Гущабагъэ. Мы хьэл-щэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
Са́рэa къыддогуашэ: «Сэ сыукІытэхщ икІи тегушхуэныгъэ схурикъукъым. Абы къыхэкІкІэ цІыху щхьэхуещэхэм сахэтыну къызогугъуэкІ. Ауэ гущабагъэрэ Іэдэбагърэ зыхэлъ цІыхухэм сахэтыну си гуапэщ. Абыхэм сащригъусэкІэ сызэрыщымыт зысщІын хуейкъым. Си гурыщІэхэмкІэ икІи сызыгъэгузавэмкІэ сэ абыхэм тыншу садогуэшэф. Си нэбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэр цІыху щабэщ икІи Іэдэбщ».
Сарэ и псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, цІыхухэм ягу ирохь гущабагъэ зыхэлъхэр. Иегови гущабагъэ зыхэлъ цІыхухэр фІыуэ елъагъу. Алыхьым и Псалъэм дыкъыхуреджэ: «Гущабагъэри... фи гум ивгъэлъ» (Кол. 3:12). Ауэ гущабагъэр зищІысыр сыт? А хьэл-щэныр Хьисэ дапхуэдэу зэригъэлъэгъуар? Гущабагъэ зэрытхэлъым дапхуэдэу ди гъащІэр нэхъ насыпыфІэ зэрищІыр?
ГУЩАБАГЪЭР ЗИЩІЫСЫР СЫТ?
Гущабагъэ зыхэлъ цІыхур зэпІэзэрытщ икІи ар адрейхэм щабэу яхущытщ. Абы нэмыщІ гъащІэм зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм апхуэдэ цІыхур и пІэм кърашкъым.
Гущэбагъэ пхэлъыныр къарущ. Япэм Іэлу щыта шыр къаубыдрэ ягъэса иужь, а шым хуахьт «гущэбагъэ» жаІэу зэрадзэкІа алыдж псалъэр. Шы къагъэІэсам хэлъ къарур нэхъ мащІэ хъутэкъым, ауэ иджы ар цІыхум хуэІурыщІэт. Абы ещхьу, гущабагъэр дэ къыддоІэпыкъу зышыІэныгъэ тхэлъыну икІи ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр тхъумэну.
Уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Сэ гущабагъэ схэлъкъым». Дэ гущабагъэ зыхэдгъэлъыну тыншкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дыщыпсэу дунейм цІыху пагэхэмрэ тэмакъкІэщІхэмрэ куэд хъуащ (Рим 7:19). Ауэ Иеговэ и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ а хьэл-щэныр дэ зыхэтлъхьэфынущ (Гал. 5:22, 23). Гущабагъэр зыхэтлъхьэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
Гущабагъэм цІыхур зыІэпешэ. Статьям и пэм зи гугъу тщІа Сарэ хуэдэу, дэри ди гуапэщ гущабагъэ зыхэлъхэм дахэтыну. Гущабагъэр нэгъэсауэ зыхэлъар икІи нэхъ цІыхуфІ дыдэу щытар Хьисэщ (2 Кор. 10:1). Сабийхэм Хьисэ фІы дыдэу иджыри ямыцІыхуми я фІэфІт абы бгъэдэсыну (Мар. 10:13—16).
Гущабагъэм дыкъэзыухъуреихь цІыхухэри дэри дыкъехъумэ. Гущабагъэр къыддоІэпыкъу псори ди гум едмыгъэжэлІэну икІи сыт къэмыхъуами зэпІэзэрыту дыкъэнэну (Прит. 16:32). А хьэл-щэныр тхэлъмэ, ди пІэм дыкъикІыу фІыуэ тлъагъум и жагъуэ хъун икІи иужькІэ дэ дызыхущІегъуэжын псалъэхэр жетІэнукъым. ЗытхуэшыІэмэ, дыкъэзыухъуреихь цІыхухэми я гуапэ хъунущ къытхэтыну.
ХЬИСЭ ЩАПХЪЭФІ ДЫДЭ ТХУЭХЪУАЩ
Хьисэ и пщэм къалэн куэд зэрыдэлъам емылъытауэ, гущабагъэ хэлъу псоми яхущытт. А зэманым цІыхухэр гугъу ехьт икІи гупсэхугъуэ къезытыным хуэныкъуэт. Хьисэ и псалъэхэм абыхэм я гур къыщІиубыдауэ къыщІэкІынущ: «Си деж фыкъакІуэ... ...Сэ си гур щабэщ икІи пагагъэ схэлъкъыми» (Мт. 11:28, 29).
Гущабагъэ тхэлъыну Хьисэ и щапхъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? Библием дэ къыщыдощІэ Хьисэ цІыхухэм зэрыхущытам икІи гугъуехь гуэрым пэщІэхуа иужь абы зэрыпэлъэщу щытам теухуауэ. ИужькІэ гущабагъэ тхэлърэ тхэмылърэ зыгъэунэху гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж, дэ Хьисэ щапхъэ тыдох (1 Пет. 2:21). Хьисэ гущабагъэ хэлъыну къыдэІэпыкъуу щытам теухуауэ адэкІэ къэтщІэнщ.
