Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Си щІалэгъуэм щІэныгъэ къызбгъэдалъхьам си гъащІэр насыпыфІэ ищІащ
ЖЭЩЫМ дэ Ни́гер псы Іуфэм деж дыщытт. Ар псы уэрт икІи и бгъуагъыр зы километррэ ныкъуэм щІигъут. Ниге́рия къэралым езым и кІуэцІым зауэ къыщыхъеяти, псым узэпрыкІыну Іейуэ шынагъуэт: уаукІынкІэ хъунут. Абы емылъытауэ, а псым мызэ-мытІэу дызэпрыкІын хуей хъуащ. Сыт щхьэкІэ? Абы и жэуапыр къэтщІэн щхьэкІэ сыкъалъхун ипэ къэхъуа Іуэхугъуэм дытепсэлъыхьыжынщ.
Си адэ Джон Миллз илъэс 25 щыхъум 1913-нэ гъэм Нью-Йорк къалэм псым зыщыщІигъэуащ. Псым зыщІэзыгъэуэнухэм хуэгъэза псалъэр ди къуэш Рассел жиІащ. Куэд дэмыкІыу си адэр Тринида́д кІуащ икІи Библием и КъэхутакІуэхэм щыщ Ко́нстанс Фа́рмер къишащ. Си адэмрэ абы и ныбжьэгъу Уи́льям Бра́унрэa «Фотодрама творения» жыхуиІэр ягъэлъагъуэу щытащ. Абыхэм а лэжьыгъэр 1923-нэ гъэ хъухукІэ ирагъэкІуэкІащ, иужькІэ къуэш Браун и щхьэгъусэр и гъусэу Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ ягъэкІуащ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ си адэ-анэр Тринидад къыщынащ хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ.
ФІЫУЭ ДЫКЪЭЗЫЛЪАГЪУ ДИ АДЭ-АНЭР
Ди адэ-анэм сабийуэ бгъу яІэт. Япэ къуэм Рутерфо́рд фІащащ «Общества Сторожевой башни, Библий и трактатов» жыхуиІэм и президентым и цІэкІэ. 1922-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 30-м сэ сыкъалъхуащ. «Золотой век» (иджы «Фыкъызэщыу!») журналым и редактор Кле́йтон Ву́дворт и цІэкІэ Вудворт къысфІащащ. Дэ школым щІэныгъэ щызэдгъэгъуэтащ, ауэ ди адэ-анэм дыхуагъэушт Алыхьым и лэжьыгъэр псом япэ идгъэщыну. Си анэр Библием тегъэщІауэ цІыхухэм фІыуэ епсэлъэфт икІи къагуригъэІуэфт. Си адэм Библием ит хъыбархэр апхуэдизу гъэщІэгъуэну жиІэжти, зытепсэлъыхь цІыхухэр ди нэгум къыщІэдгъэхьэфт.
Ди адэ-анэм къару ирахьэлІам фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ. Зэкъуэшитхум щыщу щым Галаад Школыр къаухащ, зэшыпхъуиплІым щыщу щыр илъэс куэдкІэ Тринида́д и Тоба́го зи цІэ къэралым пионеру щылэжьащ. Дагъасэурэ икІи щапхъэ дагъэлъагъуурэ ди адэ-анэм «Иеговэ и унэм» дыщыхасауэ жыпІэ хъунущ. Ахэр къызэрыддэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ «ди Алыхьым и пщІантІэхэм» дыщыгъэгъащ (Пс. 92:13).
Ди унэм пионерхэр щІэх-щІэхыурэ щыхьэщІэт. Абыхэм яфІэфІт миссионеру лажьэ къуэш Джордж Янг теухуауэ жаІэжыну, ар Канадэ къикІри Тринидад къэкІуат. Си адэ-анэм яфІэгъэщІэгъуэну Браун зэщхьэгъусэхэм теухуауэ жаІэжт. Браун унагъуэр Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ щылажьэну ямыгъакІуэ щІыкІэ, абыхэм я гъусэу си адэ-анэм хъыбарыфІыр ягъэІуу щытащ. А псом сэ сыхуигъэушащ илъэсипщІ фІэкІ сымыхъуу хъыбарыфІыр згъэІуу щІэздзэну.
