ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Октябрь н. 12—17
  • «НасыпыфІэщ дэбгъуэн щымыІэу» Иеговэ и пащхьэм итхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «НасыпыфІэщ дэбгъуэн щымыІэу» Иеговэ и пащхьэм итхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ПСЭУАХЭМ Я ЩАПХЪЭР
  • «ТЕПЩЭНЫГЪЭ ЗИІЭХЭР»
  • «Я НЭХЪ ЛЪАГЭР»
  • ИУЖЬРЕЙ ЗАУЭР
  • ДЭБГЪУЭН ЗИМЫІЭ ЦІЫХУУ АДЭКІИ ФЫЩЫТ
  • Алыхьым пэжу фыкъыхуэнэ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Данил щапхъэ тефх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Октябрь н. 12—17

42 СТАТЬЯР

«НасыпыфІэщ дэбгъуэн щымыІэу» Иеговэ и пащхьэм итхэр

«НасыпыфІэщ дэбгъуэн щымыІэу... Иеговэ и хабзэм тету псэухэр» (ПС. 119:1).

124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

Братья и сёстры, которые были или всё ещё находятся в тюрьме за свою веру, радостно улыбаются.

Иеговэ и лъэныкъуэр зэраІыгъым щхьэкІэ, тутнакъым исауэ щыта е иджыри къыздэсым ис ди къуэш, ди шыпхъу языныкъуэхэр (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)

1, 2. 1) Языныкъуэ къэрал унафэщІхэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу зэрыпэщІэувэр икІи къуэш, шыпхъухэр дауэ абы зэрыхущытыр? 2) ДыкъызэрырахуэкІым емылъытауэ, дауэ насыпыфІэу дызэрыщытынур? (Обложкэм тет сурэтхэм феплъ.)

ИДЖЫПСТУ дыдэ къэрал 30-м нэхърэ нэхъыбэм Иеговэ и Щыхьэтхэм я хуитыныгъэр дэкъузауэ щытщ е я лэжьыгъэр щызэхуэщІыпащ. А къэралхэм щыщ языныкъуэхэм ди къуэш, ди шыпхъухэр тутнакъым исщ. Абыхэм Іей гуэр ящІауэ пІэрэ? Иеговэ и еплъыкІэкІэ ящІакъым. А ди къуэш, ди шыпхъухэм Библиер яджт, хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм дэгуашэт икІи зэІущІэхэм кІуэт. Иджыри абыхэм нейтралитетыр яІыгът икІи политикэм хэІэбэтэкъым. Алыхьым хуэпэж а къуэш, шыпхъухэм хуабжьу къазэрыпэщІэувэм емылъытауэ, ахэр дагъуэншэу щытщ, е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ хуэпэжу къонэ. Абы къыхэкІкІэ ахэр насыпыфІэщ.

2 Шэч хэмылъу, мы журналым и обложкэм тет сурэтхэр нэхъапэкІэ флъэгъуауэ къыщІэкІынщ. А сурэтхэм ит ди къуэш, ди шыпхъухэм я нэгу кърих гуфІэгъуэм гу лъомытэну зы Іэмали щыІэкъым. Ахэр нэфІэгуфІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ абыхэм къахуэарэзыщ икІи абы и пащхьэм ахэр дагъуэншэу итщ (Пс. 15:1, 2). Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм щхьэкІэ цІыхухэм гугъуехь зрагъэшэчхэр... [...] Фытхъэ, хуабжьу фыгуфІэ, Тхьэм... ІыхьэфІу къыщыфхуигъэфэщэнур инщи» (Мт. 5:10—12).

ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ПСЭУАХЭМ Я ЩАПХЪЭР

Коллаж: 1) апостолы Пётр и Иоанн говорят перед Синедрионом; 2) брат говорит перед судьями на суде.

Петррэ Иуанрэ щапхъэ тхуохъу хьэкум зыщІхэм я пащхьэм ди фІэщхъуныгъэм дапхуэдэу дыкъыщыщхьэщыжын хуейми (3, 4-нэ абзацхэм феплъ.)

3. Апостолхэм 4:19, 20 зэритымкІэ, апостолхэр къызэрырахуэкІым дапхуэдэу ахэр зэрыхущытар икІи сыт щхьэкІэ?

