ДИ ГЪАЩІЭР
«ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр къэбгъэсэбэпу ебгъаджэм дэІэпыкъу Иеговэрэ Хьисэрэ хуиІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну
Алыхьым и ныбжьэгъу хъун щхьэкІэ едгъаджэм и фІэщхъуныгъэр хигъэхъуэн хуейщ (Евр 11:6). АбыкІэ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр къыддэІэпыкъунущ. Мы тхылъым итщ Библием къиха едзыгъуэ нэхъыщхьэхэр, бджыр нэхъыфІу къыбгурызыгъаІуэ гупсысэхэр, фІыуэ зэхэлъхьа упщІэхэр, видео, сурэт гъэщІэгъуэнхэр. Едгъаджэм хьэл-щэн дахэ зыхилъхьэну икІи Алыхьым ныбжьэгъу хуэхъуну дыдэІэпыкъумэ, мафІэм имыс материалхэм унэ къыхэтщІыкІыу жыпІэ хъунущ (1Кр 3:12—15).
Языныкъуэхэм къагурыІуэкъым Алыхь нэрымылъагъум ныбжьэгъу узэрыхуэхъуфынур. Абы къыхэкІкІэ дэ абыхэм Иеговэ къедгъэцІыхун икІи дзыхь хуащІу едгъэсэн хуейщ.
«РАЗВИВАЙТЕ ВЕРУ В ИЕГОВУ С ПОМОЩЬЮ ПОСОБИЯ „РАДУЙТЕСЬ ЖИЗНИ СЕЙЧАС И ВЕЧНО!“» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди шыпхъум Библие джыным фІыуэ зэрызыхуигъэхьэзырар сытым къыхэщрэ?
ФІыуэ зэхилъхьа упщІэхэр къигъэсэбэпу ди шыпхъум Исайя 41:10, 13 ит гупсысэ нэхъыщхьэхэм иригъаджэм дауэ гу лъригъэта икІи и гурыщІэхэр жиІэну дауэ хуигъэуша?
Видеомрэ Библием къиха едзыгъуэхэмрэ ирагъаджэр сытым хуагъэуша?
Куэдым щхьэщэхужым теухуа темэр къагурыІуэкъым икІи щхьэщэхужыр цІыху къэс Алыхьым къыдита тыгъэу къалъытэкъым (Гл 2:20). Абы къыхэкІкІэ дэ цІыхухэм дадэІэпыкъун хуейщ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр я фІэщ хъуну.
«РАЗВИВАЙТЕ ВЕРУ В ИИСУСА С ПОМОЩЬЮ ПОСОБИЯ „РАДУЙТЕСЬ ЖИЗНИ СЕЙЧАС И ВЕЧНО!“» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Ди къуэшым Библие джыным фІыуэ зэрызыхуигъэхьэзырар сытым къыхэщрэ?
«Нэхъыбэ къащІэ» жыхуиІэ рамкэм ит материалыр дапхуэдэу къуэшым къызэригъэсэбэпар иригъаджэм дэІэпыкъун щхьэкІэ?
Едгъаджэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ тхьэлъэІум мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?