ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w23 Ноябрь н. 20—25
  • Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап иритыну пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап иритыну пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ СЫТКІЭ ДЫЩЫГУГЪ ХЪУНУ?
  • ИЕГОВЭ СЫТКІЭ КЪЫТЩЫГУГЪРЭ?
  • ЗЭМАН-ЗЭМАНКІЭРЭ ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ДЫЩІЫХЭПЛЪЭЖЫН ХУЕЙР СЫТ?
  • Дапхуэдэу Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Языныкъуэ тхьэлъэІухэм Алыхьым жэуап щІримытыр сыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
  • Уи тхьэлъэІухэр егъэфІакІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Дапхуэдэу Алыхьым дызэрелъэІун хуейр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
w23 Ноябрь н. 20—25

49 СТАТЬЯР

Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап иритыну пІэрэ?

«Фэ фыкъызэджэнущ, си деж фыкъэкІуэнущ, тхьэлъэІукІи зыкъысхуэвгъэзэнущ, икІи сэ фэ фызэхэсхынущ» (ИЕР. 29:12).

41-НЭ УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап къримыту къыщІытщыхъункІэ хъунур сыт?

«ИЕГОВЭ уи дежкІэ гуфІэгъуэшхуэу щрет, абы щыгъуэ уи гур зыщІэхъуэпсыр абы къыпхуищІэнущ» (Пс. 37:4). Мы псалъэхэм хуабжьу дагъэгушхуэ! Ауэ абы къикІыу пІэрэ Алыхьым дызэрелъэІуу хъуар занщІэу къытхуищІэну? Апхуэдэ упщІэ къыщІэхъейр сыт? Іуэхугъуэ зыбжанэм гу лъыттэнщ. Щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъур «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм кърагъэблэгъэну хуейуэ Алыхьым йолъэІу. Ауэ ар абы кърамыгъэблагъэурэ илъэс бжыгъэ макІуэ. Ди къуэш щІалэщІэр Иеговэ йолъэІу узыфэ хьэлъэр щхьэщихыну, зэхуэсым нэхъыбэу дэІэпыкъуну Іэмал иІэн щхьэкІэ. Ауэ абы и узыншагъэр нэхъыфІ хъуркъым. Адэ-анэр Алыхьым йолъэІу я сабийм пэжым и гъуэгур къимыгъэнэну. Ауэ абы Иеговэ къегъанэ.

2 Уэри Иеговэ узэрелъэІуа гуэрым и жэуап къыпІэрымыхьагъэнкІэ хъунщ. Абы къыхэкІкІэ, уэ уегупсысу щІэбдзэнкІэ хъунущ Иеговэ ууейм нэмыщІ, адрейхэм я тхьэлъэІухэм псоми едаІуэу. Апхуэдэ гурыщІэ ди шыпхъу Джа́нисb иІащ. Джанисрэ и щхьэгъусэмрэ Вефилым щылэжьэну хуейти, Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэт. Абы жеІэ: «Куэд дэмыкІыу Вефилым дыкъызэрырагъэблэгъэнум сэ шэч лъэпкъ къытесхьэтэкъым». Ауэ ахэр ирамыгъэблагъэурэ мазэ бжыгъи илъэс бжыгъи дэкІащ. Джанис пещэ: «Сэ сынэщхъейт икІи сщІэнур сщІэтэкъым. Иеговэ зыгуэркІэ и жагъуэ сщІауэ къысщыхъут. Вефилым дыкърагъэблэгъэн щхьэкІэ сэ куэдрэ тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуэзгъэзащ. Сыту пІэрэ абы си тхьэлъэІухэм жэуап къыщІримытар?»

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Зэман-зэманкІэрэ дэ къытщыхъункІэ хъунущ Иеговэ ди тхьэлъэІухэм емыдаІуэу. Апхуэдэ гурыщІэхэр пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэми яІащ (Иов 30:20; Пс. 22:2; Авв. 1:2). Ауэ фэ шэч къытевмыхьэми хъунущ Иеговэ фи тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритынум (Пс. 65:2). Ар быдэу ди фІэщ хъун щхьэкІэ упщІищ зэпкърытхынщ: 1) Иеговэ сыткІэ дыщыгугъ хъуну? 2) Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ? 3) Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Иеговэ дызэрелъэІур щытхъуэжын хуей хъунур?

ИЕГОВЭ СЫТКІЭ ДЫЩЫГУГЪ ХЪУНУ?

