БИБЛИЕМ ЗИ ГУГЪУ ИЩІ ЦІЫХУХЭР
Авдий. Алыхьым хувиІэ фІэлІыкІым лІыгъэ къыфхелъхьэ
Авдий пащтыхь Ахав и унэшхуэм кІэлъыплъхэм я унафэщІт. Ахав пащтыхьу щытета зэманым тхьэ нэпцІ Ваалым хуэлэжьэныр Израилым зыщиубгъуат. Ауэ Авдий «и щІалэгъуэ» лъандэрэ Иеговэ фІэлІыкІт (1 Цар. 18:1—13). Ахав и щхьэгъусэ пащтыхь гуащэ Иезавель Иеговэ и бегъымбар псори яукІыну унафэ зэрищІар Авдий къыщищІам щыгъуэ, абы къыгурыІуащ ахэр къригъэлын щхьэкІэ, лІыгъэ хэлъу зыгуэр ищІэн зэрыхуейр. Авдий и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ, зы бегъымбар дэнэ къэна, бегъымбару 100 игъэпщкІуащ! А зэманым гъаблэ щыІауэ щытми, Авдий абыхэм шхын яхуихьт. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, ар дапхуэдизу сакъын хуеями, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Ахаврэ Иезавелрэ хуэлажьэ бегъымбар нэпцІхэр куэд хъут икІи абыхэм щыщ гуэрым ар къилъэгъуфынут (1 Цар. 18:19).
Авдий и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Ар Ахав щышынэу щытами, нэхъыбэу зыщышынэр Алыхьырат. Абы къыхэкІкІэ, Авдий и гъащІэр итыну хьэзырт, и къуэшхэр къригъэлын щхьэкІэ. Дэри Алыхь фІэлІыкІ дызэриІэным делэжьын хуейщ, псом хуэмыдэу ди лэжьыгъэр щызэхуащІа щІыпІэм дыщыпсэууэ щытмэ. Апхуэдэ фІэлІыкІым дэ лІыгъэ къытхилъхьэнущ, гъэунэхуапІэ пэщІэхуэ къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъуфын щхьэкІэ.