СЫЩІАЛЭУ ХЪЫБАРЫФІЫР СОГЪЭІУ
А зэманым ди журналхэм дин нэпцІым, сатуущІэ нэпсейхэм икІи политикхэм я зэхэтыкІэр къыщІагъэщт. Абы къыхэкІкІэ 1936-нэ гъэм дин пашэхэм Тринидадым и губернаторыр хуагъэушащ «Общество Сторожевой Башни» жыхуиІэм и публикациехэр ягуэш мыхъуну унафэ ищІыну. Дэ гъэпщкІуауэ ди тхыгъэхэр къэдгъэсэбэпащ ахэр дыухыхукІэ. Дэ хъыбарыфІыр дгъэІут плакатхэр къэдгъэсэбэпурэ, абы нэмыщІ лъэсу икІи велосипедым дытесу тхылъымпІэхэр дгуэшт. Тунапу́на къалэм щыщ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу дэ рупор зытет машинэкІэ Тринидадыр зэрыщыту къызэхэджыхьащ. Сыту зэманыфІт ар! ФІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм сазэригъусам и фІыгъэкІэ сэ илъэс 16 сыхъуу псым зыщІэзгъэуащ.
Тунапунэ щыщ къуэш, шыпхъухэр рупэр зытет машинэм бгъэдэтщ
Адэ-анэм сызыхуагъэсамрэ си щІалэгъуэм хъыбарыфІыр зэрызгъэІуамрэ сыхуагъэушащ миссионеру сылэжьэну. 1944-нэ гъэм Ару́бэ островым сыщыкІуам щыгъуи миссионеру сылэжьэну гукъыдэж сиІэт, абы ди къуэш Э́дмунд Ка́ммингс гъусэ къыщысхуэхъуащ. Дэ хуабжьу дыгуфІат 1945-нэ гъэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм цІыхуипщІ къыщыкІуам щыгъуэ. Илъэс дэкІри Арубэ островым япэ зэхуэсыр къэунэхуащ.
Орисрэ сэрэ дызэрыша иужь гуфІэгъуэшхуэ диІэу Иеговэ дыхуолажьэ
Абы иужь куэд дэмыкІыу къыздэлажьэ хъыджэбз О́рис Уи́льямс хъыбарыфІымкІэ сыдэгуашэу щІэздзащ. Абы езым и еплъыкІэхэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къихьт. Ауэ Библиер иджурэ, Орис Тхыгъэ ЛъапІэм узыхуригъаджэр къищІащ икІи 1947-нэ гъэм, щІышылэм и 5 псым зыщІигъэуащ. ИужькІэ дэ фІыуэ дызэрылъагъури дызэрышащ. 1950-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм Орис пионеру лажьэу щІидзащ. Абы и гъусэу сэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэсщІащ.
ДЫДИХЬЭХЫУ НИГЕРИЕМ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДОГЪЭІУ
1955-нэ гъэм Галаад Школым и 27-нэ классым дыщеджэну дыкърагъэблэгъащ. Абы дыкІуэн щхьэкІэ Орисрэ сэрэ лэжьапІэм дыІукІыжащ, ди унэмрэ мылъку диІамрэ тщэри Арубэ къэдгъэнащ. 1956-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 29-м дэ еджэн дыухащ икІи Нигерием хъыбарыфІыр щыдгъэІуну дагъэкІуащ.