4. Иеремия 29:12 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?

4 Иеговэ ди тхьэлъэІухэм едэІуэну дыкъегъэгугъэ. (Къеджэ Иеремия 29:12.) Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр фІыуэ елъагъури, абыхэм я тхьэлъэІухэр зэи гулъытэншэу къигъанэкъым (Пс. 10:17; 37:28). Ауэ абы къикІкъым Алыхьым дызэрелъэІуу хъуар къытхуищІэну. Дэ Иеговэ дызэрелъэІухэм щыщ гуэрхэр къыщыдитынур дунеищІэрауэ къыщІэкІынущ.

5. Иеговэ ди тхьэлъэІухэм щедаІуэм деж зэплъыр сыт? КъыдгурывгъаІуэ.

5 Иеговэ йоплъ ди тхьэлъэІухэр и мурадым зэрепхам. (Ис. 55:8, 9). Алыхьыр хуейт абы хуэжыІэдаІуэу щыт цІыхухъухэмрэ цІыхубзхэмрэ щІылъэм тез хъуну. Ауэ ШейтІаным жеІэ цІыхухэр Алыхьыншэу нэхъ насыпыфІэу псэуну (ЩІэдз. 3:1—5). ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІигъэщын щхьэкІэ, Иеговэ цІыхухэр я щхьэ акъылкІэ псэуну хуит ищІащ. Аращи, цІыхухэм тепщэныгъэр зэраІэщІэлъым щхьэкІэщ дунейм апхуэдиз гугъуехь щІыщыІэр (Эккл. 8:9). Дэ къыдгуроІуэ Иеговэ а гугъуехьхэр иджыпсту дыдэ зэрыІуимыхынур. Абы апхуэдэу ищІауэ щытамэ, зыгуэрхэр егупсысыфынут цІыхухэм я щхьэм и унафэ тэмэму яхуэщІыжу, Алыхьми хуэмыныкъуэу.

6. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи захуагъэ хэлъу къызэрытхущытыр ди фІэщ тщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

6 Зэщхьу щыт тхьэлъэІухэм Иеговэ зэхуэмыдэу жэуап иритыфынущ. Псалъэм папщІэ, пащтыхь Езекие сымаджэ хьэлъэ щыхъуам щыгъуэ, Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзат. Алыхьым абы и тхьэлъэІум жэуап иритри игъэхъужащ (2 Цар. 20:1—6). Ауэ апостол Паул и пкъым хэлъ «банэр» хихыну Иеговэ щелъэІуам щыгъуэ, абы а гугъуехьыр Іуихакъым. А «банэр» узыфэ гуэру къыщІэкІынт (2 Кор. 12:7—9). Апостол Екъубрэ Петррэ къащыщІари дигу къэдгъэкІыж хъунущ. Ирод а тІур иукІыну хуейт. Дэ дощІэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр Петр щхьэкІэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ Алыхьым зэрызыхуагъазэу щытар. Къуэш, шыпхъухэр Екъуб щхьэкІи апхуэдэ дыдэу Алыхьым елъэІуауэ къыщІэкІынущ. Петр мелыІычым къригъэлащ, ауэ Екъуб яукІащ (Апост. 12:1—11). Дэ мыпхуэдэу дегупсысыфынущ: «Иеговэ Петр хуэдэу, Екъуби къыщІримыгъэлар сыт?» Мы упщІэм и жэуапыр Библием иткъымc. Ауэ дэ дощІэ: Иеговэ «хабзэншагъэ зэрихьэкъым» (Втор. 32:4). Иджыри дэ дощІэ Иеговэ Петри Екъуби фІыуэ илъагъуу икІи яхуэарэзыуэ зэрыщытар (Апок. 21:14). Иеговэ ди тхьэлъэІухэм дызэрыхуейм хуэдэу жэуап къыщримыт къохъу. Ауэ дэ ди фІэщ мэхъу абы фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи захуагъэ хэлъу къызэрытхущытыр. Аращ дэ дыщІэмытхьэусыхэр, Иеговэ и жэуапыр дызэригугъам хуэдэу щыщымытым деж (Иов 33:13).

7. Сыт дэ тщІэну дызыхэмытыр икІи сыт щхьэкІэ?

