26 Статьяр
Гугъуехь зиІэхэм фадэІэпыкъу
«Зэнэзэпсэу фызэдэпсэу. Зыр зым хуэгумащІэу, къуэшыгъэ фяку дэлъу, фІыуэ фызэрылъагъуу, гущІэгъу фиІэу, пагагъэ фи гум имылъу фыщыт» (1 ПЕТ. 3:8).
107-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ ди Адэ Иеговэ дауэ щапхъэ зэрытетхыфынур?
ИЕГОВЭ дэ фІыщэу делъагъу (Ин. 3:16). Лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ ди Адэм щапхъэ тетхыну дыхуейщи, псоми дахуэгумащІэу, гущІэгъу яхуэтщІу икІи фІыуэ тлъагъуу дахущытыну дыхущІокъу, псом хуэмыдэу зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм (Гал. 6:10; 1 Пет. 3:8). Ди къуэш, ди шыпхъухэр гузэвэгъуэ щыпэщІэхуам деж, дэ абыхэм дадэІэпыкъуну дыхуейщ.
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Иеговэ хуэлэжьэну хуей дэтхэнэ зыри гъэунэхуапІэхэм ихуэнущ (Мк. 10:29, 30). Иеговэ ШейтІаным и дунейм кІэ къыхуигъэкІуэн ипэ гъэунэхуапІэхэр нэхъыбэж хъуну къыщІэкІынущ. НтІэ, зыр зым дауэ дызэрыдэІэпыкъунур? АдэкІэ зэпкърытхынщ ЛутІ, Іэиуб, НэІумий сымэ теухуауэ Библием итым сытым дыхуигъэсэфынуми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынщ ди къуэш, ди шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэми икІи дапхуэдэу абыхэм дадэІэпыкъуфынуми.
ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ
3. 2 Петр 2:7, 8 зэритымкІэ, ЛутІ унафэ ищІар тэмэму щымытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур икІи сыт абы кърикІуар?
3 ЛутІ унафэ ищІар тэмэмтэкъым: ар мыхъумыщІагъэм зэщІищта Содомым дэтІысхьат. (Къеджэ 2 Петр 2:7, 8.) Содомыр зызыужь къалэхэм щыщт, ауэ ЛутІ унафэ ищІам езым и зэран къикІащ (ЩІэдз. 13:8—13; 14:12). А къалэм е абы дэс цІыхухэм ЛутІ и щхьэгъусэм и гур апхуэдизу кІэрыпщІати, Иеговэ жиІам едэІуакъым. А щІыпІэр Иеговэ мафІэкІэ щигъэкІуэдым щыгъуэ ар хэкІуэдащ. ЛутІ и пхъуитІми фегупсыс. Ахэр къэзышэн хуея щІалэхэри хэкІуэдащ. ЛутІ и унэр, и мылъкур икІи, псом нэхърэ нэхъ Іейращи, и щхьэгъусэр фІэкІуэдащ (ЩІэдз. 19:12—14, 17, 26). Абы щыгъуэ Иеговэ сыт хуэдэ хьэл-щэн игъэлъэгъуар?
Иеговэ ЛутІрэ абы и унагъуэмрэ гущІэгъу яхуищІри мелыІычхэр яхуигъэкІуащ, ахэр къригъэлыну. (4-нэ абзацым феплъ.)
4. ЛутІ и Іуэхум щыгъуэ Иеговэ дауэ шыІэныгъэ зэригъэлъэгъуар? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
4 Содом къалэм щыпсэуну къыхэзыхар езы ЛутІми Иеговэ абы гущІэгъу хуищІри езымрэ и унагъуэмрэ къригъэлын щхьэкІэ мелыІычхэр хуигъэкІуащ. Ауэ мелыІычхэм зэрыжаІэм хуэдэу Содомым псынщІэу къыдэмыкІыу ЛутІ зиІэжьэт. Абы къыхэкІкІэ мелыІычхэм ЛутІрэ абы и унагъуэмрэ я Іэр яубыду, къалэм къыдашын хуей хъуащ (ЩІэдз. 19:15, 16). ИужькІэ бгымкІэ жэну мелыІычхэм абы унафэ хуащІащ. Ауэ ЛутІ абыхэм елъэІуащ гъунэгъуу щыт къалэм кІуэну ар хуит ящІыну (ЩІэдз. 19:17—20). Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу ЛутІ жиІэм едаІуэри, ар хуит ищІащ зэрыхуейм хуэдэу ищІыну. ИужькІэ а къалэм дэсыну ЛутІ шынэу хъуати, ар бгымкІэ дэкІуеящ — Иеговэ япэ дыдэу здигъэкІуэну хуея щІыпІэм (ЩІэдз. 19:30). Сыту шыІэныгъэшхуэ игъэлъэгъуа Иеговэ! Дэ абы дауэ щапхъэ зэрытетхыфынур?
