19 СТАТЬЯР
Дауэ лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ зэрыбгъэлъагъуэ хъунур зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ щищІам деж? (ІыхьиплІым и ещанэр)
«Уэ мыхъумыщІагъэр зыфІэмыфІ Алыхьу ущытщ... Бзаджагъэ зылэжьу хъуар уэ плъагъу хъукъым» (ПС. 5:4, 5).
142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1—3. 1) Псалом 5:4—6 къызэрыхэщымкІэ, дауэ Иеговэ мыхъумыщІагъэм зэрыхущытыр? 2) Сабийм лей ехыныр «Мэссихь и унафэм» пэщІэувэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
ИЕГОВЭ дэтхэнэ зы мыхъумыщІагъэри илъагъу хъукъым. (Къеджэ Псалом 5:4—6b.) Псом хуэмыдэу, сабийм лей щрахым деж. Ар гущыкІыгъуэ щІэпхъаджагъэщ! Алыхьым хуэдэу, дэри, Иеговэ и Щыхьэтхэм, апхуэдэ Іуэхугъуэр тлъагъу хъукъым. Апхуэдэ бзаджагъэр, хьэбыршыбырыгъэр зэхуэсым щыІэн хуейкъым (Рим 12:9; Евр. 12:15, 16).
2 Сабийм лей къытегъэхьэныр, ар сыт хуэдэ щІыкІэуи ирехъу — «Мэссихь и унафэм» пэщІоувэ (Гал. 6:2). Сыт щхьэкІэ? Мыбы ипэ дджа статьям зэритамкІэ, Хьисэ и унафэм — абы зыхуригъаджэу щыта псом, и щапхъэри абы хэту — лъагъуныгъэр лъабжьэ хуохъу икІи захуагъэм утетыну ухуегъэуш. А хабзэм тету Иеговэ и лэжьакІуэхэр сабийхэм фІыуэ хущытщ, абы и фІыгъэкІэ сабийхэр шынэкъым икІи зыхащІэ фІыуэ къызэралъагъур. Зинэ пщІэуэ сабийм лей епхыныр — икъукІэ гущІэгъуншагъэщ. А щІэпхъаджагъэм сабийр шынэу икІи фІыуэ къызэралъагъум шэч къытрихьэу ещІ.
3 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, сабийм лей ехыным мы дунейм зыщиубгъуащ. А мыхъумыщІагъэр Иеговэ и Щыхьэтхэми щалъэІэс щыІэщ. «ЦІыху бзаджэхэри гъэпцІакІуэхэри» дунейм тез хъуащ икІи абыхэм ящыщ гуэр зэхуэсым къыхыхьэнкІэ хъунущ (2 Тим. 3:13). Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ гуэрхэми я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм зыдрагъэхьэхыу сабийм лей щраха къэхъуащ. Иеговэ ар гуэныхь хьэлъэу щІилъытэм и щхьэусыгъуэр адэкІэ зэпкърытхынщ. ИужькІэ дытепсэлъыхьынщ зэхуэсым щыщ гуэрым апхуэдэ гуэныхь ищІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэн хуейми икІи къэтщІэнщ адэ-анэхэм я сабийхэр абы дапхуэдэу щахъумэфынумиc.
ГУЭНЫХЬ ХЬЭЛЪЭ
4, 5. Сабийм лей ехыныр — ар сабийм зэран хуэхъу гуэныхьу сыт жыпІэ щІэхъунур?
4 Лей зраха сабийм гухэщІышхуэ иІэщ, абы нэмыщІ ар фІыуэ зылъагъу цІыхухэми — и Іыхьлыхэми, зэхуэсым щыщ къуэш шыпхъухэми — ар хуабжьу зыхащІэ. Сабийм лей ехыныр гуэныхьышхуэщ, абы кърикІуа гуауэшхуэр зэман куэдкІэ сабийм зыхещІэ.
5 А гуэныхьыр сабийм зэран хуохъу. НэгъуэщІхэм гуауэрэ гузэвэгъуэрэ езыгъэшэчым гуэныхь ещІэ. КъыкІэлъыкІуэ статьям къызэрыщытщІэнущи, апхуэдэ мыхъумыщІагъэ зыщІэм сабийм гуауэшхуэрэ зэранышхуэрэ къыхуехь. Абы сабийм дзыхь къызэрыхуищІыр къегъэсэбэпри къегъапцІэ, абы къыхэкІкІэ сабийм и гум шынэ илъ мэхъу. Дэ сабийхэр апхуэдэ щІэпхъаджагъэм щытхъумэн хуейщ икІи апхуэдэ лей къызытехьахэм дадэІэпыкъун, дгъэгушхуэн хуейщ (1 Фес. 5:14).
6, 7. Сабийм лей ехыныр — зэхуэсым зэран хуэхъуу икІи апхуэдэ гуэныхь зыщІэм къэрал унафэщІхэм хуэгъэза хабзэншагъэ ищІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
6 А гуэныхьыр зэхуэсым зэран хуохъу. Зэхуэсым щыщ гуэрым сабийм лей ирихамэ, абы зэхуэсым и напэр трех (Мт. 5:16; 1 Пет. 2:12). Фегупсысыт а гуэныхьыр зэран зэрахуэхъум «фІэщхъуныгъэм быдэу» тетыну хущІэкъу мелуан бжыгъэ хъу къуэш, шыпхъухэм! (Иудэ 3). ЦІыхум гуэныхь ищІэрэ, абы хущІемыгъуэжу зэхуэсым щыщхэм я пщІэ ириудыхмэ, ар Иеговэ и Щыхьэту адэкІи щыт хъунукъым.
7 Апхуэдэ гуэныхь зыщІэр къэрал унафэм йобакъуэ. Иеговэ и Щыхьэтхэр «тепщэныгъэ зиІэхэм яхуэІурыщІэу» щытын хуейщ (Рим 13:1). Абы къыхэкІкІэ къэралым и унафэхэм пщІэ хуэщІын икІи ахэр гъэзэщІэн хуейщ. Зэхуэсым щыщ гуэрым къэралым и унафэм ебакъуэу сабийм лей ирихмэ, абы къэрал унафэщІхэм хуэгъэза хабзэншагъэ ищІэу аращ (Евгъапщэ Апостолхэм 25:8.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэнкъым къэрал унафэм ебэкъуам тезыр тралъхьэну. Ауэ ахэр хэткъым сабийм лей езыха цІыхур къэралым къытрилъхьэну тезырым щахъумэну (Рим 13:4). Галатие 6:7 зэритымкІэ, «цІыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ».
8. Зыгуэрым гуэныхь ищІэу, нэгъуэщІ цІыхум зэран хуэхъуныр Иеговэ сыту зэрилъытэр?
8 Апхуэдэ щІэпхъаджагъэ зыщІэм Алыхьым и пащхьэм гуэныхьышхуэ къыщехь (Пс. 51:4). Гуэныхь ищІэу нэгъуэщІ цІыхум зэран хуэхъум Иеговэ и пащхьэм гуэныхьышхуэ къыщехь. Алыхьым израил лъэпкъым ирита Хабзэм къызэрыхэщымкІэ, залымыгъэкІэ и гъунэгъум ей гуэр къытезыха е ар къэзыгъэпцІа цІыхур «Иеговэ епцІыжауэ» ябжт (Лев. 6:2—4). Апхуэдэ дыдэу сабийм лей ирихыу, абы и гум шынэ изылъхьэ цІыхур Иеговэ епцІыжауэ жыпІэ хъунущ. Апхуэдэ мыхъумыщІагъэ зыщІэм Иеговэ и цІэр егъэулъий. Абы къыхэкІкІэ зыгуэрым сабийм лей ирихыу щытмэ, ар мыхъумыщІагъэу икІи Алыхьым и пащхьэм гуэныхьышхуэ къыщихьу добж.
9. Библием тегъэщІа сыт хуэдэ темэхэр илъэс куэд щІауэ ди организацэм къыдигъэкІрэ икІи сыт щхьэкІэ?