Лагос (Нигерие) щыІэ Вефиль унагъуэр. 1957-нэ гъэ
Орис игу къигъэкІыжт: «Иеговэ и къару лъапІэр къыбдоІэпыкъу миссионер лэжьыгъэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм уесэну. Си лІыр хуейт миссионеру лэжьэну, ауэ сэ зэи апхуэдэ гукъыдэж сиІакъым. Сэ си унэ сыщІэсыжу сабий спІыну нэхъ къасщтэт. Ауэ хъыбарыфІ гъэІуныр псом япэ игъэщын зэрыхуейр къызгурыІуа иужь си еплъыкІэр схъуэжащ. Галаад Школыр къэдуха иужь сэ мурад быдэ сщІат миссионеру сылэжьэну. „Куин Мэри“ зи цІэ кхъухьышхуэмкІэ дэ Нигерием дыкІуэн хуейт. Дригъэжьэжыну ди къуэш Уэрт То́рнтон къэкІуат, ар Норр и гъусэу лажьэт. Абы „Гъуэгу махуэ!“— жиІэри, Вефилым дызэрыщылэжьэнур къыджиІащ. Ар щызэхэсхам си жагъуэ хъуат, ауэ сэ си гупсысэкІэр псынщІэу схъуэжри, Вефилыр фІыуэ слъэгъуащ. Абы къалэн зэмылІэужьыгъуэ куэд щызгъэзащІэт. Псом нэхърэ нэхъ сигу ирихьыр — приемнэм щылэжьэнырат. Сэ цІыхухэр фІыуэ солъагъу икІи а лэжьыгъэм и фІыгъэкІэ Нигерием щыщ къуэш, шыпхъухэм садэІэпыкъуну Іэмал сиІэт. Куэдыр экскурсием езэшауэ, мэжалІэу икІи сабэ защІэу къакІуэт. Сэ си гуапэт абыхэм затхьэщІыжын икІи къару зрагъэгъуэтыжын щхьэкІэ садэІэпыкъуну. Апхуэдэу Иеговэ и лэжьыгъэ лъапІэм сызэрыхэтым гуфІэгъуэшхуэ къызитт». Пэжщ, къалэн дгъэзэщІахэр къыддэІэпыкъуащ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну.
1961-нэ гъэм дэ ди Іыхьлыхэр тлъэгъуну Тринидад дыкъэкІуэжат. Абы щыгъуэ ди къуэш Брауни абы щыІэт. Браун Африкэм щыщыІэм хъыбарыфІ гъэІуным пыщІауэ къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэнхэр къыджиІэжащ. Сэри абыхэм садэгуэшащ Нигерием ди къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр зэрыхэхъуэмкІэ. Абдежым Браун гуапэу ІэплІэ къысхуищІри си адэм жриІащ: «Джонни, уэ Африкэм укІуэфакъым, ауэ Вудворт ар хузэфІэкІащ!» Си адэм жиІащ: «ЕгъэфІакІуэ си къуэ! ЕгъэфІакІуэ уэ адэкІи!» Илъэс куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэ къуэш Браунрэ си адэмрэ я псалъэ гуапэхэм си лэжьыгъэр нэхъыфІыжу згъэзэщІэну сытрагъэгушхуащ.
Уильям Браунрэ абы и щхьэгъусэ Антониярэ дэ хуабжьу дагъэгушхуащ
1962-нэ гъэм адэкІи си щІэныгъэм хэзгъэхъуэн щхьэкІэ Галаад Школым и 37-нэ классым сыщеджэну сыкърагъэблэгъащ, ар мазипщІкІэ екІуэкІащ. Нигерием щыІэ филиалым и надзиратель Уилфред Гуч Англием ягъэкІуат, абы Школым и 38-нэ классыр къиухат. Абы и пІэкІэ сэ филиалым и надзиратель сащІащ. Къуэш Браун хуэдэу сэ щІэх-щІэхыурэ къэралым и щІыпІэ куэдым сыкІуэт. Апхуэдэу сызэрыкІуэм и фІыгъэкІэ Нигерием щыпсэу къуэшхэр нэхъ къэсцІыхуащ икІи нэхъыфІу слъэгъуащ. Зызыужьа къэралхэм щыпсэу цІыхухэм яІэ хьэпшыпхэм хуэдэ Нигерием щыпсэухэм, дауикІ, яІэтэкъым. Абы емылъытауэ а къуэш, шыпхъухэм гуфІэгъуэ яІэу псэут икІи гъащІэмкІэ арэзыт. Абы къегъэлъагъуэ куэд уимыІэми насыпыфІэу узэрыпсэуфынур. Я Іуэхур зыІутым тепщІыхьмэ, икъукІэ гъэщІэгъуэнщ ахэр сыт щыгъуи къабзэу, екІуу хуэпауэ зэІущІэхэм къызэрыкІуэу щытар. Конгрессхэм къуэш, шыпхъухэр къакІуэт и нэхъыбэм грузовиккІэ е болекаджэкІэb (а щІыпІэм щызекІуэ автобускІэ). А автобусхэм псалъэ гъэщІэгъуэнхэр тетт, псалъэм папщІэ: «Тенджызышхуэр псы ткІуэпс цІыкІу куэду аращ».