3 Нобэ къуэш, шыпхъухэр къызэрырахуэкІыр дэ дгъэщІэгъуэн хуейкъым. Япэ лІэщІыгъуэм апостолхэри кърахуэкІыу щытащ, Хьисэ теухуа хъыбарыфІыр зэрагъэІум щхьэкІэ. Журтхэм я суд нэхъыщхьэм абыхэм мызэ-мытІэу унафэ яхуищІащ «Хьисэ и цІэкІэ зыри жамыІэжыну» (Апост. 4:18; 5:27, 28, 40). А унафэм апостолхэр дапхуэдэу зэрыхущытар? (Къеджэ Апостолхэм 4:19, 20.) Абыхэм ящІэт Хьисэ теухуауэ «цІыхухэр ирагъэдэІуэнуи... щыхьэт техъуэнуи» унафэ къахуэзыщІам тепщэныгъэ нэхъыбэ зэриІэр (Апост. 10:42). Абы къыхэкІкІэ апостолхэм я цІэкІэ къэпсэлъа Петррэ Иуанрэ тегушхуэныгъэ яІэу хьэкумыщІэхэм жраІащ абыхэм емыдаІуэу Алыхьым зэредэІуэнур икІи Хьисэ теухуа хъыбарыр ягъэІун зэрыщамыгъэтынур. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм хьэкумыщІэхэм мыпхуэдэ упщІэ иратауэ жыпІэ хъунущ: «Фэ фи тепщэныгъэр Алыхьым и тепщэныгъэм нэхърэ нэхъ ину фи гугъэу ара?»

4. Апостолхэм Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм сыт хуэдэ щапхъэ къыхуагъэнар икІи абыхэм ящІам сытым дыхуигъасэрэ? (Апостолхэм 5:27—29).

4 Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр апостолхэм къагъэна щапхъэфІым тетщ. Абыхэм тепщэныгъэ зиІэхэм мыпхуэдэу жраІащ: «ЦІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэІуэн хуейщ». (Къеджэ Апостолхэм 5:27—29.) Арати, абыхэм щІопщкІэ удын тралъхьащ. Ауэ «цІыхухэр абыхэм Хьисэ и цІэкІэ къекъуэншэкІыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкІэ гуфІэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщІэкІыжащ» икІи хъыбарыфІыр ягъэІун щагъэтакъым (Апост. 5:40—42).

5. Сыт хуэдэ упщІэхэм жэуап еттын хуей?

5 Апостолхэм къытхуагъэна щапхъэм къыхэкІкІэ упщІэ зыбжанэ къохъей. Псалъэм папщІэ, цІыхухэм нэхърэ Алыхьым нэхъ едэІуэну абыхэм къащта унафэр «тепщэныгъэ зиІэхэм яхуэІурыщІэу хэти щрет» жыхуиІэ Библием ит унафэм дапхуэдэу зэрытехуэр? (Рим 13:1). Абы нэмыщІ «Іэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиІэхэмрэ дахуэІурыщІэну» икІи а зэман дыдэм псоми я щхьэщыгу ит Иеговэ дыхуэпэжыну дапхуэдэу зэрытхузэфІэкІынур? (Тит 3:1).

«ТЕПЩЭНЫГЪЭ ЗИІЭХЭР»

6. 1) Рим 13:1 зи гугъу ищІ «тепщэныгъэ зиІэхэр» хэт хъуну икІи дапхуэдэу абыхэм дазэрыхущытын хуейр? 2) Къэрал унафэщІ псоми я тепщэныгъэр сыткІэ зэщхь?

