ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb23 Май н. 13
  • Библием и аудиозаписым уедаІуэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Библием и аудиозаписым уедаІуэрэ?
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Мыбы ещхь материал
  • Библием махуэ къэс деджэну сыт къыддэІэпыкъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Гъаблэм дыкъезыгъэлыныр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2020
  • Алыхьымрэ цІыхухэмрэ худиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыхэдгъэхъуэфынур?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
  • Щыуагъэншэу къеджэ
    Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
Нэхъыбэ еплъын
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
mwb23 Май н. 13
Коллаж «Библием и аудиозаписым цІыхухэр йодаІуэ»: 1) природэм щыІэу къуэшым наушник Іулъу Библием и аудиозаписым йодаІуэ; 2) шыпхъум ипхъу цІыкІур и гъусэу «умная колонка» жыхуаІэмкІэ Библием едаІуэурэ тхылъымкІэ кІэлъоплъ; 3) шыпхъур метром ису Библием и аудиозаписым йодаІуэ.

ДИ ГЪАЩІЭР

Библием и аудиозаписым уедаІуэрэ?

Библием и аудиозаписыр сыт зищІысыр? Хэплъэжауэ къыдагъэкІа «ДунеищІэкІэ зэджэ Библием» и аудиозаписьхэр хуэм-хуэмурэ бзэ нэхъыбэкІэ къыдагъэкІ. ГъэщІэгъуэныращи, Библием къэпсалъэу иту хъуар макъ зырызкІэ ирагъэтх. Библием итыр нэхъ гурыІуэгъуэ хъун икІи едаІуэхэм я гум нэсын щхьэкІэ, къеджэхэм къыхагъэщын хуей псалъэхэр къыхагъэщурэ, макъыр яхъуэжурэ ирагъэтх.

Библием и аудиозаписым уедэІуэну сыткІэ сэбэп? Аудиозаписым щІэх-щІэхыурэ едаІуэ куэдым «Алыхьым и Псалъэм ит хъыбархэр си нэгу щІэкІым хуэдэщ» жаІэ. Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм я псалъэхэр макъ зырызкІэ зэрырагъэтхыр абыхэм къадоІэпыкъу зэдаІуэр нэхъыфІу я нэгу къыщІагъэхьэну икІи къагурыІуэну (Пр 4:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Къуэш, шыпхъу куэдым гу лъатащ гугъуехь щаІэм деж Библием щедаІуэкІэ гупсэхугъуэ зэрагъуэтыр (Пс 94:19).

Алыхьым и Псалъэм къаруушхуэ щІэлъщи, абы узэредаІуэм уи гъащІэр хуабжьу ихъуэжыфынущ (2Лт 34:19—21). Уэ къыбгурыІуэ бзэкІэ Библием и аудоизаписыр зэрыщыту щыІэмэ е и Іыхьэ гуэр къыдагъэкІамэ, абы уедэІуэну мурад умыгъэувыфыну пІэрэ?

«ЗВУКОВАЯ ЗАПИСЬ БИБЛИИ» (ОТРЫВОК) ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:

Библием и аудиозаписыр зэрырагъэтхым сыт нэхъ пфІэгъэщІэгъуэн хъуар?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын