ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w22 Январь н. 2—7
  • «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «СЭ ЗЫМИ СЫЩЫЩІЭНУКЪЫМ»
  • «АБЫКІЭ АРЭЗЫ ДЫХЪУН ХУЕЙЩ»
  • ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУНУМ ШЭЧ КЪЫТОМЫХЬЭ
  • КЪЫТПЭЩЫЛЪ ГЪЭУНЭХУАПІЭХЭМ ИДЖЫПСТУ ЩЫЩІЭДЗАУЭ ЗЫХУЭГЪЭХЬЭЗЫР
  • Даут щІыщІэпхъуэжын хуей хъуар
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Даутрэ Щаулрэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Даут пащтыхь мэхъу
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
w22 Январь н. 2—7

1 СТАТЬЯР

«Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым»

2022-НЭ ГЪЭМ ХУХАХА ПЫЧЫГЪУЭР: «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» (ПС. 34:10).

4-НЭ УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

И Іуэхур щымытыншми, Даут и фІэщ хъут Иеговэ и фІыгъуэм ар зэи зэрыщымыщІэнур (1—3-нэ абзацхэм феплъ.)d

1. Сыт хуэдэ гугъуехьхэм Даут пэщІэхуауэ щыта?

ПАЩТЫХЬ Щаул мурад быдэ ищІат Даут иукІыну. Абы къыхэкІкІэ Даут а зэманым зигъэпщкІун хуей хъут. Абы ишхын игъуэттэкъыми, Нов къалэм кІуэри, дин пашэм елъэІуащ щІакхъуитху нэхъ мыхъуми къритыну (1 Сам. 21:1, 3). ИужькІэ Даутрэ абы и гъусэхэмрэ бгъуэнщІагъым зыщагъэпщкІун хуей хъуащ (1 Сам. 22:1). Апхуэдэ гугъуехьхэм Даут дауэ пэщІэхуа хъуа?

2. Щаул гъуэгу цІэнтхъуэрыгъуэ теувауэ сытыт жыпІэ щІэхъунур? (1 Самуила 23:16, 17).

2 Иеговэ унафэ ищІат Даут пащтыхьу тригъэувэну. Даут зауэлІ хахуэт икІи ар псоми фІыуэ къалъагъут. Щаул абы хуабжьу ефыгъуэт икІи хузэгуэпт. Абы нэмыщІ Щаул къыгурыІуэт и жыІэмыдаІуэныгъэм къыхэкІкІэ Иеговэ абы къызэрыхуэмыарэзыр. (Къеджэ 1 Самуила 23:16, 17.) Ауэ Щаул зэкІэ тепщэныгъи, зауэлІ куэди иІэти, хузэфІэкІ къигъанэтэкъым Даут иукІын щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ Даут щІэпхъуэжын хуей хъуащ. Даут пащтыхьу тригъэувэну Иеговэ ищІа мурадым Щаул зэран хуэхъуфыну, пэж дыдэу, и фІэщ хъууэ арат? (Ис. 55:11). Мы упщІэм и жэуапыр Библием иткъым. Ауэ гурыІуэгъуэр зыщ: Щаул гъуэгу цІэнтхъуэрыгъуэ теуват, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым пэщІэувэр мыджалэу къэнэнукъым!

3. Дапхуэдэут Даут зыпэщІэхуа гугъуехьхэм зэрыхущытыр?

3 Даут тепщэныгъэм зэи хуэнэпсейуэ щытакъым. Ар пащтыхьу къыхэзыхар езы Иеговэт (1 Сам. 16:1, 12, 13). Ауэ Щаул Даут езым и бийуэ ибжт. Абы щхьэкІэ къэмынэу, Даут Иеговэ игъэкъуаншэтэкъым, бгъуэнщІагъым зыщигъэпщкІун хуей зэрыхъум икІи шхын тэмэму зэримыгъуэтым щхьэкІэ. А псом къыщынэмыщІауэ, Даут Иеговэ зыгъэлъапІэ уэрэдхэм щыщ зыр бгъуэнщІагъым щыщІэса зэманым зэхилъхьауэ къыщІэкІынущ. А уэрэдым и зы сатырыр ди статьям лъабжьэ хуэхъуащ: «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» (Пс. 34:10).

4. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?

4 Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр нобэ гугъуехьышхуэхэм пэщІохуэb. COVID-19 жыхуаІэ пандемиеми Іуэхур нэхъ Іеиж ищІащ. «Гузэвэгъуэшхуэм» нэхъ гъунэгъу дыхуэхъухукІэ, ди гугъуехьхэр нэхъыбэ хъунущ (Мт. 24:21). Абы къыхэкІкІэ упщІиплІ къоув: 1) «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» жыхуиІэ псалъэхэр зэрыпэжыр Даут дауэ зэригъэунэхуар? 2) ДиІэмкІэ дыарэзыуэ дыщыту зедгъэсэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? 3) Иеговэ Іэмал имыІэу къызэрыддэІэпыкъунум сыт шэч къытетхьэн щІыхуэмейр? 4) Къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм дауэ зыхуэдгъэхьэзыра хъуну?

«СЭ ЗЫМИ СЫЩЫЩІЭНУКЪЫМ»

5, 6. 23-нэ Псаломыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» жыхуиІэ псалъэхэм къикІыр нэхъыфІу къыдгурыІуэну?

5 «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» жиІэу щитхам, Даут сыт зи гугъу ищІар? Мы упщІэр зэхэдгъэкІыну 23-нэ Псаломыр къыддэІэпыкъунущ. (Къеджэ Псалом 23:1—6.) Даут мыпхуэдэу къыщІедзэ: «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ. Сэ зыми сыщыщІэнукъым». «Сэ зыми сыщыщІэнукъым» жаІэу зэрадзэкІа журтыбзэ псалъэхэмрэ Псалом 34:10 ит псалъэхэмрэ зэщхьщ. Езым и Мэлыхъуэу Иеговэ къыхэзыха цІыхум и гъащІэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр 23-нэ Псаломым къыхощ. Иеговэ «гъуэгу пэжым сытету сешэ» жеІэ Даут икІи зэман гугъуми зэман тыншми щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъур къыхегъэщ. Даут къыгурыІуэт Иеговэ ущыхуэлажьэкІэ «хъупІэ щхъуантІэм» зэрыщызыбгъэпсэхум нэмыщІ, зэми «къуэ кІыфІым» уиту укІуэн хуей зэрыхъур, нэгъуэщІу жыпІэмэ гъащІэм гузэрыдзэ хэмыту зэрымыхъур, зыгуэри бий къызэрыпхуэхъуфынур. Ауэ Иеговэ абы и Мэлыхъуэу щыщыткІэ, «Сышынэкъым», — жеІэ Даут.

6 Арати, япэ упщІэм и жэуапыр къэдгъуэтащ. «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» жыхуиІэ псалъэхэр зэрыпэжыр Даут дауэ зэригъэунэхуар? Даут зыхуэныкъуэ псори иІэу жыпІэ хъунут, сыту жыпІэмэ абы илъытэтэкъым насыпыфІэу щытын щхьэкІэ мылъкушхуэ бгъэдэлъын хуейуэ. Даут Алыхьым къритымкІэ арэзыт. Абы лъапІэу илъытэр Иеговэ къызэрыхуэарэзымрэ къызэрихъумэмрэт.

7. Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и гъэсэнхэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэм пэщІэхуауэ щыта? (Лука 21:20—24).