6 Къеджэ Рим 13:1. Мы едзыгъуэм зи гугъу ищІ «тепщэныгъэ зиІэхэр» ар къэрал унафэщІхэращ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр абыхэм яхуэжыІэдаІуэу щытын хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм мамырыгъэр зытраІыгъэ, цІыхухэр къэрал унафэхэм тетын щхьэкІэ ахэр кІэлъоплъ, уеблэмэ, Иеговэ и лъэпкъым къыщыщхьэщыжи къохъу (Апок. 12:16). Аращи, абыхэм хьэкътын ахъшэр еттын икІи пщІэрэ щІыхьрэ яхуэтщІын хуейуэ Библием зэрыщыжыІар гъэщІэгъуэнкъым (Рим 13:7). Ауэ къэрал унафэщІхэм тепщэныгъэ щІаІэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт? Иеговэ ахэр хуит ещІри аращ. Хьисэ а принципыр наІуэу къыхигъэщащ рим Іэтащхьэ Понтий Пилат и пащхьэм щрашам щыгъуэ. Пилат Хьисэ иригъэукІыну е щхьэхуит ищІыжыну тепщэныгъэ зэриІэр щыжиІам щыгъуэ, абы мыпхуэдэ жэуап къритыжащ: «Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщІэнІауэ лъэкІыныгъэ уиІэнтэкъым» (Ин. 19:11). Пилат хуэдэу, ди зэманым щыІэ къэрал унафэщІхэми я тепщэныгъэм гъунэ иІэщ.

7. Тепщэныгъэ зиІэхэм дыщемыдэІуэнур дапщэщ икІи сыт абыхэм зыщагъэгъупщэн хуэмейр?

7 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къэрал унафэхэм щІэту мэпсэу, ахэр Алыхьым и унафэхэм пэщІэмыувэу щытмэ. Ауэ Алыхьым и унафэм пэщІэувэ гуэр дагъэщІэну е ар зыхуей гуэр дамыгъэщІэну къэрал унафэщІхэр щыхэтым деж, дэ абыхэм дедэІуэфынукъым. Псалъэм папщІэ, щІалэщІэхэр армэм щыдашым дежb. Е «ДунеищІэкІэ» еджэу зэрадзэкІа Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ къэдгъэсэбэпыну хуит дыщамыщІым деж. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр дгъэІуну икІи зэгъусэу Алыхьым дыхуэлэжьэну къыщытпаубыдым деж. Къэрал унафэщІхэм яІэ тепщэныгъэмкІэ ирагъэлейуэ щытмэ, псалъэм папщІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърахуэкІмэ, абыхэм Алыхьым и пащхьэм жэуап щатыжынущ. Иеговэ псори елъагъу! (Эккл. 5:8).

8. Иеговэрэ «тепщэныгъэ зиІэхэмрэ» зэрызэщхьэщыкІыр сыт?

8 Рим 13:1 зытепсэлъыхь «тепщэныгъэ зиІэхэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ, къэрал унафэщІхэм, я тепщэныгъэм гъунэ иІэщ. Тепщэныгъэ псор зиІэр Иеговэ закъуэращ. Аращ Тхыгъэ ЛъапІэм Алыхь Иеговэ щхьэкІэ «Я нэхъ Лъагэ» жиІэу мызэ-мытІэу ущІыщрихьэлІэр (Дан. 7:18, 22, 25, 27).

«Я НЭХЪ ЛЪАГЭР»

9. Данил бегъымбарым и нэгу щІэкІар сыт?

9 Иеговэ Данил бегъымбарым и нэгу щІигъэкІауэ щытащ и тепщэныгъэр сыт хуэдэ тепщэныгъэм нэхъри нэхъ лъагэу зэрыщытыр. ЯпэщІыкІэ «абрагъуэу хьэкІэкхъуэкІиплІ... хым къыхэкІауэ» Данил илъэгъуащ. Абыхэм къагъэлъагъуэр пасэрей зэманым щыІа дунейпсо державэхэращ: Бабилэныр, Мидо-Персиер, Грециер, Римыр, абы нэмыщІ Рим державэм къытехъукІауэ ди зэманым щыІэ Англо-Американскэ дунейпсо державэр (Дан. 7:1—3, 17). Абы иужь уафэм щыІэ и тахътэм Иеговэ тесу бегъымбарым илъэгъуащ (Дан. 7:9, 10). Данил адэкІэ илъэгъуа Іуэхугъуэм ди зэманым псэу унафэщІхэр зыщІигъэгупсысыжын хуейщ.

10. ЩІылъэм щытепщэн щхьэкІэ, Иеговэ къыхихар хэт икІи а Іуэхугъуэм абы теухуауэ сыт къыдигъащІэр? (Даниил 7:13, 14, 27).

