУЦІЫР ГЪЭЩІЭГЪУЭНЫЩЭУ ЗЭХЭЛЪЩ
8. ЦІыхум и щхьэ куцІыр гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъу сыт жыпІэ щІэхъунур?
8 ЦІыхум и щхьэ куцІыр гъэщІэгъуэныщэу Алыхьым зэхилъхьащ. Алыхьым триухуа планым тету анэм и ныбэм илъ сабийм зеужь икІи дакъикъэ къэс мин щэ бжыгъэкІэ клеткэщІэхэр къоунэху. ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ цІыху балигъым и щхьэ куцІым миллиардищэм нэс нейронкІэ зэджэ клеткэхэр иІэщ. Ахэр псори зэщІэкъуауэ щхьэ куцІым илъщ, ди щхьэ куцІыр зы килограммрэ ныкъуэрэ фІэкІа мыхъуми. АдэкІэ зэпкърытхынщ щхьэ куцІым зэфІэкІ гъэщІэгъуэн иІэхэм щыщу языныкъуэхэр.
9. Дызэрыпсэлъэфыр Алыхьым къыдита тыгъэу зэрыщытыр сыт фи фІэщ зыщІыр?
9 Дызэрыпсэлъэфыр телъыджэу жыпІэ хъунущ. Фегупсысыт: зы псалъэ закъуэ жыфІэн щхьэкІэ фи щхьэ куцІым мышцэу щэм хуэдиз зэдигъэлэжьэн хуейщ, псалъэм папщІэ бзэгум, тэмакъым, Іупэм, жьэпкъым, бгъэгум хэт мышцэхэр. ЗэхэщІыкІыгъуэу дыпсэлъэн щхьэкІэ а мышцэхэр зэкІэлъыкІуэу зэдэлэжьэн хуейщ. 2019-нэ гъэм къахутащ сабий къалъхуагъащІэм псалъэхэр зэхигъэкІыфу. Апхуэдэу къызэрахутар щыхьэт техъуащ щІэныгъэлІ куэдым жаІэр зэрыпэжым: сабий цІынэм къызэрепсалъэр къыгурыІуэу икІи бзэхэр зригъэщІэну зэфІэкІ иІэу щытщ. Шэч хэмылъу дэ дызэрыпсэлъэфыр Алыхьым къыдита тыгъэщ (Исх. 4:11).
10. Дыпсэлъэфу Иеговэ дыкъызэригъэщІар фІыщІэ зэрытщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
10 Дыпсэлъэфу Иеговэ дыкъызэригъэщІар фІыщІэ зэрытщІыр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэм ящыщ зыщ — Алыхьыр зэрыщыІэр ди фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэр эволюцэр зи фІэщ хъухэм къазэрыгурыдгъаІуэр (Пс. 9:1; 1 Пет. 3:15). Дыщыпсэу ЩІыри абы тету хъуари езыр-езыру къэхъуауэ абыхэм ди фІэщ ящІыну хэтынкІэ хъунущ. Ауэ Библиемрэ мы статьям ит языныкъуэ гупсысэхэмрэ къэдгъэсэбэпу абыхэм Иеговэ псори къигъэщІауэ ди фІэщ щІэхъур къагурыдгъаІуэ хъунущ (дауикІ, ахэр къыдэдэІуэну хуейуэ щытмэ). Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ Иеговэ и лъэныкъуэр зэрытІыгъыр (Пс. 102:25; Ис. 40:25, 26).
11. Ди щхьэ куцІыр гъэщІэгъуэныщэу зэхэлъу сыт иджыри жыпІэ щІэхъунур?
11 Ди щхьэм информацие куэд идубыдэфу зэрыщытри гъэщІэгъуэнщ. Илъэс куэд ипэ зы щІэныгъэлІ гуэрым жиІауэ щытат тхылъу мелуан тІощІым итым хуэдиз цІыхум и щхьэ куцІым ириубыдэфу. Ауэ иджыпсту къызэралъытэмкІэ ди щхьэм информацие нэхъыбэж ириубыдэфынущ. Апхуэдэу ди щхьэм информацие куэд ириубыдэфу зэрыщытым и фІыгъэкІэ ди акъылым иджыри зэфІэкІ хьэлэмэт иІэщ. Сыт хуэдэ?