7 Даут и псалъэхэу Псалом 23:1 итым дыхуегъэуш мылъкум дызэрыхущытым иджыри зэ дегупсысыну. Езы мылъкум Іей гуэр хэлъу аракъым, ауэ абы ди гъащІэм япэ увыпІэр етту мыхъуауэ пІэрэ? Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и гъэсэнхэм мы упщІэм жэуап иратын хуей хъуащ. (Къеджэ Лука 21:20—24.) Хьисэ абыхэм яжриІауэ щытащ «Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ» зэрыщытынур. Абы щыгъуэ я гъащІэр кърагъэлын щхьэкІэ, я мылъкур къагъанэу, ахэр бгым щІэпхъуэн хуейт. Илъэс зыбжанэ ипэ «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэу итащ: «Абыхэм я щІапІэхэмрэ я лъапсэхэмрэ ябгынащ, я унэхэм щІэлъым щыщи зыри къыздащтакъым. Иеговэ къызэрихъумэнумрэ къазэрыдэІэпыкъунумрэ быдэу я фІэщ хъууэ, абыхэм Иеговэ ухуэлэжьэным япэ увыпІэр иратащ»c.

8. Япэ лІэщІыгъуэм къэхъуа Іуэхугъуэхэм сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфынур?

8 Япэ лІэщІыгъуэм къэхъуа Іуэхугъуэхэм ди дерс хэлъщ. А журнал дыдэм щыжыІат: «Мылъкум дызэрыхущытыр гъэунэхуапІэ тхуэхъункІэ хъунущ. Сыт ди дежкІэ нэхъапэр: зэдгъэгъуэта мылъкура хьэмэрэ Алыхьым и лъэныкъуэр зыубыдахэр къызэрелынура? Пэжщ, дыкъелын щхьэкІэ гугъуехьхэр тшэчын хуей хъунущ. Япэ лІэщІыгъуэм щІэпхъуэн хуей хъуа ди къуэш, ди шыпхъухэм хуэдэу, дэри зыгуэрым зыхуэдгъэныкъуэну дыхьэзыру дыщытын хуейщ».

9. Еврейхэм 13:5, 6 ит псалъэхэм сыт ди фІэщ ящІыр?

9 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа ди къуэш, ди шыпхъухэм я мылъкур зэрыщыту къагъанэу, здэІэпхъуам щІэрыщІэу гъащІэр щІадзэну тынштэкъым. Иеговэ къазэрыдэІэпыкъунур я фІэщ мыхъуу щытамэ, абыхэм ар яхузэфІэкІынутэкъым. Ауэ Иеговэ ахэр а Іуэхугъуэм хуигъэхьэзырат. Ерусалим дзэхэм къаувыхьыным илъэситху иІэжу, Алыхьым абыхэм чэнджэщыфІ яритащ: «Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиІэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиІащ: „ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым“. Аращи, гушхуэныгъэкІэ жыдоІэ: „Зиусхьэныр си дэІэпыкъуэгъущи, зыми сыщышынэнукъым. ЦІыхухэм сыт къызащІэфынур?“» (Евр. 13:5, 6). Мы чэнджэщым тетахэм я дежкІэ, дауикІ, нэхъ тыншт здэІэпхъуа щІыпІэм щрахьэкІ гъащІэм есэну. Абыхэм шэч къытрахьэтэкъым зыхуэныкъуэ псори Иеговэ къазэрыритынум. Дэри ар быдэу ди фІэщ мэхъу.

«АБЫКІЭ АРЭЗЫ ДЫХЪУН ХУЕЙЩ»

10. Сыт хуэдэ чэнджэщыфІ Паул къыдитар?

10 Паул Тимофей ирита чэнджэщыр дэри тхуэгъэзауэ жыпІэ хъунущ: «Тшхынрэ щыгъынрэ диІэмэ, абыкІэ арэзы дыхъун хуейщ» (1 Тим. 6:8). Мыбы къикІкъым щІакхъуэмрэ псымрэ утесын, унэ мыхьэнэншэ цІыкІу ущІэсын е пщымыкІыу зы щыгъын закъуэ пщыгъын хуейуэ. Паул зи гугъу ищІыр нэгъуэщІщ. Мыхьэнэ зиІэр диІэмкІэ арэзыуэ дыщытыныращ. ЕхъулІэныгъэ уиІэным къикІыр Паул къищІащ, дэри абыкІэ къыддэгуэшащ (Флп. 4:12). Дуней мылъкур диІэми, Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэм нэхърэ нэхъ лъапІэ зыри щыІэкъым (Авв. 3:17, 18).