Сыту пэж а псалъэхэр! Дэтхэнэ зыми хъыбарыфІ гъэІуным къару ирихьэлІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэри а Іуэхум ди къару хэтлъхьащ. 1974-нэ гъэм Америкэм иужь Нигерие къэралыращ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я бжыгъэр минищэм хуэдиз хъуар. ХъыбарыфІ гъэІуным ехъулІэныгъэшхуэ иІэт!
1967-нэ гъэм щыщІэдзауэ 1970-нэ гъэм нэсыху Иеговэ и Щыхьэтхэм я бжыгъэр щыхэхъуэм щыгъуэ, Нигерия къэралым езым и кІуэцІым зауэ щекІуэкІат. Нигер псым и адрей ІуфэмкІэ щыІэ Биафрэм щыпсэу ди къуэшхэм мазэ бжыгъэкІэ филиалым зыпащІэфтэкъым. Ауэ Иеговэ къыбгъэдэкІ шхыныгъуэхэр къаІэрымыхьэу дэ ахэр къэдгъэнэфынутэкъым. Мы статьяр щыщІэддзэм зэрыжытІам хуэдэу, Иеговэ дыщыгугъыу дэ мызэ-мытІэу псым дызэпрыкІащ.
Нигер псым дызэрызэпрыкІыу щытар сэ зэи сщыгъупщэжынукъым. Дэ шэ къыттехуэнкІэ хъунут е дызэрылІыкІын уз къыдэуэлІэнкІэ хъунут. НэгъуэщІ шынагъэхэри щыІэт. Къэралым и сэлэтхэм я блокпостым ублэкІыну шынагъуэт, ауэ Биафрэ щыІэ зыкъэзыІэтахэм уаблэкІыну нэхъ шынагъуэжт. Зэгуэр жэщу сэ Нигер псы уэрымкІэ каноэ сису Асаба́ сикІыу Они́чу сыкІуэн хуей хъуащ. Абы сикІри Эну́гу сыкІуащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр згъэгушхуэн си мураду. Абы нэмыщІ Аба́ сыкІуауэ щытащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр згъэгушхуэн щхьэкІэ, абы уэздыгъэр жэщым щІэбгъанэ хъунутэкъым. Порт-Ха́ркорте дыщыщыІэм зэІущІэр псынщІэу тхьэлъэІукІэ дыухын хуей хъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къэралым и сэлэтхэр зыкъэзыІэтахэм къатеуат къалэм и гъунэгъуу.
Апхуэдэ зэІущІэхэм ди къуэшхэр зыкІэ хуэныкъуэти! Абыхэм Иеговэ и лъагъуныгъэр нэхъыфІыжу зыхащІэт икІи зэкъуэтыныгъэмрэ нейтралитетымрэ зэрахъумэным теухуа чэнджэщхэр и зэманым къаІэрыхьэт. Нигерием щыпсэуа ди къуэшхэм а зауэ шынагъуэр зэрекІуэкІам емылъытауэ Алыхьым хуэпэжу къэнэну яхузэфІэкІащ. Абыхэм лъагъуныгъэр къадэІэпыкъуащ лъэпкъ зэхэгъэж ямыщІыну икІи зэкъуэтыныгъэр яхъумэну. А зэман гугъум къуэшхэр згъэгушхуэну си дежкІэ пщІэшхуэт.
1969-нэ гъэм Нью-Йорк «Я́нки» стадионым къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгресс щекІуэкІат. Абы и цІэт «Мир на земле». А конгрессым и председателыр Ми́лтон Хе́ншельт. Сэ абы сыдэІэпыкъуащ икІи куэдым зезгъэсащ. Милтон Хеншель сригъусэурэ щІэныгъэ къэсщІахэр игъуэу къысІэрыхьауэ жыпІэ хъунут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ 1970-нэ гъэм къэрал куэдым къикІа къуэш, шыпхъухэр щызэхуэса конгресс Ла́гос (Нигерие) щекІуэкІащ. А конгрессым «Люди благоволения» и цІэт. Къэралым щекІуэкІа зауэр иуха къудейуэ арат, абы къыхэкІкІэ а конгрессыр Иеговэ и фІыгъэкІэ екІуэкІауэ жыпІэ хъунущ. Абы цІыхуу 121 128 къекІуэлІащ икІи программэр бзэуэ 17-кІэ зэрадзэкІащ. Норр, Хеншель къуэшхэр икІи нэгъуэщІ къуэшхэри Америкэмрэ Англиемрэ къикІыу чартернэ рейсхэмкІэ къэлъэтащ. Абыхэм псоми ялъэгъуащ цІыху 3 775 псым зэрызыщІагъэуар. Пэнтэкост (Пятидесятницэ) махуэшхуэм иужь мы конгрессыр цІыху нэхъыбэ дыдэм псым зыщыщІагъэуа конгрессхэм ящыщ зыщ. А конгрессыр ирагъэкІуэкІыну сэ къуэшхэм садэІэпыкъуат икІи а зэманым лэжьыгъэ куэд згъэзэщІэн хуей хъуащ, апхуэдэу сыхущІэмыхьэу зэи къэхъуауэ къыщІэкІынкъым. Нигерием щыпсэу къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр хуабжьу хэхъуэт.