12. ХьэкІэкхъуэкІэхэм сыткІэ дакъыщхьэщыкІрэ?
12 Алыхьым къигъэщІахэм ящыщу цІыхум и закъуэщ зэфІэкІ зиІэр япэм зыпэщІэхуахэм икІи ищІа Іуэхухэм хэплъэжу абы дерс хихыфыну. Ар дэ къыддоІэпыкъу нэхъыфІ лъэныкъуэкІэ зытхъуэжыну, абы нэмыщІ ди еплъыкІэмрэ ди дуней тетыкІэмрэ тхъуэжыну (1 Кор. 6:9—11; Кол. 3:9, 10). Ди напэм фІымрэ Іеймрэ зэхигъэкІыфу тхуогъасэ (Евр. 5:14). Дэ лъагъуныгъэ дгъэлъагъуэу, гущІэгъу тхэлъу зедгъэсэфынущ. Абы нэмыщІ Иеговэ захуагъэм зэрытетым дэ щапхъэ тетхыфынущ.
13. Псалом 77:11, 12 зэритымкІэ, ди щхьэм информацие идубыдэфу Иеговэ зэфІэкІ къыдитар дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?
13 Ди щхьэм информацие идубыдэфу Иеговэ дыкъызэригъэщІар фІыщІэ зэрытщІыр къэдгъэлъэгъуэфынущ, псалъэм папщІэ япэм Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуар икІи гупсэхугъуэ къызэрыдитауэ щытар зыщыдмыгъэгъупщэмэ. Абы быдэу ди фІэщ ищІынущ къэкІуэну зэманми Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъунур. (Къеджэ Псалом 77:11, 12d; 78:4, 7.) Абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм фІы къытхуащІэхэр ди гум идубыдэну икІи абыхэм фІыщІэ яхуэтщІыну зэрызыщыдмыгъэгъупщэнум дыхущІэкъу хъунущ. ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, фІыщІэ зыщІ цІыхухэр нэхъ насыпыфІэщ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэн хуей гуэри щыІэщ. АбыкІэ дэ Иеговэ щапхъэ тетхыфынущ. Алыхьым псори ищІэжми ди гуэныхьым дыхущІегъуэжауэ щытмэ, ар къытхуегъэгъу икІи ди щыуагъэхэр зыщегъэгъупщэ (Пс. 25:7; 130:3, 4). Алыхьыр хуейщ ди жагъуэ зыщІахэм къахуэдгъэгъуну икІи абыхэм я щыуагъэхэр дигу къэдмыгъэкІыжыну (Мт. 6:14; Лк. 17:3, 4).
ГъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ ди щхьэ куцІыр Иеговэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэ къэдгъэсэбэпын хуейщ. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ а тыгъэр къыдэзытам фІыщІэ зэрыхуэтщІыр. (14-нэ абзацым феплъ.)e
14. ГъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ ди щхьэ куцІыр Иеговэ тыгъэу къызэрыдитам щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
14 ГъэщІэгъуэныщэу зэхэлъ ди щхьэ куцІыр Иеговэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэ къэдгъэсэбэпын хуейщ. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ а тыгъэр къыдэзытам фІыщІэ зэрыхуэтщІыр. Языныкъуэхэм я щхьэ куцІыр щхьэхуещагъэкІэ къагъэсэбэп — сытыр фІыми сытыр Іейми езыхэм унафэ ящІыну хэтщ. Ауэ Иеговэ дыкъыщигъэщІакІэ, абы нэхъыфІу ещІэ дэ сэбэп къытхуэхъунумрэ зэран къытхуэхъунумрэ (Рим 12:1, 2). Абы и хабзэхэм дытету дыщыпсэум деж дэ гупсэхугъуэ диІэщ (Ис. 48:17, 18). ИкІи дэ ІупщІу къыдгуроІуэ ди гъащІэм и мыхьэнэр — дыкъэзыгъэщІауэ, уафэм щыІэ ди Адэр дгъэлъэпІэну икІи ар дгъэгуфІэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэну (Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр).
