Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
«Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу дуней псом щагъэІунур дапщэщ?
2025 гъэм, ноябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ статьям къыдгуригъэІуащ куэд мыщІэу Иеговэ «бжьакъуипщІым» (къэрал унафэщІ псоми) ягу зэрырилъхьэнур я лъэкІыныгъэри я тепщэныгъэри «хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ, ООН-м иратыну. Апокалипсис тхылъыр «хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэм» иджыри хьэщхьэвылъэм и сурэткІэ йоджэ (Апок. 13:14, 15; 17:3, 16, 17). Абы иужь «бжьакъуипщІымрэ» «хьэщхьэвылъэмрэ» дин нэпцІыр дуней псом щагъэкІуэдынущ. Ауэ «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым»a жаІэу дуней псом дапщэщ щагъэІунур — дин нэпцІыр ягъэкІуэдын ипэ хьэмэрэ ар ягъэкІуэда иужь? (1 Фес. 5:3).
КІэщІу жыпІэмэ, «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу щагъэІунур дапщэщми дэ тщІэкъым. А Іуэхур зэрекІуэкІынур нэгъэсауэ тщІэуэ щытамэ, набдзэгубдзаплъэу дыщытын хуеинутэкъым. Ауэ зэрытщІэжщи, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр мызэ-мытІэу «фымыжейуэ фысакъ» жиІэурэ хуигъэушт (Мт. 24:42; 25:13; 26:41). АдэкІэ зэпкърытхынщ апостол Паул Фессалоникэ тхылъым щитха къэхъун хуей псалъэхэр.
Паул мыпхуэдэу итхащ: «„Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым,“ цІыхухэм щыжаІэкІэ, гугъуехьышхуэ ямыщІэххэу къатехъуэнущ» (1 Фес. 5:2, 3). Ди тхыгъэхэм Паул и псалъэхэр мыпхуэдэу къыдгурагъаІуэт: «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу щагъэІунур гузэвэгъуэшхуэм ипэ дыдэ къихуэущ. А гузэвэгъуэшхуэр зэрыщІидзэнур Бабилэнышхуэр — дуней псом тет дин нэпцІыр зэрагъэкІуэдынумкІэщ. Дэ иджыри жытІэт «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІуа иужь, занщІэу гузэвэгъуэшхуэм щІидзэну.
Мы упщІэр куууэ зэпкърытха иужь 1 Фессалоникэ 5:2, 3 ит пророчествэр нэгъуэщІуи къызэрыбгурыІуэфынум гу лъыттащ. Дин нэпцІыр ягъэкІуэда иужьи «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІуфынущ. Апхуэдэу дегупсысыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ диІэ? Абы иджыпсту дыхэплъэнщ.
Дин нэпцІымрэ зауэхэмрэ дапхуэдэу зэпыщІа? Библием щыжыІащ: «ЩІылъэм щаукІа псоми я лъыр а къалэшхуэм [Бабилэнышхуэм] къыщагъуэтащ» (Апок. 18:24). Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІ «псэжьышхуэм» е нэгъуэщІу жыпІэмэ дин нэпцІым ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъхэр зэзэуэну хуигъэушт икІи щІэх-щІэхыурэ террористхэм ядэщІт (Апок. 17:1, 5). Ар зыхущІэкъуар мамырыгъэкъым, атІэ зауэмрэ гущІэгъуншагъэмрэщ. Абы къыхэкІкІэ, «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу щагъэІунур Бабилэнышхуэр ягъэкІуэда иужьщ жытІэу дегупсысыным акъыл гуэр хэлъщ. Ауэ ар зэрекІуэкІыну дыдэр дэ тщІэкъым.
«Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІуа иужь сыт къэхъунур? Паул итхащ: «ЦІыхухэм... гугъуехьышхуэ ямыщІэххэу къатехъуэнущ» (1 Фес. 5:3). Къэрал унафэщІхэм дин нэпцІыр ягъэкІуэдын ипэ «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІуа иужь Алыхьым ахэр игъэкІуэдмэ, дапхуэдэу абыхэм дин нэпцІыр зэрагъэкІуэдынур? Аращи, Паул и псалъэхэр мыпхуэдэуи къыбгурыІуэфынущ: япэщІыкІэ къэрал унафэщІхэм дин нэпцІыр ягъэкІуэдынущ, иужькІэ «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІунущ, икІэм-икІэжым Алыхьым ахэр игъэкІуэдынущ.
Иеговэ и лэжьакІуэхэм а пророчествэр къызэрыхъур щалъагъукІэ сыт къагурыІуэнур? Паул итхащ: «Фэ, ди къуэшхэ, кІыфІыгъэм фыхэткъым. Аращи, а махуэр дыгъуакІуэм хуэдэу фымыщІэххэу къыфхуэкІуэнукъым» (1 Фес. 5:4). Фегупсысыт: дин нэпцІыр ягъэкІуэда иужь, «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІумэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм къагурыІуэнущ куэд мыщІэу къэрал унафэщІхэри Алыхьым зэригъэкІуэдынур. Ауэ езы къэрал унафэщІхэм шынагъуэ зыри щымыІэ ягугъэурэ, я кІуэдыжыгъуэр ямыщІэххэу — дыгъуакІуэм хуэдэу къахуэкІуэнущ (1 Фес. 5:2).
Аращи, куэд мыщІэу къэхъунум теухуауэ сытым дыпэплъэ хъуну? «БжьакъуипщІымрэ» тепщэныгъэшхуэ къызыІэрыхьэну хьэщхьэвылъэмрэ дин нэпцІыр ягъэкІуэдынущ. Апхуэдэу гузэвэгъуэшхуэм щІидзэнущ. ИкІи дэ дощІэ зэгуэр къэрал унафэщІхэм «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу зэрагъэІунур. Дапщэщ ар къыщыхъунур? Ар къыщыхъуфыну ІуэхугъуитІ дэ иджыпсту зэпкърытхащ. Япэр: «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу щагъэІунур дин нэпцІыр ягъэкІуэдын ипэ. ЕтІуанэр: «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу щагъэІунур къэрал унафэщІхэм дин нэпцІыр ягъэкІуэда иужь. Дэ къытхуэнэжыр а Іуэхугъуэм дежьэу дыкІэлъыплъыныращ. И нэхъыбэм Библием ит пророчествэхэр нэгъэсауэ къыщыбгурыІуэр ахэр къыщыхъум дежщ е къэхъуа иужьщ. (Евгъапщэ Иуан 12:16.)
Зыщыдгъэгъупщэнкъым псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу щагъэІуныракъым, атІэ Алыхьым хуэпэжу дыкъызэрынэныращ. Дэ «дымыжейуэ дысакъын, зышыІэныгъи тхэлъын хуейщ» (1 Фес. 5:6). Абы щыгъуэ къэхъуну Іуэхугъуэхэм хуэхьэзыру дыщытынущ, ахэр дапхуэдэу къэмыхъуами.
a Апостол Паул мы Іуэхугъуэм теухуауэ зэритха щІыкІэм къыдгурегъаІуэ «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу зэ е зыбжанэрэ зэрагъэІуфынур.