Къэрал куэдым къикІа къуэш, шыпхъухэр щызэхуэса «Люди благоволения» конгрессым цІыхуу 121 128 къекІуэлІащ. Программэр бзэуэ 17-кІэ зэрадзэкІащ, игбо бзэри абыхэм яхэту
Дэ Нигерием илъэс 30-кІэ хъыбарыфІыр щыдгъэІуащ. Иныкъуэхэм деж сэ районым и нэхъыжьу е зональнэ надзирателу Африкэм и къухьэпІэ лъэныкъуэмкІэ сылажьэт. Сэ миссионерхэр згъэгушхуэт икІи абы щхьэкІэ ахэр икъукІэ арэзыт. Сэ гуфІэгъуэ къысхуихьт ахэр лъапІэу зэралъытэр икІи зэращымыгъупщэр зэражесІэм. А лэжьыгъэр згъэзащІэурэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къызгурыІуащ: къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ икІи Иеговэ и организацэр зэкъуэту къэнэн щхьэкІэ цІыхум гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ хуэщІын хуейщ.
Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуам и фІыгъэкІэщ зауэм кърикІуа гугъуехьхэмрэ узхэмрэ дыщІыпэлъэщыфар. Иеговэ фІыгъуэ къызэрытхуищІэр сытым дежи тлъагъут.
Орис игу къегъэкІыж: «Дэ тІури маляриекІэ мызэ-мытІэу дысымэджащ. Зэгуэрым Вудворт Лагос дэт сымаджэщым къэмэхауэ яшащ. Ар лІэнкІэ хъуну къызжаІат, ауэ, ди насыпти, къелащ! ЗыкъищІэжа иужь, абы сымаджэщым щылажьэ къыкІэлъыплъ зы щІалэ гуэрым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарымкІэ занщІэу дэгуашэу щІидзащ. ИужькІэ дэ а щІалэм деж дгъэзэжащ Библием теухуауэ нэхъыбэ къедгъэщІэн щхьэкІэ, абы Нвамбиве и унэцІэт. А щІалэм псым зыщІигъауэри, иужькІэ Аба къалэм зэхуэсым и нэхъыжь хъуащ. Сэри куэдым садэІэпыкъуфащ я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэну, уеблэмэ, муслъымэн диным быдэу тет цІыхухэми. ИкІи дэ догуфІэ Нигерием щыщ къуэшхэр нэхъыфІу къэтцІыхуу, езыхэри, я культурэри, я бзэри фІыуэ зэрытлъэгъуам щхьэкІэ».
Абы нэмыщІ дэ иджыри къыдгурыІуащ: нэгъуэщІ къэралым ехъулІэныгъэ уиІэу хъыбарыфІыр щыбгъэІуну ухуеймэ, къуэш, шыпхъухэр фІыуэ плъагъуу зебгъэсэн хуейщ, абыхэм я культурэр ууейм къызэрыщхьэщыкІым емылъытауэ.
КЪАЛЭНЫЩІЭХЭР
1987-нэ гъэм дэ къалэныщІэ къыдатащ — Карибскэ хым хэт Сент-Люси́я остров дахэм миссионеру дыщылэжьэну. Ар дэ Іейуэ дигу ирихьащ, ауэ япэм хъыбарыфІыр щыдгъэІуу щыта щІыпІэхэм мы щІыпІэр къыщхьэщыкІт. Африкэм цІыхухъум щхьэгъусэ зытІущ иІэ хъунут, ауэ мы островым цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ нэчыхь ирамыгъэтхыу зэдэпсэут. Едгъэджа цІыху куэдыр Алыхьым и Псалъэм хуигъэушащ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр халъхьэну.