10 Къеджэ Даниил 7:13, 14, 27. Алыхьым цІыхухэм яІэщІэлъ тепщэныгъэр къаІэщІехри, ар нэхъ зыхуэфащэм икІи къару нэхъыбэ зиІэм ирет. Хэт хъуну ар? Ар «цІыху лъэпкъым и къуэм ещхьыращ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, Хьисэ Мэссихьщ. Абы иджыри «Я нэхъ Лъагэм и лъэпкъ лъапІэр», нэгъуэщІу жыпІэмэ, мин 144 000-м щыщхэр, игъусэнущ. Ахэр «игъащІэ псокІэ кІэ имыІэу... тепщэнущ» (Дан. 7:18). Аращи, Иеговэ «Я нэхъ Лъагэу» зэрыщытым шэч лъэпкъ хэлъкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ищІыну тепщэныгъэ зиІэр а зыращ.

11. Иеговэ лъэпкъхэм яхуиІэ тепщэныгъэм теухуауэ сыт иджыри Данил итхар?

11 Данил и нэгу щІэкІа Іуэхугъуэр абы нэхъапэІуэкІэ жиІа мы псалъэхэм тохуэ: «Уафэм щыІэ Алыхьым... [...] пащтыхьхэр тредз икІи трегъэувэ». Абы иджыри итхащ «цІыху къэралыгъуэхэр Я нэхъ Лъагэм и ІэмыщІэ зэрилъыр икІи ар зыхуейм зэрыритыр» (Дан. 2:19—21; 4:17). Япэм щыгъуэ Иеговэ пащтыхь гуэр тригъэкІыу нэгъуэщІ щытригъэува къэхъуа? ДауикІ, къэхъуащ!

Царь Валтасар и его гости с удивлением смотрят на надпись на стене.

Иеговэ Валтасар и пащтыхьыгъуэр къыІэщІихри, «мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ яритащ» (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Пасэрей зэманым Иеговэ пащтыхьхэр зэрытригъэкІыу щытам и щапхъэ къэфхь. (Сурэтым феплъ.)

12 Иеговэ мызэ-мытІэу къигъэлъэгъуащ «тепщэныгъэ зиІэхэм» нэхърэ ар нэхъ лъагэу зэрыщытыр. Абы теухуауэ щапхъищ зэпкърытхынщ. Мысырым я фирхьэун ерыщым Иеговэ и лъэпкъыр пщылІ ищІри, ахэр къиутІыпщыжын идэтэкъым. Ауэ Иеговэ фирхьэуныр Хы Плъыжьым иригъэтхьэлэри, и лъэпкъыр щхьэхуит ищІыжащ (Исх. 14:26—28; Пс. 136:15). Бабилэным и пащтыхь Валтасар ефэ-ешхэ ищІри, «уафэм и Тепщэм» нэхърэ нэхъ зигъэлъагэу икІи «дыщэм, дыжьыным... къыхэщІыкІа тхьэхэр» Иеговэ ипІэкІэ игъэлъапІэу щІидзащ (Дан. 5:22, 23, ДБ, 2018). Ауэ Алыхьым а цІыху пагэр игъэлъэхъшащ. «А жэщ дыдэм Валтасар... яукІащ» и пащтыхьыгъуэри «мыдхэмрэ къэжэрхэмрэ иратащ» (Дан. 5:28, 30, 31). Палестинэм и пащтыхь Ирод Агриппа I жыхуаІэм апостол Екъуб иригъэукІащ икІи апостол Петр лъэхъуэщым иригъэтІысхьащ, ари яукІын щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ абы и мурадыр къригъэхъулІакъым. «Тхьэм и мелыІыч гуэр... [Ирод] къригъауэри» ар лІащ (Апост. 12:1—5, 21—23).

13. Иеговэ пащтыхь зэгухьахэм зэратекІуауэ щытам и щапхъэ къэфхь.