БИБЛИЕР — АЛЫХЬЫМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ТЫГЪЭЩ
15. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур Библиер дызэриІэм къигъэлъагъуэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
15 Библиер — уафэм щыІэ ди Адэм къыдита тыгъэ лъапІэщ. Абы фІыщэу дызэрилъагъум къыхэкІкІэ а тхылъыр къыдитащ. Иеговэ мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр Библием ирыригъэтхащ, псалъэм папщІэ: дэнэ дэ дыкъыздикІар? Сыт гъащІэм и мыхьэнэр? КъэкІуэну зэманым сыт къытпэщылъыр? Иеговэ хуейщ и бынхэм псоми а упщІэхэм я жэуапхэр ящІэну, абы къыхэкІкІэ лІэщІыгъуэ зыбжанэм и кІуэцІкІэ цІыхухэр хуигъэушащ Библиер бзэ куэдкІэ зэрадзэкІыну. Нобэ Библиер зэрыщыту е абы и Іыхьэ гуэрхэр бзэуэ 3 000-м нэхърэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІащ! Библиер псом нэхърэ нэхъыбэу къыдэкІ икІи бзэ нэхъыбэ дыдэкІэ зэдзэкІа тхылъщ. Дунейм тет и нэхъыбэ цІыхухэм, ахэр дэнэ щымыпсэуами Іэмал яІэщ а тхылъым езыхэм я бзэкІэ еджэну. («Африканскэ бзэхэмкІэ Библиер зэрадзэкІ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
16. Маттэ 28:19, 20 зэритымкІэ, абы нэмыщІ абзацым къыщыхьа нэгъуэщІ едзыгъуэхэм зэритымкІэ, Иеговэ Библиер къызэрыдитам щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
16 Иеговэ Библиер къызэрыдитам щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэнущ махуэ къэс абы деджэмэ, абы зыхуригъаджэм дегупсысмэ икІи къэтщІам дытету дызэрыпсэуным иужь дитмэ. Абы нэмыщІ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ Библием ит хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм сыт щыгъуи дадэгуашэмэ (Пс. 1:1—3; Мт. 24:14; къеджэ Маттэ 28:19, 20).
17. Мы статьям сыт хуэдэ тыгъэхэм я гугъу щытщІа икІи сыт хуэдэхэм къыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьыну?
17 Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьащ ди ЩІы дахащэм, гъэщІэгъуэну зэхэлъхьа ди щхьэ куцІым икІи Алыхьым и Псалъэ Библием. Ауэ дэ нэкІэ дымылъагъу нэгъуэщІ тыгъэхэри Иеговэ къыдитащ. А тыгъэ лъапІэхэм къыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынщ.
12-НЭ УЭРЭДЫР Ди Алыхьышхуэ Иеговэ
a Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Иеговэрэ абы къыдита тыгъэхэмрэ нэхъ лъапІэу тлъытэну. Абы нэмыщІ къыддэІэпыкъунущ Алыхьыр зэрыщыІэм шэч къытезыхьэхэм ди еплъыкІэр яжетІэну.
b Псалом 40:5: «Уэ Иеговэ, си Алыхь, Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн куэд пщІащ, сыту куэд хъурэ дэ ттеухуауэ уи гупсысэхэр. Уэ пхуэдэ зыри щыІэкъым. Абыхэм теухуауэ жысІэнущ икІи сытепсэлъыхьынущ — апхуэдизкІэ куэдщи ахэр схуэбжынукъым».
c Псалом 115:16: «Уафэр — уафэр Иеговэ ейщ, щІылъэр цІыху лъэпкъым я къуэхэм яритащ».
d Псалом 77:11, 12: «Сигу къэзгъэкІыжынщ Иаг илэжьа Іуэхухэр. Ижь зэманым пщІа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр сигу къэзгъэкІыжынщ. Іуэхуу блэжь псоми сегупсысынщ. ПщІэ псоми куууэ сегупсысынщ».
e СУРЭТЫР. Ди шыпхъум нэгъуэщІыбзэ зрегъащІэ нэгъуэщІ къэралым къикІахэм Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэмкІэ дэгуэшэн щхьэкІэ.