5, 6. Иеговэ щапхъэ тетхыу 1 Фессалоникэ 5:14 ит псалъэхэр дауэ къызэрыдгъэсэбэпыфынур?
5 ЛутІ хуэдэу, ди къуэш, ди шыпхъухэм щыщ гуэр унафэ мытэмэм зэрищІам щхьэкІэ гугъуехь гуэрхэм пэщІэхуэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж сыт дэ тщІэнур? Дэ мыпхуэдэу абы жетІэну дыхуеинкІэ хъунущ: «Іуэху блэжьам къыпэкІуар бгъуэтыжащ» (Гал. 6:7). Дэ жытІэр пэжу щытми, Иеговэ ЛутІ зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу, дэри гугъуехь пэщІэхуа цІыхум дыдэІэпыкъумэ нэхъыфІщ.
6 Иеговэ мелыІычхэр ЛутІ деж игъэкІуат къэхъунур жригъэІэн щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ апхуэдэу щІищІам нэгъуэщІ щхьэусыгъуи иІэт: Содомыр щигъэкІуэдкІэ ЛутІрэ и унагъуэмрэ хэмыкІуэдэн щхьэкІэ дэІэпыкъуну хуейт. Апхуэдэу дэри къуэш гуэрым унафэ ищІым езым и зэран къикІыну гу лъыттамэ, абы щытхъумэн хуейщ икІи дыдэІэпыкъуну дыхьэзыру дыщытын хуейщ. Библием тегъэщІауэ етта чэнджэщыр къуэшым занщІэу имыгъэзащІэми, шыІэныгъэ зыхэдгъэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Фи Іэр евмыхьэх икІи къуэшым зимыхъуэжыфыну фимыгугъэ. МелыІычхэр ЛутІ зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу фэри абы фыдэІэпыкъу (1 Ин. 3:18). Къуэшым «и Іэр фыубыди» Библием тегъэщІа чэнджэщым тетыну фыдэІэпыкъу. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:14.)
7. Иеговэ ЛутІ зэрыхущытам хуэдэу, дэри ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытыну сыт къыддэІэпыкъунур?
7 Иеговэ ЛутІ и щыуагъэхэм фІэкІ гу лъимытэу икІи фІы хэлъыр имылъагъуу щытакъым. Абы апостол Петр хуигъэушауэ щытащ ЛутІ цІыху пэжкІэ еджэну. Сыту гуфІэгъуэшхуэ пщІэну Иеговэ ди щыуагъэхэр къызэрытхуигъэгъур! (Пс. 130:3). Иеговэ ЛутІ зэрыхущытам хуэдэу, дэри ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытыну сыт къыддэІэпыкъунур? Абыхэм я хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэмэ, ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ шыІэныгъэ тхэлъу дахущытыну. Езыхэми я гуапэу дыздагъэІэпыкъунущ.
ГУЩІЭГЪУ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ
8. ЦІыхум гущІэгъу хуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
8 ЛутІ ещхьу Іэиуб унафэ мытэмэм ищІатэкъым. Ауэ абы гугъуехь куэд ишэчащ: абы и мылъкур фІэкІуэдащ, пщІэ къыхуамыщІыж хъуащ икІи уз Іей къеуэлІащ. А псом нэмыщІ, и быну хъуари лІащ. Ныбжьэгъуу ибжхэми ягъэкъуаншэу щІадзащ. Сытыт абыхэм Іэиуб гущІэгъу щІыхуамыщІар? Абы и щхьэусыгъуэхэм щыщ зыщ Іэиуб и Іуэхур зыІутыр зыгурагъэІуэну зэрыхэмытар. Абы къыхэкІкІэ ахэр гупсысэ нэпцІым къыхуэкІуэри Іэиуб пцІы тралъхьэу щІадзащ. Абыхэм я щыуагъэм хуэдэ дымыщІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ закъуэщ Іуэхур зыІут псор зыщІэр. Гугъуехь зиІэ цІыхум жиІэм фІыуэ федаІуэ, и гум хьэлъэ телъыр зыгурывгъэІуэну фыхущІэкъу. Абы щыгъуэщ фэ нэгъэсауэ цІыхум гущІэгъу щыхуэфщІыфынур.
9. ГущІэгъу тхэлъмэ, сыт дэ дымыщІэнур икІи сыт щхьэкІэ?
9 ГущІэгъум дыхуигъэушынущ къуэш, шыпхъухэр зыпэщІэхуа гугъуехьхэр дгъэхъыбару дыдэмытыну. Бзэгу зехьэным зэхуэсыр зэкъуэт ищІкъым, атІэ махэ ищІу аращ (Прит. 20:19, Гъэсэпэтхыдэхэр; Рим 14:19). Бзэгу зезыхьэ цІыхум зэмыгупсыса и псалъэхэмкІэ гугъу ехь цІыхум и гуауэр нэхъ хьэлъэж ищІыфынущ (Прит. 12:18, Гъэс.; Еф. 4:31, 32). Аращи, цІыхум фІы хэлъым гу лъыдвгъатэ икІи дызэрыдэІэпыкъуну щІыкІэм дызэрегупсысыным иужь дивгъэт.
Къуэшым зэмыгупсыса псалъэхэр жиІэмэ, шыІэныгъэ фхэлъу абы федаІуэ. ИужькІэ нэхъ щыхуэкІуэ зэманым щабэу фепсалъэ. (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)d
10. Иов 6:2, 3 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
10 Къеджэ Иов 6:2, 3b. Іэиуб «зэмыгупсыса псалъэхэр» щыжиІа къэхъуащ. Ауэ иужькІэ ар и псалъэхэм хущІегъуэжащ (Иов 42:6). Іэиуб хуэдэу, гугъуехь гуэрым пэщІэт ди къуэшым е ди шыпхъум иужькІэ зыхущІегъуэжын псалъэхэр жиІэнкІэ хъунущ. Дапхуэдэу дэ абы дызэрыхущытынур? Ахэр дгъэкъуаншэ нэхърэ гущІэгъу яхуэтщІмэ нэхъыфІщ. Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ къыщигъэщІам щыгъуэ абыхэм гуэныхь яхэлътэкъым икІи Жэнэт дахащэм щыпсэут. Абы къегъэлъагъуэ дэ нобэ гугъуехь диІэхэм хуэдэ цІыхухэм яІэн хуейуэ Алыхьым къызэримыгъэщІауэ щытар. Аращи, дэ дгъэщІагъуэкъым Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр гугъуехь щыпэщІэхуэкІэ е стресс щаІэкІэ иныкъуэхэм деж зэмыгупсыса псалъэхэр зэрыжаІэр. Иеговэ теухуауэ е дэ ттеухуауэ абыхэм мыпэж гуэрхэр жаІэми дыкъэгубжьын хуейкъым е ахэр дгъэкъуаншэ хъунукъым (Прит. 19:11).
11. Дауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Елиуй щапхъэ зэрытрахыфынур къуэшым е шыпхъум чэнджэщ иратын хуей хъумэ?
11 Иныкъуэхэм деж гугъуехь зиІэ цІыхур дэІэпыкъуэгъум икІи чэнджэщым хуэныкъуэщ (Гал. 6:1). Апхуэдэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейр? Абыхэм Елиуй щапхъэ трахыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Абы Іэиуб гущІэгъу хуищІащ икІи жиІэхэм едэІуащ (Иов 33:6, 7). Елиуй Іэиуб псалъэ жиІэхэм и щхьэусыгъуэр къыгурыІуа иужьщ чэнджэщ ириту щыщІидзар. Елиуй щапхъэ тезых зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэм жаІэм фІыуэ едэІуэнущ икІи я Іуэхур зытетыр зыгурагъэІуэну иужь итынущ. Апхуэдэу ящІмэ, чэнджэщ щратым деж я гум нэсыфынущ.
Я ГУАУЭР ДЭФІЫГЪ
12. НэІумий и лІымрэ и къуитІымрэ лІа иужь сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэ хъуат?
12 НэІумий Иеговэ пэжу хуэлажьэт икІи ар фІыщэу илъагъут. Ауэ и щхьэгъусэмрэ и къуитІымрэ лІа иужь абы МарэкІэ къеджэну хуейт. Марэ цІэм «дыдж» къикІыу аращ. (Руфэ 1:3, 5, 20 сноскэ, 21). НэІумий сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, абы и нысэ Руфэ сыт щыгъуи и гъусащ. Руфэ и гуащэм зэрыдэІэпыкъум нэмыщІ, абы иджыри гупсэхугъуэ иритт. И гум къыбгъэдэкІыу жиІэ псалъэ гуапэхэмкІэ абы НэІумий фІыуэ зэрилъагъур икІи зэи къызэримыгъэнэнур къыгуригъаІуэт (Руфэ 1:16, 17).
13. Зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда къуэш, шыпхъухэм сыт дащІыдэІэпыкъун хуейр?
13 Иеговэ и Щыхьэтым и щхьэгъусэр лІамэ, ар ди дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэщ. Зэщхьэгъусэхэр ебгъэщхь хъунущ зэбгъэдэту зэгъусэу къэкІ жыгитІым. Зэман докІри а жыгхэм я лъэхъцхэр зэхозэрыхьри зэроубыд. Зы жыгыр къыхэптхъмэ, етІуанэм зэранышхуэ екІыфынущ. Апхуэдэ дыдэу цІыхум и щхьэгъусэр лІа иужь, абы зэман куэдкІэ и гум гуауэ илъыфынущ. Зи щхьэгъусэр лІа ди шыпхъу По́лэc къыддогуашэ: «Сэ си гъащІэм зэуэ зихъуэжащ. ДэІэпыкъуэгъу симыІэжу къысщыхъут. Си гум илъу хъуар зыжесІэу щыта си ныбжьэгъур сфІэкІуэдащ. Си щхьэгъусэм гуауэри гуфІэгъуэри къыздиІыгът. Гугъуехь сыщиІэм деж зыкъыздыщІигъакъуэт. Си щІэлъэныкъуэр гуахам хуэдэщ».
Зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда цІыхум дауэ дыдэІэпыкъуфыну? (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)e
14, 15. Зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда цІыхум дауэ и гуауэр зэрыдэтІыгъынур?
14 Зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда цІыхум дауэ и гуауэр зэрыдэтІыгъынур? Япэрауэ, абы фепсалъэн хуейщ, фепсалъэну къывэгугъуэкІми е жыфІэнур фымыщІэми. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Полэ жеІэ: «Сэ къызгуроІуэ, фІыуэ илъагъур зыфІэкІуэда цІыхум бгъэдыхьэкІэ къыхуагъуэтынур куэдым зэрамыщІэр. Ахэр мэшынэ хуэмыкІуэ гуэр жаІэну, ауэ апхуэдэ гуэр къыбжаІэми нэхъыфІщ зыри къыбжамыІэ нэхърэ». Гуауэ зиІэ цІыхур щыгугъкъым дэ абы гупсысэ куу гуэр жетІэну. Полэ пещэ: «Сэ си гуапэ хъут си ныбжьэгъухэм „Іейуэ си жагъуэ хъуащ“,— къыщызжаІэм щыгъуэ».
15 Илъэс зыбжанэ ипэ зи щхьэгъусэр лІа Уи́льям жеІэ: «Сэ си гуапэ мэхъу си щхьэгъусэм теухуауэ си ныбжьэгъухэм зыгуэр щыжаІэжым деж. Абы къызгурегъаІуэ ар фІыуэ ялъагъуу икІи пщІэ хуащІу зэрыщытар. ПсалъэкІэ пхужыІэнкъым си щхьэгъусэм апхуэдэу зэрытепсэлъыхьым сызэригъэгушхуэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ ар фІыуэ слъагъут икІи си дежкІэ ар лъапІэт». Фызабэ хъуа Бья́нкэ къыдгурегъаІуэ: «Сэ гупсэхугъуэ зыхызощІэ нэгъуэщІхэр си гъусэу Алыхьым зыщыхуагъазэм, Библием щыщ едзыгъуэ зытІущ къещеджэм, си щхьэгъусэр ягу къыщагъэкІыжым икІи абы теухуауэ сэ жысІэжым щедаІуэм деж».
16. 1) ФІыуэ илъагъу цІыхур зыфІэкІуэдам адэкІи и гуауэр дэтІыгъын щІыхуейр сыт? 2) Екъуб 1:27 зэритымкІэ, Иеговэ сыт хуэдэ къалэн къыдитар?
16 Руфэ сыт щыгъуи НэІумий зэригъусам хуэдэу, дэри фІыуэ илъагъу цІыхур зыфІэкІуэдам адэкІи и гуауэр дэтІыгъын хуейщ. Полэ къыддогуашэ: «Си лІыр щылІам щыгъуэ псори къыздэІэпыкъут. Зэман дэкІри щхьэж и Іуэху иужь ихьэжащ, ауэ сэ си гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэм сесэфакъым. ФІыуэ илъагъу цІыхур зыфІэкІуэдам дэІэпыкъуэгъу мазэ бжыгъэкІи, иныкъуэхэм деж илъэс бжыгъэкІи зэрыхуэныкъуэр нэгъуэщІхэм къащыгурыІуэм деж фІыщ». ДауикІ, цІыхухэр псори зэщхькъым. Хэти и гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэм псынщІэу йосэ. Хэти и щхьэгъусэм и гъусэу Іуэху ищІэу щытам пэрыувэхукІэ къэхъуа гуауэр игу къокІыж. ЦІыхухэр гуауэм зэрыпэлъэщыр зэщхькъым. Зыщыдгъэгъупщэнкъым щхьэгъусэ зыфІэкІуэдахэм дадэІэпыкъуну Иеговэ унафэ къызэрытхуищІар. Ар къалэнышхуэщ икІи пщІэшхуэщ. (Къеджэ Екъуб 1:27.)
17. Хэт иджыри дызыдэІэпыкъун хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
17 Алыхьым и лэжьакІуэр и щхьэгъусэм щыхыфІидзэ къохъу. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэми гуауэшхуэ зыхащІэ. Ди шыпхъу Джойс и лІыр нэгъуэщІ цІыхубзым хыхьэжат. Джойс жеІэ: «Си лІыр лІатэмэ, гуауэр апхуэдэу зыхэсщІэнкІэ хъунтэкъым. Си лІыр машинэм иукІатэмэ е сымаджэ хъурэ лІатэмэ, абы сыкъигъэнэну апхуэдэ унафэ ищІауэ жыпІэ хъунутэкъым. Ауэ си лІым ищІэнур къыхихыну Іэмал иІащ икІи абы сыкъигъэнэну мурад ищІащ. Си пщІэр еудыхауэ икІи си напэр текІауэ къысщыхъут».
18. Зи щхьэгъусэр зыфІэкІуэдахэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
18 Зи щхьэгъусэр зыфІэкІуэдахэм гуапэу зыгуэр щахуэтщІэм деж, дэ абыхэм идогъэлъагъу фІыуэ зэрытлъагъур. Апхуэдэм деж ахэр, псом хуэмыдэу ныбжьэгъу хуэныкъуэщ (Прит. 17:17). Абыхэм ныбжьэгъуфІ дауэ фазэрыхуэхъуфынур? Ахэр къевгъэблагъэу шэджагъуашхэ зэдэфщІ, зэгъусэу зыщІыпІэ зыщывгъэпсэху икІи хъыбарыфІыр вгъэІу хъунущ. Абы нэмыщІ унагъуэр зэгъусэу Библиер щывджкІэ къевгъэблагъэ хъунущ. Апхуэдэу фщІэмэ, Иеговэ вгъэгуфІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар «зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ» икІи щхьэгъусэ зимыІэжхэм къыщхьэщож (Пс. 34:18; 68:5).
19. 1 Петр 3:8 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ?
19 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэм и тепщэ хъуа иужь цІыхухэм «блэкІа гугъуехьхэр ящыгъупщэжынущ». Дэ къытхуэмыгъэсу дожьэ «блэкІа Іуэхухэр» афІэкІа дигу къыщымыкІыжыну зэманым (Ис. 65:16, 17). А зэманыр къэсыху зыр зым дыдэвгъэІэпыкъу икІи ди Іуэхухэми ди псалъэхэми къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур къыхэщу щрет! (Къеджэ 1 Петр 3:8.)
110-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэр
a ЛутІ, Іэиуб, НэІумий сымэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжу щытащ, ауэ ахэри гугъуехьхэм пэщІэхуащ. Мы статьям къыщытщІэнущ абыхэм я щапхъэм сытым дыхуигъэсэфынуми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ гугъуехь зиІэ къуэш, шыпхъухэм шыІэныгъэрэ гущІэгъурэ тхэлъу дадэІэпыкъуну икІи гупсэхугъуэ еттыну мыхьэнэшхуэ щІиІэм.
b Иов 6:2, 3: «Си гуауэр яшэчатэмэ икІи си насыпыншагъэр тэрэзэм тралъхьатэмэ! Иджыпсту ахэр хы Іуфэм Іулъ пшахъуэм нэхърэ нэхъ хьэлъэщ, аращ сызэмыгупсыса псалъэхэр щІыжысІэр».
c Мы статьям ит цІэхэр хъуэжащ.
d СУРЭТЫР. Гугъуехь зиІэ къуэшым зэхуэсым и нэхъыжьым зэмыгупсыса псалъэхэр жреІэ, ауэ зэхуэсым и нэхъыжьым шыІэныгъэ хэлъу къуэшым жиІэм йодаІуэ. ИужькІэ къуэшыр теужа иужь зэхуэсым и нэхъыжьым абы щабэу чэнджэщ ирет.
e СУРЭТЫР. Куэд мыщІауэ зи щхьэгъусэр зыфІэкІуэда къуэшым зэщхьэгъусэхэр йопсалъэ. Ахэр зэгъусэу сурэтхэм йоплъ икІи и щхьэгъусэр ягу къагъэкІыж.