Илъэс 40-кІэ пшахъуэщІым итыхукІэ журтхэр зыми хуэмыныкъуэу псэуащ. Дэ диІэмкІэ дыарэзыуэ пІэрэ? (11-нэ абзацым феплъ.)e

11. ДиІэмкІэ арэзыуэ дыщытыну Мусэ и псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

11 Дызыхуэныкъуэм теухуауэ Иеговэ иІэ еплъыкІэмрэ дэ диІэ еплъыкІэмрэ зэтемыхуэнкІэ хъунущ. Илъэс 40-кІэ пшахъуэщІым ита журтхэм Мусэ яжриІам гу лъыттэнщ: «Фи Іуэху псоми фи Алыхь Иеговэ и нэфІ щыхуащ. Мыр зи инагъ пшахъуэщІым фызэритар ещІэж абы. Илъэс 40 къриубыдэу фи Алыхь Иеговэ фи гъусащ, икІи фэ зыми фыхуэныкъуакъым» (Втор. 2:7). А зэманым Иеговэ и лъэпкъым мэнн шхыныгъуэр зэпымыууэ иритт икІи я щыгъыныр — Мысырым къыщикІыжым ящыгъар — мылажьэу щигъэтт (Втор. 8:3, 4). Языныкъуэхэм я шхынымрэ я щыгъынымрэ ягу иримыхьу щытами, Мусэ къыхигъэщащ ахэр зыми хуэмыныкъуэу зэрыпсэуар. Иеговэ и гуапэ хъунущ диІэмкІэ дыарэзыуэ дыщытмэ икІи мащІэри куэдри фІыщІэ тщІыуэ зедгъасэмэ.

ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУНУМ ШЭЧ КЪЫТОМЫХЬЭ

12. Даут и щхьэм щымыгугъыжу, Иеговэ щыгугъыу зэрыщытар дэнэ дэ щытщІэр?

12 Даут быдэу и фІэщ хъут: Иеговэ фІыуэ къэзылъагъухэм пэжу яхущытщ икІи и нэІэ ятригъэтщ. Даут и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыщыІэ зэманыращ 34-нэ Псаломыр щызэхилъхьар. Ауэ фІэщхъуныгъэм и фІыгъэкІэ абы илъагъут ихъуреягъкІэ шэтыр къригъэувэкІыну Иеговэ къигъэкІуа мелыІычыр (Пс. 34:7, сноскэ). Апхуэдэ щапхъэ къыщІихьар мырауэ къыщІэкІынущ: Даут мызэ-мытІэу илъэгъуат бийхэм пэщІэтын щхьэкІэ шэтырхэр къезыгъэувэкІа дзэхэр. Даут и щхьэм щыгугъыжыфынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зауэлІ Іэзэт, мывэдзымрэ джатэмрэ хуэІэкІуэлъакІуэт икІи Иеговэ ар пащтыхьу тригъэувэну къигъэгугъат (1 Сам. 16:13; 24:12). Ауэ ар Алыхьым щыгугът икІи быдэу и фІэщ хъут: «Иеговэ и мелыІычым Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэр къехъумэ икІи ахэр кърегъэл». ДауикІ, дэ нобэ дыщыгугъкъым Иеговэ телъыджэ Іуэху ищІэу дыкъригъэлыну, ауэ дэ дощІэ Иеговэ щыгугъ цІыхум Алыхьым хузэмыгъэзэхуэжын зэран зыми зэрыримыхыфынур.