13 Пащтыхь зэгухьахэм нэхъри куэдкІэ нэхъ лъэщу зэрыщытыр Иеговэ къигъэлъэгъуащ. 31-рэ хъу Ханаан пащтыхьхэр щызэгухьахэм щыгъуэ Иеговэ и лъэпкъым и гъусэу зэуащ. Ар Израил цІыхухэм ядэІэпыкъуащ а дзэшхуэр зэтракъутэну икІи ахэр къызэригъэгугъа щІыналъэм и нэхъыбэр къазэуну (Иис. Н. 11:4—6, 20; 12:1, 7, 24). Абы нэмыщІ Бен-Хададрэ 32 хъу Сирием и пащтыхьхэмрэ щызэгухьам щыгъуэ абыхэм я дзэр Иеговэ зэтрикъутащ (1 Цар. 20:1, 26—29).

14, 15. 1) Пащтыхь Навуходоносоррэ Дарийрэ Иеговэ и тепщэныгъэм теухуауэ сыт жаІар? 2) Псаломыр зытхам Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ теухуауэ сыт жиІар?

14 Иеговэ Я нэхъ Лъагэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр мызэ-мытІэу къигъэлъэгъуащ. Зэгуэр Бабилэным и пащтыхь Навуходоносор Іэдэбагъ хэлъу Иеговэ щІыхь къыхуихьыным ипІэкІэ и къарум, и зэфІэкІым, и лъэгагъым ирипэгат. Абы щхьэкІэ Иеговэ а пащтыхьыр и акъылым иригъэкІащ. Навуходоносор и акъылым къихьэжа иужь «Я нэхъ Лъагэм фІыщІэ хуищІащ» икІи «[Иеговэ] и тепщэныгъэр мыкІуэдыжыну» зэрыщытым ар арэзы техъуащ. Абы нэмыщІ мыпхуэдэу жиІащ: «Зыми лъэкІынукъым абы зэран хуэхъуну е „Сыт уэ пщІэр?“ жриІэну» (Дан. 4:30, 33—35). Данил гъэунэхуапІэ гугъум пхырыкІа иужь икІи Иеговэ ар аслъэнхэм къыщригъэлам щыгъуэ, пащтыхь Дарий унафэ къыдигъэкІащ цІыхухэр «Данил и Алыхьым щышынэу, кІэзызу и пащхьэ итыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Алыхь псэущ икІи игъащІэкІэ щыІэнущ», — жиІэу. АдэкІэ Дарий къыпищащ: «И пащтыхьыгъуэри кІуэдыжынукъым, и тепщэныгъэми зэи кІэ иІэнукъым» (Дан. 6:7—10, 19—22, 26, 27).

15 Псаломыр зытхам мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ лъэпкъхэм я мурадхэр къаригъэхъулІэкъым, абыхэм я гугъэр зэтрекъутэ. [...] НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр! Езым ейуэ къыхиха лъэпкъыр» (Пс. 33:10, 12). Дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу Иеговэ и пащхьэм дыщІитын щхьэусыгъуэ куэд, дауикІ, дэ диІэщ!

ИУЖЬРЕЙ ЗАУЭР

Небесное войско Иеговы на белых конях атакует вооружённых людей.

Лъэпкъ зэгухьэнухэр уафэм щыІэ Иеговэ и дзэшхуэм зыкІи пэпщІ хъунукъым (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)

16. «Гузэвэгъуэшхуэм» дыщегупсысым деж, сыт дэ шэч къызытедмыхьэр икІи сыт щхьэкІэ? (Сурэтым феплъ.)

16 Иеговэ япэм щыгъуэ ищІар зэпкърытхащ. Сыт-тІэ куэд мыщІэу къэхъун хуейуэ дызыпэплъэр? Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым «гузэвэгъуэшхуэ» къэблагъэм Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр къызэрыригъэлыным (Мт. 24:21; Дан. 12:1). Лъэпкъ зэгухьэнухэр — Магог щІыналъэм щыщ Гогыр — дуней псом щыІэ Алыхьым и лъэпкъым щытеуэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр къригъэлынущ. ООН-ым хэт 193 хъу къэралхэр псори лъэпкъ зэгухьэнухэм хыхьэ хъууэ щытми, ахэр Алыхьымрэ уафэм щыІэ абы и дзэшхуэмрэ зыкІи пэпщІ хъунукъым. Иеговэ дыкъегъэгугъэ: «Сэ си щІыхьымрэ си лъэпІагъымрэ наІуэ сщІынущ икІи лъэпкъ куэдым ялъагъуу хэту сыщытми къэзгъэлъэгъуэнущ, къезгъэщІэнущ псоми сэ сызэры-Иеговэр» (Иез. 38:14—16, 23; Пс. 46:10).

