ДИ ГЪАЩІЭР
Ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм уэ упэлъэщыфынущ!
Иужьрей махуэхэм зы гугъуехьым адрейр къыкІэлъыкІуэурэ макІуэ. Мы дунейм и кІэр нэхъ къэблэгъэху ди гугъуехьыр нэхъыбэ хъуурэ кІуэнущи, дэ нэхъ дызыхуэныкъуэ дыдэри щыдмыгъуэтын къэхъункІэ хъунущ (Авв 3:16—18). Мы зэман гугъум ахъшэншэ дыхъу хъумэ, сыт къыддэІэпыкъунур а гугъуехьхэм дыпэлъэщыну? Дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІын хуейщ. Абы и лэжьакІуэхэр къигъэгугъащ зэи къимыгъэнэну икІи ди Іуэхур дапхуэдэу гугъу мыхъуами, ар Іэмал имыІэу щІэгъэкъуэн къытхуэхъунущ (Пс 37:18, 19; Евр 13:5, 6).
Сыт пщІэ хъунур:
Иеговэ елъэІу Іущагъ къыуитыну икІи хэкІыпІэр уигъэлъэгъуну (Пс 62:8).
Япэм бгъэзащІэу щымыта лэжьыгъэми уеувэлІэну хьэзыру щыт (g-U 1/10 8—9, рамкэхэр).
Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм хэт: Библием махуэ къэс еджэ, бломыгъэкІыу зэІущІэхэм кІуэ, хъыбарыфІыр жыджэру гъэІу.
«ЛЪАБЖЬЭ БЫДЭ ЗИІЭ УНЭ ФЩІЫ. ФИІЭМКІЭ АРЭЗЫУЭ ФЫЩЫТ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Языныкъуэ унагъуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?
ГъащІэм сыт псом нэхърэ нэхъапэр?
АхъшэкІэ гугъуехь зиІэхэм сыткІэ уадэІэпыкъу хъуну?