7 Дэ дыхущІокъу ди Іуэхур зыІутыр нэгъуэщІхэм ейм едмыгъэпщэну. Псалъэм папщІэ, зыгуэр щхьэкІэ Иеговэ долъэІу, ауэ абы жэуап къыдимыту жытІэнщ. ИужькІэ дэ къыдощІэ нэгъуэщІ цІыху гуэри апхуэдэ дыдэ щхьэкІэ Иеговэ зэрелъэІуар икІи абы жэуап къызэрыритар. Ди шыпхъу Аннэ апхуэдэу къыщыщІауэ щытащ. Абы и щхьэгъусэ Мэ́тью лышх уз иІэт. Аннэ Иеговэ елъэІут ар игъэхъужыну. А зэман дыдэм абыхэм я зэхуэсым щыщ ныбжь зиІэ шыпхъуитІи апхуэдэ узым ебэнт. Аннэ и щхьэгъусэм щхьэкІи а шыпхъуитІым щхьэкІи Алыхьым елъэІут. А шыпхъухэр хъужащ, ауэ Мэтью, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лІащ. ЯпэщІыкІэ Аннэ мыпхуэдэу егупсыст: а шыпхъухэр зыгъэхъужар Иеговэ? Арауэ щытмэ, си щхьэгъусэр щхьэ имыгъэхъужарэ? Ар и щхьэгъусэм щхьэкІи Иеговэ елъэІуу щытащ. ДауикІ, дэ икІэм нэс тщІэркъым а шыпхъухэр щІэхъужам и щхьэусыгъуэр. Ауэ дэ дощІэ Иеговэ Іэмал имыІэу гугъуехьу хъуам кІэ зэрыритынур. Езы Иегови къыхуэмыгъэсу поплъэ и ныбжьэгъухэр къыщигъэтэджыжыну зэманым (Иов 14:15).

8. 1) Исайя 43:2 зэритымкІэ, Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? 2) Гугъуехь дыщиІэм деж, тхьэлъэІур дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур? («ТхьэлъэІум теубыдагъэ къыпхелъхьэ» жыхуиІэ видеом феплъ.)

8 Иеговэ сыт щыгъуи къыддэІэпыкъунущ. Гугъуехь дыщиІэм деж, фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм и гур къытщІогъу (Ис. 63:9). Ауэ абы ди гугъуехьу хъуар Іуихкъым, ахэр псыдзэм е мафІэм хуэдэу щытми. (Къеджэ Исайя 43:2.) Апхуэдэу щыщытым дежи Иеговэ дыкъегъэгугъэ дыкъимыгъэнэну икІи гъэунэхуапІэхэм дыкІуэцІришыну. Алыхьым зэи зыри зэран хуигъэхъунукъым абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм. Абы нэмыщІ дэ псори тхуэшэчын щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къыдет (Лк. 11:13; Флп. 4:13). Аращи, Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэу хъуар абы сыт щыгъуи къыдитынущd.

ИЕГОВЭ СЫТКІЭ КЪЫТЩЫГУГЪРЭ?

9. Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунумкІэ шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт? (Екъуб 1:6, 7).

9 Иеговэ къытщогугъ дэ абы дзыхь хуэтщІыну (Евр. 11:6). Иныкъуэхэм деж ди гугъуехьхэр бгым хуэдэу ину къытщыхъуфынущ икІи Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытетхьэнкІэ хъунущ. Ауэ Библием дыкъегъэгугъэ: Алыхьыр ди гъусэмэ, дэ псори тхузэфІэкІынущ (Пс. 18:29). Аращи, шэч къытевмыхьэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи абы жэуап къызэрывитынур фи фІэщ фщІы. (Къеджэ Екъуб 1:6, 7.)

10. Ди тхьэлъэІухэм дытетыным къикІыр сыт? Щапхъэ къэфхь.

10 Иеговэ къытщогугъ ди тхьэлъэІухэм дытету дыпсэуну. Псалъэм папщІэ, къуэшыр конгрессым кІуэн щхьэкІэ лэжьапІэм зыкъригъэутІыпщыну хуейщи, Иеговэ къыдэІэпыкъуну йолъэІу. Дапхуэдэу Иеговэ абы и тхьэлъэІум жэуап зэрыритынур? Абы ди къуэшым лІыгъэ къыхилъхьэфынущ, зыгъэлажьэм епсэлъэфын щхьэкІэ. Ауэ къуэшыр езыр зыгъэлажьэм епсэлъэн хуейщ. Ар абы къиутІыпщын щхьэкІэ мызэ-мытІэу елъэІун икІи и лэжьэгъуэ махуэмкІэ къыдэлажьэм ехъуэжэн е отпуск къищтэн хуеинкІэ хъунущ.

11. Ди дежкІэ мыхьэнэ зиІэм теухуауэ зэпымыууэ Иеговэ дыщІелъэІун хуейр сыт?

11 Иеговэ къытщогугъ ди дежкІэ мыхьэнэ зиІэм теухуауэ зэпымыууэ абы делъэІуну (1 Фес. 5:17). Хьисэ и псалъэхэм къагъэлъагъуэ ди тхьэлъэІуу хъуам Алыхьым занщІэу жэуап зэрыримытынур (Лк. 11:9). Аращи, фи Іэр евмыхьэхыу адэкІи Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ (Лк. 18:1—7). АбыкІэ фэ Иеговэ евгъэлъэгъунущ фыщІэлъаІуэм фи дежкІэ мыхьэнэ зэриІэр икІи ар къызэрывдэІэпыкъуфынур фи фІэщ зэрыхъур.

ЗЭМАН-ЗЭМАНКІЭРЭ ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ ДЫЩІЫХЭПЛЪЭЖЫН ХУЕЙР СЫТ?

12. 1) Сыт хуэдэ упщІэ зэттыж хъунур икІи сыт щхьэкІэ? 2) Иеговэ пщІэ зэрыхуэтщІыр ди тхьэлъэІухэм къыхэщрэ къыхэмыщрэ дапхуэдэу къызэрытщІэнур? («Иеговэ пщІэ зэрыхуэсщІыр си тхьэлъэІухэм къыхэщрэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

12 ДыщІэлъаІуэр къытІэрымыхьэмэ, упщІищ зэттыж хъунущ. Япэр: «СыщІэлъаІуэр Алыхьым и Іэмырым техуэрэ?» Инэхъыбэм дэркІэ нэхъыфІыр къыдгурыІуэжу къытщохъу. Ауэ ар нэхъыфІу зыщІэр Иеговэщ. Абы хэкІыпІэ илъагъур дэ тлъагъум нэхърэ ІэджэкІэ нэхъыфІу щытыфынущ. Уеблэмэ, дэ ди лъэІур Алыхьым и Іэмырым темыхуэххэнкІэ хъунущ (1 Ин. 5:14). Псалъэм папщІэ, япэ абзацым дызытепсэлъыхьа адэ-анэм и гугъу тщІынщ. Ахэр Иеговэ йолъэІу я сабийр пэжым и гъуэгум тримыгъэкІыну. Зэ еплъыгъуэкІэ апхуэдэ лъэІур тэмэму къыпщохъу. Ауэ Иеговэ залымыгъэкІэ зыри зыхуигъэлажьэкъым. Ар хуейщ дэтхэнэ зы цІыхури езыр хуейуэ абы хуэлэжьэну (Втор. 10:12, 13; 30:19, 20). Абы къыхэкІкІэ адэ-анэр быным и гум лъэІэсын щхьэкІэ Иеговэ къадэІэпыкъуну елъэІумэ нэхъыфІщ. Апхуэдэу ахэр быным дэІэпыкъуфынущ Иеговэ фІыуэ илъагъуну икІи абы и ныбжьэгъу хъуну (Прит. 22:6; Еф. 6:4).

Иеговэ пщІэ зэрыхуэсщІыр си тхьэлъэІухэм къыхэщрэ?

Иеговэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэщ икІи ар хуейщ ди тхьэлъэІухэм жэуап иритыну. Ауэ ар пщІэ зыхуэфащэ КъэгъэщІакІуэуи щытщ (Апок. 4:11). Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэвгъазэкІэ абы хуэфащэ пщІэр дапхуэдэу зэрыхуэфщІыфынур?

  • Фи тхьэлъэІухэр Алыхьым и Іэмырым техуэрэ темыхуэрэ зэхэвгъэкІ (1 Ин. 5:14). Псалъэм папщІэ, ди тхьэлъэІухэр щхьэхуещэ зэрымыхъуным дыкІэлъыплъын хуейщ. Иеговэ апхуэдэ тхьэлъэІухэм жэуап зэрыримытым теухуауэ Екъуб япэ лІэщІыгъуэм псэуа къуэш, шыпхъухэм яхуитхауэ щытащ (Екъуб 4:3).

