Даут ДжэлутІ езэуэну къыдэкІащ
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Мыр Иеговэ и зауэщ»
Даут и фІэщхъуныгъэр зытегъэщІауэ щытар абы иІа щІэныгъэхэмрэ япэм Иеговэ къыдэІэпыкъуу зэрыщытамрэщ (1См 17:36, 37; wp16.5-U 11, абз. 2, 3).
Даут зэплъар ДжэлутІ езым нэхърэ зэрынэхъ иныратэкъым, атІэ Иеговэ ДжэлутІ нэхърэ зэрынэхъ инырат (1См 17:45—47; wp16.5-U 11, абз. 8, 9).
Иеговэ Даут дэІэпыкъуащ къаруушхуэ зыбгъэдэлъ зауэлІ Іэзэм текІуэну (1См 17:48—50; wp16.5-U 12, абз. 4; обложкэм тет сурэтым еплъ).
Иныкъуэхэм деж дэ гугъуехьышхуэхэм дыпэщІохуэ, псалъэм папщІэ дэ гугъу дыщрагъэхь е хьэл мыхъумыщІэ гуэрхэм дыщебэн къохъу. Ди гугъуехьым дунейр и инагъыу къытщыхъумэ, дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым гъунэ зимыІэ Иеговэ и къарум елъытауэ ар зэрыцІыкІу дыдэр (Иов 42:1, 2).