ПщІэуэ пІэрэ?
Дауэ япэм кхъухькІэ нэгъуэщІыпІэ зэрыкІуэу щытар?
АПОСТОЛ Паул щыпсэуа зэманым щыгъуэ цІыхухэр зы щІыпІэ иришу нэгъуэщІыпІэ зышэ кхъухьхэр щыІэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ зыщІыпІэ кІуэну хуей цІыхум къищІэн хуейт езыр здыхуей щІыпІэм хьэпшыпхэр къезышэкІ кхъухьыр кІуэрэ мыкІуэрэ икІи цІыху къищтэрэ къимыщтэрэ (Апост. 21:2, 3). Кхъухьыр нэгъуэщІыпІэ кІуэуэ щытми, зыщІыпІэ ежьа цІыхур кхъухь тедзапІэм (портым) деж щикІыу, езыр здэкІуэ щІыпІэм нэхъ гъунэгъу хуэзыщІыну нэгъуэщІ кхъухьым итІысхьэж хъунут (Апост. 27:1—6).
КхъухькІэ хым сыт щыгъуи утехьэ хъунутэкъым, илъэсым и кІуэцІым зы зэман гуэрхэрат кхъухьыр псым щытехьэр. ИкІи кхъухьхэр график гуэрым тету ІукІтэкъым. Кхъухьыр хым темыхьэу зиІэжьэнкІэ хъунут дунейр зэІыхьауэ, уэлбанэу щытмэ, абы нэмыщІ кхъухьзехуэхэм нэщэнэ Іей гуэр ялъэгъуамэ. Псалъэм папщІэ, кхъухьыр зэрызырагъакІуэ кІапсэхэм къуаргъ кІийуэ тесу е псым щІилъэфа кхъухь гуэрым и къутахуэхэр ялъагъумэ, абы Іей гуэр къахуихьыну я гугъэт. Абы нэмыщІ кхъухьым и хъурзэр (якорыр) къыщыдрахьеижыр езыхэр здыхуей лъэныкъуэмкІэ жьыр къепщэу щытмэт. ЦІыхур здэкІуэну щІыпІэмкІэ кІуэ кхъухь къигъуэтамэ, абы и хьэпшыпхэр иІыгъыу кхъухь тедзапІэм и гъунэгъуу кІуэти, кхъухьыр щыІукІыну зэманыр жаІэным ежьэт.
«ЗыщІыпІэ кІуэну хуей цІыхум зитІысхьэну кхъухьыр гугъу емыхьу къигъуэтын щхьэкІэ Римым конторэхэр щыІэт,— етх тхыдэм елэжь Ла́йонел Ка́ссон.— Римым и кхъухь тедзапІэр Тибр псыр хым здыхэлъадэм деж щытт. Абы и гъунэгъуу щыт О́стие къалэ цІыкІум цІыху зэхыхьэпІэ ин иІэт, абы конторэхэр щыІэт. А конторэхэм щыщ куэдыр нэгъуэщІыпІэ щыщ компаниехэм я ейуэ щытт, а компаниехэм кхъухь зыбжанэ яІэт, псалъэм папщІэ Нарбо́н [иджыпсту щыІэ Францием и Іыхьэ] щыІэ компанием абы конторэ щиІэт, Карфаге́н [иджыпсту щыІэ Тунисым и Іыхьэ] щыІэ компаниеми конторэ щиІэт, апхуэдэу нэгъуэщІхэми яІэт. ЗыщІыпІэ кІуэну хуей цІыхур апхуэдэ конторэхэм щІыхьэу, сыт хуэдэ кхъухь тедзапІэхэм кхъухьыр къыщыувыІэнуми къищІэн хуейуэ арат».
ЦІыхур зы щІыпІэ гуэр кІуэну хуеймэ, кхъухькІэ нэхъ псынщІэу нэсынут лъэсу гъуэгу теувэ нэхърэ, ауэ абы шынагъэ пыщІат. Апостол Паул миссионер лэжьыгъэм щыхэтым, кхъухь зисыр зыбжанэрэ щыщІилъэфа къэхъуащ (2 Кор. 11:25).