  • Иеговэ ищІэнымкІэ унафэ хуэвмыщІ (Мт. 4:7). Абы жэуап къызэрыуитыну щІыкІэр нэхъыфІу зэрищІэм шэч къытомыхьэ. Иныкъуэхэм деж абы и жэуапыр узэримыгугъам хуэдэу щытынущ (Еф. 3:20).

  • Иеговэ махуэ къэс къыфхуищІэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэфщІыну зыщывмыгъэгъупщэ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ фи фІыщІэ псалъэхэр абы игу зэрырихьыр! (Кол. 3:15; 1 Фес. 5:17, 18).

13. Еврейхэм 4:16 зэритымкІэ, сыт щыгъуэ Иеговэ къыщыддэІэпыкъунур? КъыдгурывгъаІуэ.

13 ЕтІуанэ упщІэр мыпхуэдэщ: «Иеговэ сыщІелъэІур къысхуищІэным и зэман?» Дэ дыхуейуэ къыщІэкІынщ Иеговэ занщІэу жэуап къыдитыну. Ауэ абы нэхъыфІу ещІэ жэуап къыщыдитыну зэманыр. (Къеджэ Еврейхэм 4:16.) Дэ дызыхуейр занщІэу къытІэрымыхьэмэ, Иеговэ «хьэуэ» къыджиІэу къытщыхъункІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ «иджыпстукъым» жиІэу къыщІэкІынкІи хъунущ. Псалъэм папщІэ, фигу къэвгъэкІыж и узыншагъэм щхьэкІэ Иеговэ елъэІуу щыта къуэшыр. Иеговэ а къуэшыр телъыджэ ІуэхукІэ игъэхъужауэ щытамэ, ар ШейтІаным Иеговэ щІигъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ хуэхъунут. Абы жиІэфынут Иеговэ къуэшыр зэригъэхъужам щхьэкІэ ар абы къыхуэлажьэу (Иов 1:9—11; 2:4). Иеговэ узыфэхэр щигъэкІуэдыну зэманыр триухуащ (Ис. 33:24; Апок. 21:3, 4). АпщІондэху Иеговэ телъыджэ ІуэхукІэ дигъэхъужыну дэ дыщыгугъын хуейкъым. Абы къыхэкІкІэ къуэшыр Иеговэ елъэІу хъунущ къарурэ гузэгъэгъуэрэ къритыну, узыфэ иІэм емылъытауэ адэкІи абы хуэлэжьэфын щхьэкІэ (Пс. 29:11).

14. Джанис жиІэжам сытым фыхуигъасэрэ?

14 Вефилым щылэжьэну хуея Джанис фщІэжрэ? Абы илъэситху дэкІа иужьщ къыщыгурыІуар и тхьэлъэІум Иеговэ жэуап къызэрырита щІыкІэр. Ар къыддогуашэ: «А зэманым къриубыдэу Иеговэ куэдым сыхуигъэсащ икІи хьэл-щэныфІхэр зыхэслъхьэну къыздэІэпыкъуащ. Сэ абы нэхъыбэу дзыхь хуэсщІу зезгъэсэн хуейт. Иджыри Библиер зэрызджри езгъэфІэкІуэн хуейт. Абы нэмыщІ си Іуэхур зыІутым емылъытауэ гуфІэгъуэр зыфІэзмыгъэкІуэду зезгъэсэн хуейт». Зэман дэкІри, Джанисрэ и щхьэгъусэмрэ районнэ лэжьыгъэм хэтыну кърагъэблэгъащ. Джанис и гъащІэм къыщыхъуахэр игу къегъэкІыжри мыпхуэдэу жеІэ: «Иеговэ си тхьэлъэІум жэуап къритащ, ар сызэригугъам хуэдэу щымытами. Сэ абы и жэуапым и дахагъэр занщІэу къызгурыІуакъым. Ауэ сэ иджыпсту Иеговэ фІыщІэшхуэ хузощІ къысхуигъэлъэгъуа лъагъуныгъэмрэ щабагъымрэ щхьэкІэ».

Коллаж: 1) «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм кърагъэблэн щхьэкІэ шыпхъуитІым заявление ятх; а заявлениер ятын ипэ, абыхэм Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэ; 2) шыпхъуитІым я зым а Школым къызэрырагъэблэгъар дыщызэхуэс Унэм и ныбжьэгъухэм щарегъэлъагъу, заяление зытха адрей шыпхъури абыхэм яхэтщ; 3) Школым кърамыгъэблэгъа шыпхъум Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ икІи письмо етх; зэман гуэр дэкІауэ абы нэгъуэщІ къэралым хъыбарыфІыр щегъэІу икІи организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэм хэтщ.