Гузэвэгъуэшхуэр къэсауэ Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыщыттеуэм деж къэрал унафэщІхэм я лъабжьэм щІэт цІыхухэр ди унэхэм залымыгъэкІэ къыщІыхьэну къыщІэкІынущ. Ауэ а зэманым Хьисэрэ абы и мелыІычхэмрэ а Іуэхум щыгъуазэу зэрыщытынум икІи Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэрахъумэнум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. (13-нэ абзацым феплъ.)

13. Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыттеуа иужь ди бийхэм дэ къытщхьэщыжын димыІэу къащІыщыхъунур сыт, ауэ дымышынэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)

13 Иеговэ дыкъихъумэну зэфІэкІ зэриІэр ди фІэщ зэрыхъур куэд мыщІэу гъэунэхуа хъунущ. Магог щІыналъэм щыщ Гогыр — лъэпкъ зэгухьэнухэр — Алыхьым и лъэпкъым теуа иужь дэ дышынэнкІэ хъунущ бийхэм даукІыну. Иеговэ дыкъригъэлыну зэфІэкІ зэриІэр икІи Іэмал имыІэу дыкъызэрыригъэлынур ди фІэщ хъун хуейщ. А зэманым ди бийхэм къащыхъунущ дэ къытщхьэщыжын димыІэу (Иез. 38:10—12). Абыхэм къафІэщІынущ хьэпІацІэм хуэдэу дапІытІыфыну. Пэжу, дэ Іэщи диІэкъым, зэуэкІи тщІэкъым. Ауэ лъэпкъ зэгухьэнухэм ялъэгъунукъым фІэщхъуныгъэм и фІыгъэкІэ дэ тлъагъур: Алыхьым и лъэпкъым ихъуреягъкІэ къеувэкІа зауэлІ хахуэхэр — Иеговэ и лэжьакІуэхэм къащхьэщыжыну хьэзыр мелыІычхэр. Бийхэм фІэщхъуныгъэ яІэкъыми, гъэщІэгъуэнкъым а псор зэрамылъэгъунур! Абыхэм я щхьэм къэкІыххэнукъым уафэм къикІыу дзэшхуэ дэ къызэрытщхьэщыжынур (Апок. 19:11, 14, 15).

КЪЫТПЭЩЫЛЪ ГЪЭУНЭХУАПІЭХЭМ ИДЖЫПСТУ ЩЫЩІЭДЗАУЭ ЗЫХУЭГЪЭХЬЭЗЫР

14. Къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм дауэ зыхуэдгъэхьэзыра хъуну?

14 Къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм дауэ зыхуэдгъэхьэзыра хъуну? Япэрауэ, мылъкум еплъыкІэ тэмэм худиІэн хуейщ икІи зэгуэр ар къэдгъэнэн хуей зэрыхъунум дыхуэхьэзыру дыщытын хуейщ. Абы нэмыщІ диІэмкІэ дыарэзыуэ зедгъэсэн хуейщ икІи Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр псом нэхърэ нэхъ лъапІэу тлъытэн хуейщ. Алыхьыр нэхъыфІу къэтцІыхумэ, дэ быдэу ди фІэщ хъунущ Магог щІыналъэм щыщ Гогыр къыщыттеуэкІэ Иеговэ дыкъызэрыригъэлыфынур.

15. Даут сыт щыгъуи Иеговэ щыгугъ зэрыхъунур и фІэщ зыщІыр сытыт?

15 Къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм зыхуэдгъэхьэзырыну сыт иджыри къыддэІэпыкъунур? Даут жиІащ: «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр; насыпыфІэщ ар егъэзыпІэ зыхуэхъуар» (Пс. 34:8). Мы псалъэхэр зытха Даут игъэунэхуат Иеговэ ар зэи къызэримыгъэнэнур. Иджыри ныбжьыщІэу Даут ДжэлутІ езэуэну къыдэкІат. Иныжьым и теплъэ къудейм уигъэшынэми, Даут абы жриІащ: «Нобэ Иеговэ си ІэмыщІэ укъыІэщІилъхьэнущ» (1 Сам. 17:46). ИужькІэ Даут пащтыхь Щаул и деж лэжьэн щыщІидзащ, ауэ абыи мызэ-мытІэу ар иукІыну хэтащ. Абы щыгъуэми «Иеговэ Даут и гъусэт» (1 Сам. 18:12). Даут иджыри щІалэу игъэунэхуа псом и фІэщ ищІт къыпэщылъ гъэунэхуапІэхэми Иеговэ щыгугъ зэрыхъунур.

16. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм Іэмал къыдатыфыну Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэну?

16 Иеговэ дзыхь хуэпщІу нобэ зебгъасэмэ, Іуэхур нэхъ гугъу хъуа иужьи дзыхь хуэпщІыфынущ. Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэпщІын хуейщ, узыгъэлажьэм конгрессым зыкъебгъэутІыпщын щхьэкІэ е зэІущІэхэм псоми укІуэну икІи хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу ухэтыну зэран мыхъу график къыуитыну уелъэІун щхьэкІэ. Ауэ узыгъэлажьэм ар къыпхуимыдэу, лэжьапІэм уІукІыжын хуей хъумэ-щэ? Абы щыгъуэми Иеговэ укъызэримыгъэнэнур икІи узыхуэныкъуэ псори къызэрыуитынур уи фІэщ хъурэ? (Евр. 13:5). Полновременнэу лажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэм еупщІи къыбжаІэжынущ дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэ дыдэм Иеговэ абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар. Пэж дыдэу, Иеговэ дэ зэи дыкъигъэнэнукъым!

17. 2022-нэ гъэм сыт хуэдэ пычыгъуэ хухахар икІи сыт щхьэкІэ?

17 Иеговэ щыдигъусэкІэ, къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм дащымышынэми хъунущ. Ди гъащІэм япэ увыпІэр Иеговэ еттмэ, абы зэи дыкъигъэнэнукъым. А гупсысэр зыщыдмыгъэгъупщэн щхьэкІэ икІи къытпэщылъ гугъуехьхэм нобэ щыщІэдзауэ зыхуэдгъэхьэзырын щхьэкІэ, УнафэщІ гупым Псалом 34:10 ит псалъэхэр 2022-нэ гъэм хухихащ: «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым».

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр?

  • Сыт хуэдэ чэнджэщыфІ Паул къыдитар?

  • Къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм дауэ зыхуэдгъэхьэзыра хъуну?

38-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ къару къыпхилъхьэнущ

a 2022-нэ гъэм хухахар Псалом 34:10 ит псалъэхэращ: «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым». Ауэ Иеговэ пэжу хуэлажьэхэм щыщ куэдыр хуэмыщІауэ мэпсэу. Апхуэдэу щыщыткІэ, едзыгъуэм ит псалъэхэр пэжу пІэрэ? Абы нэмыщІ мы едзыгъуэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур къытпэщылъ гъэунэхуапІэхэм зыхуэдгъэхьэзырыну?

b 2014 гъэм, фокІадэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ статьям еплъ.

c Мы абзацми къыкІэлъыкІуэми 1999-нэ гъэм, накъыгъэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 19-нэ напэкІуэцІым ит псалъэхэр къыщыхьащ.

d СУРЭТЫР. Даут Щаул зыщигъэпщкІуу бгъуэнщІагъым щыщІэсым щыгъуэ, Иеговэ кърит мащІэ тІэкІури фІыщІэ ищІт.

e СУРЭТЫР. Журт лъэпкъыр Мысырым къикІыжа иужь Иеговэ абыхэм мэнн шхыныгъуэр яритт икІи я щыгъыныр мылажьэу щигъэтт.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын