Иблисым и къапхъэным дауэ зыщытхъума хъуну?
ИЗРАИЛ ЦІЫХУХЭР Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм ихьэн хуейуэ щытт. Абыхэм къахуэнэжар Иорданыпсым зэпрыкІынырат. Абы хэту хамэ лъэпкъым щыщ цІыхубзхэр къакІуэри, я махуэшхуэм израил щІалэхэр кърагъэблэгъащ. ЦІыхухъухэм ар гъэщІэгъуэн ящыхъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а махуэшхуэм куэд щызрагъэцІыхунут, къыщыфэнут, шхыныгъуэ ІэфІхэри щашхынут. А цІыхубзхэр къызыхэкІа лъэпкъым къыщекІуэкІ хабзэхэр Алыхьым и лъэпкъыр зытет хабзэхэм егъэлеяуэ къыщхьэщыкІт. Абы емылъытауэ, зыгуэр мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Сэ сысакъынущ икІи зыри къысщыщІынукъым. Сэ сыкъыпхуэгъэделэнукъым».
Сыт адэкІэ къэхъуар? Библием итщ: «Израил цІыхухэм МоІэб цІыхухэм я пхъухэм я гъусэу зинэ ящІэу щІадзащ». И пэжыпІэм уеплъмэ, а цІыхубзхэр зыхуейр израил цІыхухъухэм тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэн щІадзэнырат икІи абыхэм я мурадыр къехъулІащ. ИкІэм-икІэжым «Иеговэ Израилым къыхуэгубжьащ» (Чис. 25:1—3).
Израил цІыхухэм гуэныхь хьэлъэу тІу ялэжьащ: тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэнымрэ зинэ щІэнымрэ. Мин бжыгъэ хъу цІыхухъухэм я гъащІэр абы щхьэкІэ яфІэкІуэдащ икІи Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэр абыхэм ялъэгъуакъым (Исх. 20:4, 5, 14; Чис. 25:5, 9; Втор. 13:6—9).
А Іуэхум теухуауэ апостол Паул мыпхуэдэу итхыжащ: «Мы Іуэхухэр абыхэм къащыщІащ, цІыхухэм дерс яхуэхъун щхьэкІэ. Дэ, лІэщІыгъуэхэм я кІэухым нэблэгъа цІыхухэм, къыдгурагъэІуэн щхьэкІэ, мы Іуэхухэр ятхащ». (1 Кор. 10:7—11). Израил цІыхухэм гуэныхьышхуэ ящІэу, Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм зэримыхьам Иблисыр, дауикІ, щыгуфІыкІащ. Абыхэм къащыщІам ди дежкІэ дерс хэлъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ноби ШейтІаным и мурадщ дэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ дунеищІэм дримыгъэхьэну.
КЪАПХЪЭН ШЫНАГЪУЭР
Иблисым Алыхьым и лэжьакІуэхэр къигъэпцІэн щхьэкІэ фІыуэ илъагъу Іэмалхэр ехъулІэныгъэ иІэу къегъэсэбэп. Ипэм зэрыжытІащи, ШейтІаным израил цІыхухэр хуигъэушащ абыхэм зинэ ящІэну. Ноби а къапхъэныр шынагъуэщ. Куэдыр абы ихуащ, порнографие еплъын щІадза иужь.
Нобэ цІыхур зыми къимыщІэу порнографие еплъыфынущ. Япэм апхуэдэ фильмхэм уеплъын щхьэкІэ кинотеатрым е видеосалоным укІуэн хуейт. Порножурнал уеплъыну ухуеймэ, апхуэдэ фІэкІа щамыщэ тыкуэным къыщыпщэхун хуейт. Зыгуэрым къызэрилъэгъуфынум куэдыр щыукІытэти, апхуэдэ щІыпІэхэм кІуэтэкъым. Ауэ иджыпсту интернет зиІэ дэтхэнэ зыри порнографие еплъыфынущ, псалъэм папщІэ, лэжьапІэм е машинэ щытым ису. Языныкъуэ къэралхэм унэм укъыщІэмыкІыуи порнографие уеплъыфынущ.
Абы нэмыщІ телефонкІэ порнографие уеплъыну тынш хъуащ. Телефоным цІыхухэм Іэмал ирет порнографием дэни щеплъыну.
