ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ дыщыгугъыну къыддэІэпыкъу Іуэхугъуищ
Даут ДжэлутІ щІытекІуэфар ар Иеговэ щыгугъти арат (1См 17:45). Иеговэ дэтхэнэ и зы лэжьакІуэми и фІэфІу доІэпыкъу (2Лт 16:9). Ди щхьэмрэ ди зэфІэкІхэмрэ дыщымыгугъыжу, Иеговэ дыщыгугъыну сыт къыддэІэпыкъунур? Іуэхугъуищ зэпкърытхынщ:
Зэпымыууэ Алыхьым елъэІу. Щыуагъэ пщІар къыпхуигъэгъун щхьэкІэ уелъэІу закъуэу щымыту, гъэунэхуапІэ ущыпэщІэхуам дежи къару къыуитыну Алыхьым елъэІу (Мт 6:12, 13). Унафэ къэпщтам фІы къыпэкІуэн щхьэкІэ Иеговэ узэрелъэІум нэмыщІ унафэ къэпщтэн ипи Іущагърэ дэІэпыкъуэгъурэ къыуитыну елъэІу (Екъуб 1:5).
Махуэ къэс Библием еджэ икІи ар куууэ джы. Махуэ къэс Библием еджэ (Пс 1:2). Библиер зытепсэлъыхьыж цІыхухэм я щапхъэхэм куууэ егупсыс икІи къапщІэр уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп (Екъуб 1:23—25). ХъыбарыфІыр бгъэІун ипэ сыт щыгъуи зыгъэхьэзыр, узэресам ущымыгугъыу. ЗэІущІэхэм зыхуэгъэхьэзыр, абы щызэхэпхынум сэбэпынагъ нэхъыбэ хэпхын щхьэкІэ.
Иеговэ и организацэм дэлажьэ. Иеговэ и организацэм иужьрей дыдэу къыдита унафэхэр занщІэу зэрыбгъэзэщІэным иужь ит (Чс 9:17). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщхэмрэ унафэхэмрэ къыщыдатым деж едаІуэ (Евр 13:17).
«У НАС НЕТ ПРИЧИН БОЯТЬСЯ ПРЕСЛЕДОВАНИЙ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
• Ди къуэш, ди шыпхъухэр сытыт зыщышынэр?
• Шынэм текІуэну сыт абыхэм къадэІэпыкъуар?