Хьисэ Іэдэбагъ хэлът. Абы жиІащ: «Сэ си гур щабэщ икІи пагагъэ схэлъкъым» (Мт. 11:29). Гущабагъэмрэ пагагъэ пхэмылъынымрэ зэпыщІащи, ахэр Библием зэгъусэу къыщыхьащ (Еф. 4:1—3).
Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу цІыху зыкъызыфІэщІыжауэ дыщымытыну икІи къыдат чэнджэщхэр зыхэтлъхьэну. Хьисэ ефэн-ешхэн фІэкІа Іуэху имыІэ хуэдэу цІыхухэм щыжаІэм, сыт абы ищІар? Хьисэ абы егъэлеяуэ иригузавэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэм къыхужаІэр зэрыпцІыр абы и Іуэхухэм къыхэщт. Абы жиІат: «АкъылыфІагъэм къыхэкІа къэхъукъащІэхэм а акъылыфІагъэр ягъэщыпкъэ» (Мт. 11:19).
ДыкъызыхэкІа лъэпкъым е дыкъыщыхъуа унагъуэм теухуауэ ди жагъуэ хъун псалъэхэр зыгуэрым емыгупсысауэ къыджиІэмэ, абы щабэу жэуап еттыфыну пІэрэ? Ди къуэш Пи́тер ЮАР-м щопсэу икІи ар зэхуэсым и нэхъыжьу мэлажьэ. Абы жеІэ: «Зыгуэрым и псалъэхэм сыкъыщагъэгубжьым деж, сэ сызоупщІыж: „Хьисэ си пІэм итамэ, сытыт ищІэнур?“» Абы иджыри щІегъу: «Си щхьэм куэдыІуэу семыгупсысу зезгъэсащ».
Хьисэ ищІэжт цІыхухэм гуэныхь зэрыхэлъыр. Хьисэ и гъэсэнхэр хуейт псори пэжу ящІэну, ауэ яхэлъ гуэныхьыр абыхэм зэран къахуэхъут. Псалъэм папщІэ, Хьисэ яукІыным ипэ къихуэу Петр, Екъуб, Иуан сымэ елъэІуат къыдэІэпыкъуну, ауэ абыхэм ар яхузэфІэкІакъым. Хьисэ зэхэщІыкІ хэлъу абыхэм яжриІащ: «Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфІэкІыркъым» (Мт. 26:40, 41). Апостолхэр зэрыгуэныхьлыр Хьисэ къыгурыІуэти, абыхэм яхуэгубжьтэкъым.
Япэм Мэ́нди адрейхэм куэд яхуигъэувт, ауэ иджыпсту абы къарууэ иІэр хелъхьэ Хьисэ хуэдэу щабэу щытын щхьэкІэ. Ар къыддогуашэ: «Сэ сигу къызогъэкІыж псоми гуэныхь зэрытхэлъыр икІи, Иеговэ хуэдэу, адрейхэм яхэлъ фІым гу зэрылъыстэным сыхущІокъу». Гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм гущІэгъу хуэзыщІу щыта Хьисэ и щапхъэр къыддоІэпыкъу дэри гущабагъэ тхэлъыну.
Хьисэ Алыхьым щыгугът. Хьисэ хабзэншагъэм щІылъэм щыІущІащ: абы пцІы къытралъхьащ, ар Іумпэм ящІащ икІи икІэм-икІэжым яукІащ. А псом емылъытауэ, абы гущабагъэр зыфІигъэкІуэдакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, «а Іуэхур Тхьэуэ цІыхухэм хьэкумыр захуагъэкІэ ятезыщІыхьым ирихьэлІащ» (1 Пет. 2:23). Хьисэ ищІэт уафэм щыІэ и Адэр абы къызэрыдэІэпыкъунур икІи и зэманыр къэсмэ хабзэншагъэм кІэ зэрыритынур.
Хабзэншагъэм дыпэщІэхуа иужь ди пІэм дыкъикІмэ, абыкІэ ди Іуэхур нэхъ Іей тщІыуэ аращ. Библием дигу къегъэкІыж: «ЦІыхур губжьмэ, Тхьэм дежкІэ щыпкъагъэ илэжьыркъым» (Екъуб 1:20). Ди губжьым щхьэусыгъуэ иІэми, гуэныхь тхэлъым дызыхущІегъуэжын гуэр дигъэщІэнкІэ хъунущ.
Германием щыпсэу Кэ́ти къыщыхъут езыр и щхьэм къыщхьэщымыжмэ, нэгъуэщІ зыри къыдэмыІэпыкъуну. Ауэ абы и еплъыкІэм зихъуэжащ, Иеговэ дзыхь хуищІу зригъэса нэужь. Абы жеІэ: «Иджыпсту сэ къэслъытэкъым зэпымыууэ си щхьэм сыкъыщхьэщыжын хуейуэ. Иеговэ псори зэрилъагъур зэрызыщызмыгъэгъупщэр къыздоІэпыкъу гущабагъэр зыхэзгъэлъыну». Хабзэншагъэ гуэр ущрихьэлІэм деж, Хьисэ хуэдэу, Иеговэ щыгугъ. Ар уэ къыбдэІэпыкъунущ гущабагъэ пхэлъу укъэнэну.
«ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕУВАЩ ЗИГУ ПАГАГЪЭ ИМЫЛЪХЭР»
Гугъуехь гуэрым дыщыпэщІэхуэм деж, гущабагъэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
Хьисэ зэрыжиІамкІэ, цІыхур насыпыфІэ дыдэ хъун щхьэкІэ, гущабагъэ хэлъын хуейщ. Мис абы и псалъэхэр: «Гъуэгу махуэ теуващ зигу пагагъэ имылъхэр» (Мт. 5:5). Иджыпсту зэпкърытхынщ гущабагъэр къызэрыддэІэпыкъур.
Гущабагъэр зэщхьэгъусэхэм ядоІэпыкъу я зэхуаку къыдыхьэ зэгурымыІуэныгъэхэм пэлъэщыну. Австралием щыпсэу Ро́берт къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэм и жагъуэ сщІыну мурад сиІэтэкъым, ауэ зэгуэр сыгубжьауэ сэ абы псалъэ дыдж куэд жесІат. Си псалъэхэм къезгъэгъэзэжыфынутэкъым икІи ахэр си щхьэгъусэм и гум зэреуар къыщызгурыІуам, си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжт».
Библием щыжыІащ: «Дэ псоми Іуэхугъуэ куэдкІэ гуэныхь дощІэ» (Екъуб 3:2). Мы едзыгъуэм къыдгурегъаІуэ цІыхум и щхьэгъусэм и гум еуэн псалъэхэр емыгупсысауэ зэрыжриІэнкІэ хъунур. Апхуэдэ гуэр къыщыхъум деж, гущабагъэр дэ къыддэІэпыкъунущ дыкъэмыгубжьыну икІи псалъэ жагъуэ цІыхум пэдмыдзыжыну (Прит. 17:27).
Роберт къару куэд ирихьэлІэн хуей хъуащ нэхъ зэпІэзэрыт хъун икІи зышыІэныгъэ зыхилъхьэн щхьэкІэ. Сыт абы къыпэкІуар? Мис абы жиІэр: «Иджы ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ гуэр къыщыдыхьэм деж, сэ къару изохьэлІэ си щхьэгъусэм къызжиІэм фІыуэ седэІуэну, щабэу сепсэлъэну икІи си жагъуэ сымыщІыну. Ди зэхущытыкІэхэр куэдкІэ нэхъыфІ хъуащ».
Гущабагъэр къыддоІэпыкъу цІыхухэм дагурыІуэу дыпсэуну. Зигъэгусэну зи хьэл цІыхум ныбжьэгъу мащІэщ иІэр. Гущабагъэ зыхэлъ цІыхур адрейхэм тыншу ягуроІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар мамырыгъэм хущІокъу (Еф. 4:2, 3). Ипэм зи гугъу тщІа Кэти жеІэ: «Гущабагъэ зэрысхэлъым и фІыгъэкІэ цІыхухэм къызэпсэлъэну я гуапэщ. УзыгурыІуэну гугъу цІыхухэми бгъэдыхьэкІэ иджы къахузогъуэтыф».
Гущабагъэм гупсэхугъуэ къыует. Библием зэрыжиІэмкІэ, «уафэм къикІ акъылыфІагъэр» гущабагъэмрэ зэкІужыныгъэмрэ епхащ (Екъуб 3:13, 17). Гущабагъэ зыхэлъ цІыхум «гу зэпІэзэрыт» иІэщ (Прит. 14:30, Гъэсэпэтхыдэхэр). Гущабагъэм хущІэкъу Ма́ртин къыддогуашэ: «Сэ нэхъ дэсчыхыу сыхъуащ икІи сызыхуейр сыт щыгъуи кІуэцІырызгъэкІыну иужь ситыжкъым. Абы гупсэхугъуэрэ гуфІэгъуэрэ къысхуихьащ».
Гущабагъэр зыхэтлъхьэн папщІэ къару куэд етхьэлІэн хуейуэ къыщІэкІынщ. Ди зы къуэшым жеІэ: «Пэжыр жысІэнщи, иджыри къыздэсым Іуэхугъуэ гуэрым сыкъыщигъэкъуалъэ къохъу». Ауэ гущабагъэ тхэлъыну дезыгъасэ Иеговэ Іэмал имыІэу къыддэІэпыкъунущ апхуэдэ гурыщІэ Іейхэм датекІуэну (Ис. 41:10; 1 Тим. 6:11). Абы и кІэм нэс дигъэсэнущ икІи зэфІэкІ къытхилъхьэнущ (1 Пет. 5:10). Апостол Паул щапхъэ тетхыу, дэ хуэм-хуэмурэ зедгъэсэнущ Мэссихь хэлъ гущабагъэмрэ Іэсагъэмрэ хуэдэ тхэлъу адрей цІыхухэм дахущытыну (2 Кор. 10:1).
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.