АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Іэдэбагъ хэлъу икІи и гум къыбгъэдэкІыу Сэлмэн жиІа тхьэлъэІур
Алыхьым и Унэшхуэр къыщызэІуахым щыгъуэ Сэлмэн лъэпкъым и пащхьэм иту Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзащ (1Цр 8:22; w09-U 15/11 9, абз. 9, 10).
Сэлмэн гулъытэ лей зыхуригъэщІыну хущІэмыкъуу, Иеговэ зэригъэлъэпІэным хущІэкъут (1Цр 8:23, 24).
Сэлмэн Іэдэбагъ хэлъу Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзащ (1Цр 8:27; w99-U 15/1 17, абз. 7, 8).
Сэлмэн и тхьэлъэІур ди дежкІэ щапхъэфІ дыдэщ, псом хуэмыдэу нэгъуэщІхэм я пащхьэм иту тхьэлъэІу жызыІэхэм я деж. Япэ дыдэу дызэгупсысын хуейр ди псалъэхэр нэгъуэщІхэм къазэрыщыхъуракъым, атІэ Иеговэ къызэрыщыхъуращ.