Орисрэ сэрэ зэгъусэу илъэс 68-кІэ дызэдэпсэуащ икІи сэ ар фІыщэу слъэгъуащ
Ди ныбжьыр хэкІуэтэхукІэ ди узыншагъэри нэхъ мащІэ хъут, абы къыхэкІкІэ 2005-нэ гъэм УнафэщІ гупым лъагъуныгъэшхуэ хэлъу унафэ ищІащ Бруклин (Нью-Йорк) щыІэ дунейпсо Іуэху зехьэпІэм дагъэкІуэну. Сэ махуэ къэс Иеговэ фІыщІэ хузощІ Орис си щхьэгъусэу зэрыщытам щхьэкІэ. Ар 2015-нэ гъэм дунейм ехыжащ. Си гум илъ гуауэр псалъэкІэ пхужыІэнкъым. Орис ныбжьэгъуфІ дыдэу икІи лъагъуныгъэ зыхэлъ щхьэгъусэу щытащ. Дэ зэгъусэу илъэс 68-кІэ дызэдэпсэуащ икІи сэ ар фІыщэу слъэгъуащ. Дэ насыпыфІэ узыщІыфынур сытми къыдгурыІуащ: Иеговэ нэхъыжьу тригъэувахэм пщІэ хуэщІын хуейщ, ди гум къыбгъэдэкІыу зыр зым хуэдгъэгъун хуейщ, Іэдэбагъ тхэлъын хуейщ икІи Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр дгъэлъэгъуэн хуейщ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр унагъуэми зэхуэсми къыбдэІэпыкъунущ.
Гукъыдэж димыІэу е ди лъэр щІэхуауэ щыщытым деж, дэ Иеговэ делъэІут ар ди лэжьыгъэм зэран хуэмыхъуну. Дэ сытым дежи дыхущІэкъут дызыкІэлъыплъыжыну икІи зытхъуэжыну, абы нэмыщІ гу лъыттэт Алыхьым и организацэм сыт щыгъуи зэхъуэкІыныгъэфІхэр къызэрыхыхьэм. ИкІи, дауикІ, нэхъыфІ дыдэр къытІэрыхьэну къытпэщылъщ! (Ис. 60:17; 2 Кор. 13:11).
Тринидад и Тобаго хъыбарыфІыр щызыгъэІу си адэ-анэмрэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэмрэ ирахьэкІ лэжьыгъэм Иеговэ и фІыгъэкІэ фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ — иужьрей отчетым зэрыжиІэмкІэ абы иджыпсту ди къуэш, ди шыпхъуу 9 892 щыІэщ. Арубэ щыІа сэ сызыхэта япэ зэхуэсыр нэхъ быдэ ящІын щхьэкІэ къуэш куэдым къаруушхуэ ирахьэлІащ. Иджы абы зэхуэсу 14 щыІэщ. Нигерием къуэш, шыпхъухэм я бжыгъэр куэдкІэ хэхъуащ, иджы ахэр 381 398 мэхъу. Сент-Люсия островым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр цІыху 783 ягъэІу.
Сэ илъэс 90-м сыщІигъуащ. Иеговэ и унэм «щыхасахэм» теухуауэ Псалом 92:14 щыжыІащ: «Я щхьэцыр тхъуа иужьи, абыхэм заужьынущ; япэм хуэдэуи къару куэд яІэнущ икІи жыджэру щытынущ». Сэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ абы сыхуэлажьэу си гъащІэр зэресхьэкІыфам щхьэкІэ. Си щІалэгъуэм щІэныгъэ къызбгъэдалъхьам сыхуигъэушащ Иеговэ и лэжьыгъэм сыхэту си гъащІэр есхьэкІыну. Алыхьым лъагъуныгъэ къысхуищІри «и пщІантІэхэм [сы]щыгъэгъэну» хуит сищІащ (Пс. 92:13).
a 2014-нэ гъэм къыдэкІа «Ежегодник» тхылъым и напэкІуэцІ 100—101 ит «Его называли Библейский Браун» жыхуиІэ статьям Уильям Браун и гъащІэм теухуауэ итщ.
b 1972-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм и 8 къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым и напэкІуэцІ 24—26 феплъ, англ.