9 Лей ехыным сабийхэр зэрыщыпхъумэным е апхуэдэу къэхъуамэ, узэрыдэІэпыкъуным теухуауэ Библием тегъэщІа темэхэр илъэс куэд щІауэ Иеговэ и организацэм къыдегъэкІ. Псалъэм папщІэ, «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэр зэман-зэманкІэрэ топсэлъыхь лей зраха цІыхухэм гупсэхугъуэ зэрызрагъэгъуэтыжыфынум, нэгъуэщІхэр абыхэм къазэрыдэІэпыкъуфынум икІи адэ-анэхэм сабийхэр апхуэдэ мыхъумыщІагъэм зэрыщахъумэфынум. Ди организацэм Библием тегъэщІа чэнджэщхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм ярет апхуэдэ Іуэхугъуэхэр фІыуэ зэхагъэкІын щхьэкІэ. Зэман-зэманкІэрэ а чэнджэщхэм зыщахъуэж къохъу. Сыт щхьэкІэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ и унафэм тету а Іуэхур зэхагъэкІын щхьэкІэ.
ЗЭХУЭСЫМ ГУЭНЫХЬ ХЬЭЛЪЭ ЗЫГУЭРЫМ ЩИЩІАМЭ
10—12. 1) Зыгуэрым зэхуэсым гуэныхь хьэлъэ щищІауэ, ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм щызэхагъэкІым деж, сыт абыхэм зыщагъэгъупщэ мыхъунур? 2) Екъуб 5:14, 15 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэр?
10 Зыгуэрым зэхуэсым гуэныхь хьэлъэ щищІауэ, ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм щызэхагъэкІым деж, абыхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым Хьисэ и унафэм тету нэгъуэщІхэм лъагъуныгъэ хэлъу зэрыхущытын хуейр, абы нэмыщІ Иеговэ пэжу икІи захуэу илъытэм зэрытетын хуейр. Сыт ахэр зэгупсысын хуейр? Япэ дыдэрауэ, Алыхьым и цІэр зэрагъэлъэпІэныращ (Лев. 22:31, 32; Мт. 6:9). Абы нэмыщІ абыхэм зыщагъэгъупщэкъым гуэныхь хьэлъэр зэран зыхуэхъуахэр зэрагъэгушхуэн хуейр икІи къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъун зэрыхуейр, Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ.
11 Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь ищІауэ гурэ псэкІэ хущІегъуэжмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр а цІыхум доІэпыкъу Иеговэ хуиІа ныбжьэгъугъэр зэтригъэувэжыну. (Къеджэ Екъуб 5:14, 15.) Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр зытригъакІуэу гуэныхь къэзыхьа Иеговэ и лэжьакІуэр сымаджэм ебгъэщхь хъунущ — Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэІыхьащd. Зэхуэсым и нэхъыжьхэри дохутырым ебгъэщхь хъунущ. Абыхэм «сымаджэр» — гуэныхь къэзыхьар — зэрагъэхъужыным иужь итщ. Апхуэдэ цІыхум Иеговэ хуиІа ныбжьэгъугъэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ, Библием ит пычыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы йопсалъэ. Ауэ и гум къыбгъэдэкІыу ищІам хущІегъуэж цІыхуращ ахэр зыдэІэпыкъуфынур (Апост. 3:19; 2 Кор. 2:5—10).
12 Зэрытлъагъущи, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къалэнышхуэ я пщэ дэлъщ. Абыхэм лъагъуныгъэ яхэлъу Иеговэ дзыхь къахуищІа мэл цІыкІухэм кІэлъоплъ (1 Пет. 5:1—3). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуейщ къуэш, шыпхъухэр зы щхьэкІи мышынэну икІи гупсэхугъуэ зыхащІэну. Абы къыхэкІкІэ, гуэныхь хьэлъэ зыгуэрым ищІауэ щытмэ, псалъэм папщІэ сабийм лей ирихамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм а Іуэхур занщІэу зэрызэхагъэкІыным иужь итщ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэгупсысын хуей мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІищ адэкІэ зэпкърытхынщ.
13, 14. Сабийм лей ирахауэ зыгуэрым гурыщхъуэ ищІу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащІамэ, полицэм жраІэн хуей? КъыдгурывгъаІуэ.
13 Сабийм лей ирахауэ зыгуэрым гурыщхъуэ ищІу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащІамэ, полицэм жраІэн хуей? Хуейщ. Къэралым и унафэмкІэ апхуэдэ Іуэхур полицэм жеІэн хуеймэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр а унафэм тетщ (Рим 13:1). А унафэр Иеговэ и хабзэхэм пэщІэувэкъым (Апост. 5:28, 29). Абы къыхэкІкІэ сабийм лей ирахауэ зыгуэрым гурыщхъуэ ищІу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащІамэ, абыхэм занщІэу филиалым зыпащІэ, апхуэдэ Іуэхугъуэ къэхъуа иужь къэралым и хабзэмкІэ ящІэн хуейр зэхагъэкІын папщІэ.
14 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм лей зрахам, абы и адэ-анэм икІи а Іуэхум щыгъуазэ нэгъуэщІ цІыхухэм къыгурагъаІуэ лей зыгуэрым ирахауэ абыхэм гурыщхъуэ ящІмэ полицэм жраІэну хуитыныгъэ зэраІэр. Абы къыхэкІкІэ мыпхуэдэ упщІэ къэхъеинкІэ хъунущ: ягъэкъуаншэр зэхуэсым щыщмэ икІи а Іуэхур зэхуэсым хэтхэм нэмыщІ нэгъуэщІ цІыхухэми къащІэмэ, къэхъуар полицэм жезыІэ Иеговэ и лэжьакІуэм Алыхьым и цІэр имыгъэулъийуэ пІэрэ? Хьэуэ. Алыхьым и цІэр зыгъэулъийр сабийм лей езыхаращ.
15, 16. 1) 1 Тимофей 5:19 зэритымкІэ, сыт зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэн хуейр правовой комитет ящІын ипэ икІи сыт щхьэкІэ? 2) Зэхуэсым щыщ гуэрым сабийм лей ирихауэ ягъэкъуаншэу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэр?
15 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм правовой комитет ящІын щхьэкІэ нэхъ мащІэ дыдэу щыхьэтитІ щыІэн щІыхуейр сыт? Ар Библием ит захуагъэм тохуэ. ЦІыхум гуэныхь хьэлъэ ищІауэ ягъэкъуаншэмэ, ауэ езым мыкъуаншэу жиІэу щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм правовой комитет ящІ щыхъунур щыхьэтитІ щыІэу щытмэщ (Втор. 19:15; Мт. 18:16; къеджэ 1 Тимофей 5:19). Абы къикІрэ щыхьэтитІ щымыІэу щытмэ, сабийм лей ирахауэ щытынкІэ зэрыхъунур полицэм жеІэн хуэмейуэ? Хьэуэ. ЩІэпхъаджагъэ ящІауэ щытынкІэ зэрыхъунур полицэм жеІэн хуейщ, щыхьэтитІ щымыІэми.
16 Зэхуэсым щыщ гуэрым сабийм лей ирихауэ ягъэкъуаншэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къащІауэ щытмэ, абыхэм къэралым и унафэм тету а Іуэхур полицэм жраІэ. Абы иужь Библием итым тету а Іуэхур зэхагъэкІ правовой комитет щІын хуейрэ хуэмейрэ къагурыІуэн щхьэкІэ. Ягъэкъуаншэ цІыхум езым мыкъуаншэу жиІэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр щыхьэтхэм жаІэм йодаІуэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм правовой комитет ящІынущ, нэхъ мащІэ дыдэу цІыхуитІым нэгъуэщІ цІыхур ягъэкъуаншэу щытмэ. Япэ щыхьэтыр — цІыхур зыгъэкъуаншэращ, етІуанэр — ягъэкъуаншэм а сабийм е нэгъуэщІ сабийм лей зэрырихам щыхьэт техъуэ гуэр жызыІэфынуращe. Ауэ зы щыхьэт фІэкІ щымыІэмэ-щэ? Абы къикІкъым зы цІыхум жиІэр пцІыуэ. Сабийм лей зэрырахам щыхьэт техъуэ цІыхуитІ щымыІэми, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ щІэпхъаджагъэ щыІауэ щытынкІэ зэрыхъунур. Апхуэдэ щІэпхъаджагъэ щыІауэ щытмэ, абы, дауикІ, нэгъуэщІхэм гуауэшхуэ къахуихьащ. Апхуэдэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэр сыт щыгъуи хьэзырщ дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэр ягъэгушхуэну. Абы нэмыщІ сабийм лей ирихауэ ягъэкъуаншэ цІыхум зэхуэсыр зэрыщахъумэным ахэр иужь итщ (Апост. 20:28).
17, 18. Правовой комитетым сыт и къалэныр?
17 Правовой комитетым сыт и къалэныр? А комитетым хыхьэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхагъэкІ гуэныхьышхуэ зыщІа цІыхур зэхуэсым хэт хъунрэ мыхъунрэ. Абыхэм унафэ ящІкъым сабийм лей езыхар къэралым и унафэм зэребэкъуам щхьэкІэ тезыр телъхьэн хуейрэ хуэмейрэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ тезыр телъхьэн хуейрэ хуэмейрэ зэхэзыгъэкІыну зи къалэныр къэрал унафэщІхэрауэ зэрыщытыр (Рим 13:2—4; Тит 3:1).
18 Правовой комитетым хыхьэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ дызэрыхуэлажьэм пыщІа Іуэхухэращ зэхагъэкІыр. Библием итыр къагъэсэбэпурэ абыхэм зэхагъэкІ гуэныхь хьэлъэ зыщІар хущІегъуэжрэ хущІемыгъуэжрэ. Ар хущІемыгъуэжу щытмэ, зэхуэсым хагъэкІ икІи ар зэрыхагъэкІар зэхуэсым щыжаІэ (1 Кор. 5:11—13). ХущІегъуэжу щытмэ, зэхуэсым хагъэкІкъым. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм абы къыгурагъаІуэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр зэи зэримыгъэзэщІэнкІэ хъунур. Зэхуэсым щыщ сабийхэр къахъумэн щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр адэ-анэхэм щхьэхуэу зыхуагъазэу жраІэ хъунущ апхуэдэ гуэныхь зыщІа цІыхур я сабийхэм щригъусэм деж, зэрысакъын хуейр. Апхуэдэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм адэ-анэхэм Іэмал имыІэу жраІэн хуейкъым а цІыхум лей зрихар хэтми.
АДЭ-АНЭХЭМ Я САБИЙХЭР ІЕЙМ ЩАХЪУМЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ЯЩІЭ ХЪУНУР?
Сабийхэм лей ирамыхын щхьэкІэ адэ-анэхэм я сабийхэм я гъусэу сексым теухуа упщІэхэр зэпкърах. Абыхэм къагъэсэбэп Иеговэ и организацэм къыдигъэкІа тхыгъэхэр. (19—22-нэ абзацхэм феплъ.)
19—22. Адэ-анэхэм я сабийхэр дауэ зэрахъумэнур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
19 Япэ дыдэу сабийр зыхъумэну зи къалэныр адэ-анэращf. Фи сабийхэр — тыгъэ лъапІэщ, «Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэинщ» (Пс. 127:3). Ахэр Іейм щыфхъумэну фи къалэнщ. Фи сабийхэм лей ирамыхын щхьэкІэ сыт фэ фщІэ хъунур?
20 Япэрауэ, а щІэпхъаджагъэм теухуауэ нэхъыбэ къафщІэ. Фэ фщІэн хуейщ сыт хуэдэ цІыхухэм апхуэдэ щІэпхъаджагъэ ящІэфынуми икІи абыхэм сабийхэр дапхуэдэу къагъапцІэми. Апхуэдэ дапщэщ къэхъуфынуми фегупсыс (Прит. 22:3; 24:3, Гъэсэпэтхыдэхэр). Зыщывмыгъэгъупщэ: и нэхъыбэм деж сабийм лей езыхыр сабийм ицІыху икІи дзыхь зыхуищІ гуэрщ.
21 ЕтІуанэрауэ, абы теухуауэ фи сабийхэм фепсалъэ (Втор. 6:6, 7). Абы щхьэкІэ фи сабийхэм жаІэм фІыуэ федаІуэфу фыщытын хуейщ (Екъуб 1:19). Зыщывмыгъэгъупщэ: сабий куэдыр мэшынэ лей къызэрырахар жаІэжыну. Языныкъуэхэр мэгузавэ жаІэр нэгъуэщІхэм я фІэщ мыхъункІэ. Адрейхэм зыри жаІэкъым лей къезыхам зэригъэшынам щхьэкІэ. ЗыгуэркІэ гурыщхъуэ фщІыуэ щытмэ, щабэу, фыхуэсакъыу сабийм феупщІ икІи жиІэм фІыуэ федаІуэ.
22 Ещанэрауэ, фи сабийхэр вгъасэ. Сексым теухуауэ фи сабийм и ныбжьым хуэкІуэу щІэныгъэ бгъэдэфлъхьэ. Сабийхэм къагурывгъаІуэ зыгуэрым къемызэгъ гуэру зищІу, абыхэм къеІусэну щыхэтым деж зэрызащІын хуейр. Фи сабийхэр фхъумэн папщІэ организацэм къывитхэр къэвгъэсэбэп. («Адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ къадэІэпыкъунур» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
23. Сабийм лей ехыным дапхуэдэу дэ дызэрыхущытыр? Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?
23 Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, сабийм лей ехыныр щІэпхъаджагъэ гущыкІыгъуэу икІи гуэныхь хьэлъэу долъытэ. Сабийм лей езыха цІыхур ищІа гуэныхьым кърикІуэхэм дэ щытхъумэну дыхэткъым, апхуэдэу Хьисэ и унафэм дытетщ. Ауэ лей зрахахэм дауэ уазэрыдэІэпыкъу хъунур? КъыкІэлъыкІуэ статьям ар щызэпкърытхынщ.
103-НЭ УЭРЭДЫР Пастыри — «дары в виде людей»
a Мы статьяр топсэлъыхь сабийхэм лей ирамыхын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунуми. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ адэ-анэхэмрэ сыт ящІэфынуми къэтщІэнущ.
b Псалом 5:4—6: «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, уэ мыхъумыщІагъэр зыфІэмыфІ Алыхьу ущытщ, бзаджащІэр зэи уи гъусэнукъым, икІи щхьэщытхъухэр уи пащхьэ итынукъым. Бзаджагъэ зылэжьу хъуар уэ плъагъу хъукъым. ПцІы жызыІэхэр уэ бгъэкІуэдынущ. Лъы зыгъажэмрэ нэгъуэщІхэр къэзыгъапцІэмрэ Иеговэ и дежкІэ гущыкІыгъуэщ».
c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Сабийм лей ехыныр Іуэху мыхъумыщІэхэм хохьэ. Апхуэдэ мыхъумыщІагъэ къыщыхъум деж балигъым сабийр къегъэсэбэп и Іэпкълъэпкъым и хъуэпсэныгъэхэр зригъэгъуэтын щхьэкІэ. Мы темэм утепсэлъыхьыну уукІытэнкІэ хъунущ, ауэ Иеговэ илъагъу мыхъур зэхэдгъэкІын щхьэкІэ абы и гугъу дымыщІу хъунукъым. Абы хохьэ зинэ щІэныр (оральнэ, анальнэ секскІэ зэджэ Іуэхугъуэхэр), укІытапІэм, бгъэм, пхэм еІусэныр е нэгъуэщІ мыхъумыщІагъэхэр. Зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым апхуэдэ лей къызытехьа сабийр зэрымыкъуаншэр — балигъым ар къигъэсэбэпауэ аращ. Апхуэдэ лей зрахахэм и нэхъыбэр хъыджэбз цІыкІущ, ауэ щІалэ цІыкІухэми лей щрах щыІэщ. Апхуэдэ мыхъумыщІагъэ зыщІэхэм и нэхъыбэр — цІыхухъущ, ауэ цІыхубзхэми апхуэдэ щащІэ щыІэщ.
d ЦІыхур «сымаджэмэ» — Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэр зэІигъэхьамэ — абы къикІкъым гуэныхьышхуэ зэрищІам щхьэкІэ, жэуап ихьыжын хуэмейуэ (Рим 14:12).
e ЩІэпхъаджагъэ ищІауэ ягъэкъуаншэ цІыхум зэхуэсым и нэхъыжьхэр щепсалъэм деж сабийр щІэсын хуейуэ щыткъым. Сабийм и адэм, и анэм е дзыхь зыхуищІ балигъ гуэрым къэхъуар жриІэж хъунущ. Абы иужь сабийм жиІэжар а балигъым зэхуэсым и нэхъыжьхэм бгъэдилъхьэж хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ сабийм и гур нэхъри хэмыщІу къызэтенэнущ.
f А къалэныр сабийр зыпІ дэтхэнэ зыми хуэгъэзащ, ар абы и адэ-анэу щымытми.