Иеговэ фи тхьэлъэІухэм жэуап къримыту къыфщыхъуу щытмэ, нэгъуэщІ зыгуэркІэ фелъэІуи феплъ (15-нэ абзацым феплъ.)f

15. Иныкъуэхэм деж хэкІыпІэ хьэзыр Иеговэ жедмыІэмэ щІэнэхъыфІыр сыт? (Сурэтми феплъ.)

15 Ещанэ упщІэр мыпхуэдэу щытыфынущ: «Си тхьэлъэІум нэгъуэщІ гуэр хэзгъэхьэн хуэмейуэ пІэрэ?» ДауикІ, ди тхьэлъэІухэр пыухыкІауэ щытмэ фІы дыдэщ, ауэ иныкъуэхэм деж хэкІыпІэ хьэзыр Иеговэ жедмыІэмэ нэхъыфІщ. Апхуэдэу дэ ттеухуауэ Иеговэ зыхуейр къэтщІэну нэхъ тынш хъунущ. «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм ягъэкІуэн щхьэкІэ Иеговэ елъэІу шыпхъум и гугъу тщІынщ. Ар щІохъуэпс а школым щеджэну икІи хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм ягъэкІуэну. А шыпхъур адэкІи школым щхьэкІэ Иеговэ елъэІун щимыгъэту, абы нэхъыбэу зэрыхуэлэжьэн нэгъуэщІ Іэмалхэри иригъэлъэгъуну елъэІу хъунущ (Апост. 16:9, 10). Абы иужь тхьэлъэІу жиІам езыр тетыжыным мыхьэнэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, Іэгъуэблагъуэм пионерхэр мащІэу здэщыІэ зэхуэс щыІэрэ щымыІэрэ къищІэн щхьэкІэ, ар районым и нэхъыжьым еупщІ хъунущ. Е хъыбарыфІыр зыгъэІухэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэ щІыпІэхэр къищІэн щхьэкІэ, а шыпхъум филиалым итх хъунущe.

16. Мы статьям сыт къыщытщІар?

16 Зэрытлъэгъуащи, Иеговэ ди тхьэлъэІухэм кърит жэуапхэм лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ хэлъщ (Пс. 4:3; Ис. 30:18). Дэ дызэримыгугъам хуэдэуи абы жэуап къыщыдит къохъу. Ауэ абы ди зы тхьэлъэІуи гулъытэншэу къигъанэкъым (Пс. 9:10). Аращи, «сыт щыгъуи абы фыщыгугъ, фи гум илъ псори абы хуэфІуатэ» (Пс. 62:8).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ сыткІэ дыщыгугъ хъуну?

  • Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ?

  • Иеговэ дызэрелъэІур иныкъуэхэм деж щІэтхъуэжын хуейр сыт?

43-НЭ УЭРЭДЫР ТхьэлъэІукІэ Алыхьым фІыщІэ худощІ

a Мы статьям дигъэлъэгъунущ Иеговэ ди тхьэлъэІухэм кърит жэуапхэм сыт щыгъуи лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ зэрыхэлъыр.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c 2022-нэ гъэм мазаем къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит «Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэфщІу пІэрэ?» жыхуиІэ статьям, 3—6-нэ абзацхэм феплъ.

d Гугъуехьхэм дыпэщІэтыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэн щхьэкІэ, jw.org сайтым илъ «ТхьэлъэІум теубыдагъэ къыпхелъхьэ» жыхуиІэ видеом феплъ.

e НэгъуэщІ филиалым и ІэмыщІэ илъ территорием хъыбарыфІыр щывгъэІуну фыхуейуэ щытмэ, «Организованы, чтобы исполнять волю Иеговы» жыхуиІэ тхылъым, 10-нэ псалъэщхьэм, 6—9-нэ абзацхэм феплъ.

f СУРЭТЫМ ИТЫР. «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм кърагъэблэн щхьэкІэ шыпхъуитІым заявление ятх. ИужькІэ а тІум я зыр кърагъэблагъэ. Кърамыгъэблэгъа шыпхъум и Іэр ирихьэхкъым. Ар Иеговэ йолъэІу и къарур здигъэкІуэныр къыгуригъэІуэну. ИужькІэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэхэр къищІэн щхьэкІэ абы филиалым письмо етх.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын