Зэгуэр уегупсысауэ пІэрэ?
Псоми мамырыгъэ къалъыхъуэмэ, апхуэдиз зауэ щІыщыІэр сыт?
Апхуэдиз залымыгъэ къыщекІуэкІ дунейм цІыхум гупсэхугъуэ щигъуэтыфыну пІэрэ?
Зауэ щыщымыІэжыну зэман тлъэгъуну пІэрэ?
Тхыгъэ ЛъапІэм мы упщІэхэм жэуап ирет икІи а жэуапхэр уэ узэригугъам темыхуэнкІэ хъунущ. Ауэ уэ Библием къыщыпщІэнухэм Іэмал имыІэу гупсэхугъуэ къыуатынущ.
Мы журналым уэ къыщыпщІэнущ зауэхэм кІэ къазэрыхуэкІуэнум теухуауэ Библием жиІэр.