Порнографиер зэрыгъуэтыгъуафІэм щхьэкІэ япэм нэхърэ иджыпсту цІыху нэхъыбэ абы зэщІещтэ. Абы еплъхэм щыщ куэдыр я унагъуэм илъ мамырыгъэм зэран яхуохъу, я щхьэм пщІэ хуамыщІыжу мэхъу икІи я напэм куэд трагъахуэу мэхъу. Ауэ псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр Алыхьым хуаІэ ныбжьэгъугъэм ар зэран зэрыхуэхъуращ. Шэч хэмылъу порнографие еплъхэм абы и зэран йокІ. Абы къыпэкІуэр уІэгъэ куум ебгъэщхь хъунущ: ар куэдрэ кІыжкъым икІи дыркъуэ шынагъуэ къыщигъанэ къохъу.
Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ Иблисым и къапхъэным дызэрыщихъумэфынур. А къапхъэным димыхуэн щхьэкІэ, дэ Алыхьым «жиІэ псом дедэІуэн» хуейщ (Исх. 19:5). Арат израил цІыхухъухэми ящІэн хуеяр. Зыщомыгъэгъупщэ: Алыхьым порнографиер илъагъу хъукъым. Дэнэ дэ ар щытщІэр?
АЛЫХЬЫМ ПОРНОГРАФИЕР ИЛЪАГЪУ МЫХЪУУ ЗЭРЫЩЫТЫМ ХУЭДЭУ, УЭРИ АР ПЛЪАГЪУ МЫХЪУУ ЩРЕТ
Егупсысыт: Иеговэ израил лъэпкъым ирита хабзэхэм хуэдэ адрей лъэпкъхэм яІэтэкъым. А хабзэхэр къалэр къэзыхъумэ блынхэм хуэдэт: нэгъуэщІ лъэпкъхэм я хабзэ гущыкІыгъуэхэм израил цІыхухэр щахъумэт (Втор. 4:6—8). Алыхьым и хабзэхэм наІуэ ящІт Иеговэ зинэ щІэныр илъагъу зэрымыхъур.
Хамэ лъэпкъхэм зэрахьэ хабзэншагъэм и гугъу ищІа нэужь, Иеговэ журт лъэпкъым жриІащ: «Сэ фыздэсшэ Ханаан щІыналъэм зэрызищІым хуэдэу фэ зывмыщІ. [...] Мы щІыналъэр къабзэжкъым икІи сэ абы и гуэныхьым щхьэкІэ тезыр теслъхьэнущ» (Лев. 18:3, 25). Израилым и Алыхь лъапІэ Иеговэ и дежкІэ хананей цІыхухэм я зэхэтыкІэр апхуэдизкІэ гущыкІыгъуэти, ахэр щыпсэу щІыналъэр мыкъабзэу абы илъытэт.
Иеговэ хананей цІыхухэм тезыр ятрилъхьами нэгъуэщІ лъэпкъхэм зинэ щІэныр я хабзэт. Илъэс 1 500 дэкІауэ апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къэзыухъуреихь цІыхухэм я щытыкІэм теухуауэ мыпхуэдэу итхыжащ: «Гулъытэ ямыІэу, мыхъумыщІэ псэукІэм зратащ абыхэм, загъэнщІыни ялъэмыкІыу, сыт хуэдэ мыкъабзэныгъэми хэтщ» (Еф. 4:17—19). Ди зэманми цІыху куэдым апхуэдэ гъащІэщ ирахьэкІыр. Алыхь пэжым и лэжьакІуэхэм къарууэ яІэр ирахьэлІэн хуейщ мыхъумыщІагъэ зыхэт гуэрым емыплъын щхьэкІэ.
Порнографием Алыхьыр егъэпуд. Иеговэ цІыхухэр езым ещхьу икІи къезэгъымрэ къемызэгъымрэ зэхагъэкІыфу къигъэщІащ. ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэрызэхущытын хуейм теухуауэ Іущагъ зыхэлъ хабзэхэр Алыхьым къыдитащ. Иеговэ и мурадымкІэ зэщхьэгъусэхэм апхуэдэ зэхущытыкІэхэм гуфІэгъуэ хахын хуейт (ЩІэдз. 1:26—28; Прит. 5:18, 19). Порнографиер къыдэзыгъэкІхэм икІи абы зезыгъэубгъухэм Алыхьым и напэр трах икІи абы и хабзэхэм пщІэ хуащІкъым. Иеговэ апхуэдэ цІыхухэм тезыр ятрилъхьэнущ (Рим 1:24—27).
Хуейуэ порнографием еплъ е апхуэдэ материалхэм еджэхэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, ар зэран зыхэмылъ нэгу зегъэужьыкІэщ. Ауэ и пэжыпІэм уеплъмэ, абыхэм Алыхьым и унафэхэм ебакъуэ цІыхухэм я лъэныкъуэр яубыду аращ. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм порнографием гущыкІ зэрыхуащІын хуейр наІуэщ. Библием дыкъыхуреджэ: «Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм Іейр флъагъу мыхъуу фыщыт» (Пс. 97:10).
Порнографие емыплъыну цІыхум мурад ищІами, абы зыдримыгъэхьэхыну къыщехьэлъэкІ къохъу. Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж къыдохьэлъэкІ зинэ щІэным демыгупсысыну. Абы нэмыщІ порнографие еплъыным зыри Іей хэмылъ хуэдэу ди щхьэр къэдгъэпцІэжыфынущ (Иер. 17:9). Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэ хъуа куэдыр а гугъуехьым текІуащ. Абы къегъэлъагъуэ уэри апхуэдэ гугъуехь уиІэмэ абы узэрыпэлъэщыфынур. ШейтІаным и къапхъэным димыхуэну Алыхьым и Псалъэр дауэ къыддэІэпыкъуми деплъынщ.
ХЪУАПСАПІЭ МЫХЪУМЫЩІЭХЭМ ЕБЭН
ИпэкІэ и гугъу зэрытщІащи, израил цІыху куэдым я гупсысэ мыхъумыщІэхэм зыдрагъэхьэхри бэлыхь зыхадзэжащ. Ар дыдэр нобэ дэри къытщыщІыфынущ. Екъуб итхащ: «Езым и хъуэпсэныгъэ Іейхэрщ, зыІэпашэу икІи зэщІаубыдэу, а цІыхур дэзыхьэхыр. Хъуэпсэныгъэ Іейр уэндэгъу хъумэ, гуэныхь щІэныр къелъху; гуэныхь щІэнри нэгъэса щыхъукІэ, ажалыр къелъху» (Екъуб 1:14, 15). ЦІыхум и гум хъуапсапІэ мыхъумыщІэхэр щигъафІэмэ, гува-щІэхами абы гуэныхь къыІэщІэщІэнущ. Абы къыхэкІкІэ гуэныхьым епха гупсысэхэр ди щхьэм итхун хуейщ.
Уи щхьэм гупсысэ мыхъумыщІэ къызэрихьэу ар псынщІэу зэрибгъэкІыжыным иужь ит. Хьисэ жиІащ: «Уи Іэм е уи лъакъуэм гуэныхь ищІэну удригъэхьэхмэ, пыупщІи, хыфІэдзэ. [...] Апхуэдэ дыдэу, уи нэм и гуэныхь пщІэну удригъэхьэхмэ, къитхъыжи, хыфІэдзэ» (Мт. 18:8, 9). Хьисэ дыхуигъэуштэкъым дэ дыркъуэ зытетлъхьэжыну. Абы зи гугъу ищІар дызыгъэлъэпэрэпэн гуэрым дыщыхуэзэм деж зыдмыІэжьэу абы дыпэщІэувэн зэрыхуейращ. Хьисэ и псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур порнографие еплъыным дебэныну?
Зы мыхъумыщІэ гуэр уи нэм къыпэщІэхуамэ, абы и зэран къомыкІыну уимыгугъэ. ЗанщІэу зыІугъэзыкІ. ЗумыІэжьэу телевизорыр, компьютерыр е телефоныр гъэункІыфІ. ФІы гуэрым егупсысын щІэдзэ. Абы щыгъуэ уи гурыщІэхэр зытумыгъакІуэу, уэ абыхэм уатекІуэнущ.
ПЛЪЭГЪУАУЭ ЩЫТА МЫХЪУМЫЩІАГЪЭХЭР УИ НЭГУМ КЪЫЩІЭУВЭЖМЭ
Порнографием пыщІа сурэтхэмрэ гупсысэ мыхъумыщІэхэмрэ цІыхум и акъылым къинэу, илъэгъуауэ щыта мыхъумыщІагъэхэр и нэгум къыщІэувэжынкІэ хъунущ. Абдежым гупсысэ фІейхэм зыдригъэхьэхыу цІыхум мастурбацие ищІу щІидзэнкІэ хъунущ е зинэ ищІэнкІэ хъунущ. Абы щыгъуэм сыт цІыхум къыдэІэпыкъуфынур? Апхуэдэ гуэр къызэрыщыщІыфынур зыщигъэгъупщэ хъунукъым икІи абы пэщІэувэну ар хуэхьэзыру щытын хуейщ.
Уи гупсысэхэмкІэ икІи уи ІуэхущІафэхэмкІэ Алыхьыр бгъэгуфІэну мурад быдэ щІы. Паул щапхъэ тех. Абы итхыжащ: «Си пкъым гугъуехь изогъэшэч икІи согъэдаІуэ» (1 Кор. 9:27). Уи хъуапсапІэ мыхъумыщІэхэм пщылІ уахуэмыхъу. Библием ит мы псалъэхэр гъэзащІэ: «Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ» (Рим 12:2). Зыщомыгъэгъупщэ: гупсысэ мыхъумыщІэхэм зыдебгъэхьэхмэ, абы уэ насыпыфІэ уищІынукъым. Уи гупсысэхэмкІэ икІи уи ІуэхущІафэхэмкІэ Алыхьыр арэзы зэрыпщІыращ насыпыр зэлъытар.
Гупсысэ мыхъумыщІэхэм зыдебгъэхьэхмэ, абы уэ насыпыфІэ уищІынукъым. Уи гупсысэхэмкІэ икІи уи ІуэхущІафэхэмкІэ Алыхьыр арэзы зэрыпщІыращ насыпыр зэлъытар
Библием ит едзыгъуэ зыбжанэ гукІэ зэбгъащІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Псалом 119:37; Исаия 52:11; Маттэ 5:28; Ефес 5:3; Колоссэ 3:5; 1 Фессалоникэ 4:4—8. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ порнографием зэрыхущытым хуэдэу уэри ухущытыну икІи Алыхьыр сыткІэ къыпщыгугъми къыбгурыІуэну. Гупсысэ къемызэгъхэр уи щхьэм къэкІмэ, мы едзыгъуэхэм егупсысын щІэдзэ.
Порнографие еплъынымрэ гупсысэ мыхъумыщІэхэмрэ къыптекІуэу зыхэпщІэмэ, сыт уэ пщІэ хъунур? Хьисэ Мэссихь щапхъэ тех (1 Пет. 2:21). Хьисэ псым зыщІигъэуа нэужь, ШейтІаным абы гуэныхь иригъэщІэну хэтащ. Ауэ Хьисэ сыт ищІар? Иблисым и псалъэ къэс Хьисэ Тхыгъэ ЛъапІэм ит едзыгъуэхэр абы жэуапу къыхуихьт. Абы «Си ужь икІ, шейтІан!» жиІа нэужь Иблисым ар къигъэнащ. Хьисэ и Іэр иримыхьэхыу Иблисым пэщІэтащ, уэри аращ пщІэн хуейр (Мт. 4:1—11). ШейтІанымрэ абы и ІэмыщІэм илъ дунеймрэ адэкІи мыхъумыщІэ гупсысэкІэкІэ узэрауцІэпІынум иужь итынущ, ауэ уэ зэи уи Іэр епхьэх хъунукъым. Иеговэ и фІыгъэкІэ уэ текІуэныгъэ къэпхьыфынущ.
ИЕГОВЭ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ ИКІИ АБЫ И ЖЫІЭМ ЩІЭТ
Сыт щыгъуи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Паул жиІащ: «Сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІуурэ, щІыхь хуэфщІурэ, фи дэІэпыкъуэгъу хъуну фелъэІуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащІэ. Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри, Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкІэ, къихъумэнущ итІанэ» (Флп. 4:6, 7). «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр» зэбгъэгъуэтмэ, гупсысэ мыхъумыщІэхэм упэлъэщыфынущ. Уэ Иеговэ гъунэгъу зыхуэпщІмэ, «езыми гъунэгъу зыкъыпхуищІынущ» (Екъуб 4:8).
Дуней псор къэзыгъэщІа Алыхьым и ныбжьэгъуу узэрыщытым Иблисым и сыт хуэдэ къапхъэнми ущихъумэнущ. Хьисэ жиІат: «Мы дунейм и тепщэр [Иблисыр] къокІуэ. Абы и Іуэху сэ къысхэлъкъым» (Ин. 14:30). Сыт Хьисэ апхуэдэу щІыжиІар? Абы къыдгурегъаІуэ: «СыкъэзыгъэкІуар си гъусэщ сэ, си закъуэу сыкъигъэнакъым, абы игъуэу илъытэ Іуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащІэри» (Ин. 8:29). Иеговэ сыт щыгъуи бгъэгуфІэну ухущІэкъумэ, абы уэ зэи укъигъэнэнукъым. Порнографием зыпыІудзи, ШейтІаным и къапхъэным уихуэнукъым.