17. Библием зэритымкІэ, «дуней псом я пащтыхьхэмрэ» Иеговэ хуэпэжхэмрэ сыт къапэщылъыр?

17 Гогыр Алыхьым и лъэпкъым щытеуэкІэ, Иеговэ «дуней псом я пащтыхьхэр» Армагеддон зауэм щигъэкІуэдынущ (Апок. 16:14, 16; 19:19—21). Алыхьым и бийхэр кІуэда иужь «цыху захуэхэрщ мы щІыгум щыпсэунур, зигу къабзэхэрщ къинэнури абы» (Прит. 2:21, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ДЭБГЪУЭН ЗИМЫІЭ ЦІЫХУУ АДЭКІИ ФЫЩЫТ

18. Алыхьым и лэжьакІуэ пэж куэдыр сытым хуэхьэзыр икІи сыт щхьэкІэ? (Даниил 3:28).

18 ЛІэщІыгъуэ куэд лъандэрэ Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэ цІыхухэр ягъэтІысыну е я гъащІэр яфІэкІуэдыну шынагъэ щыІэщ. Ауэ, абы емылъытауэ, ахэр я Пащтыхь нэхъ Лъагэ Иеговэ хуэпэжу щытщ. Алыхьым и еплъыкІэкІэ дэбгъуэн зимыІэ а цІыхухэм теубыдагъэ ягъэлъагъуэ икІи дигу къагъэкІыж хьэку жьэражьэм щрадзам щыгъуэ Иеговэ къригъэлауэ щыта журт щІалищыр. (Къеджэ Даниил 3:28.)

19. Иеговэ цІыхухэм ятрищІыхьыну хьэкумым лъабжьэ хуэхъунур сыт икІи сыт дэ тщІэн хуейр?

19 Дэбгъуэн зимыІэ цІыхуу дыщытыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм теухуауэ пащтыхь Даут мыпхуэдэу итхащ: «Иеговэ лъэпкъхэм хьэкум ятрищІыхьынущ. Иеговэ, си пэжагъымкІэ икІи си къабзагъэмкІэ хьэкум къыстещІыхь» (Пс. 7:8). Абы иджыри мыпхуэдэу итхащ: «Сыкърахъумэ къабзагъэмрэ пэжагъымрэ» (Пс. 25:21). Мы дунейм псом нэхърэ нэхъыфІыр — ар, сыт къэмыхъуами, Иеговэ ухуэпэжыныр икІи ар къомыгъэнэныращ! Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, псаломыр зытхам иІа гурыщІэм хуэдэ дэри диІэнущ: «НасыпыфІэщ дэбгъуэн щымыІэу зи гъуэгу ирикІуэхэр, Иеговэ и хабзэм тету псэухэр» (Пс. 119:1).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Апостолхэм сыт хуэдэ щапхъэ къытхуагъэнар?

  • «Тепщэныгъэ зиІэхэм» дедэІуэн хуейрэ хуэмейрэ къыдгурыІуэну Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къыддэІэпыкъурэ?

  • Иеговэ псом Я нэхъ Лъагэу зэрыщытыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

122-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

a Библием Алыхьым и лэжьакІуэхэр хуегъэуш ахэр тепщэныгъэ зиІэхэм — мы дунейм и унафэщІхэм — хуэжыІэдаІуэу щытыну. Ауэ абыхэм щыщ языныкъуэхэр Иегови абы и лэжьакІуэхэми пэщІоувэ. НтІэ, тепщэныгъэ зиІэхэм дахуэжыІэдаІуэу икІи Иеговэ и пащхьэм дагъуэншэу дитыну дапхуэдэу зэрытхузэфІэкІынур?

b Мы журналым ит «Сыт дэ зауэхэм дыщІыхэмытыр, пасэрей журтхэм зауэхэр ирагъэкІуэкІыу щытами?» жыхуиІэ статьям феплъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын