АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Уи Алыхь Иеговэ сыт къызэролъэІур?
Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъумрэ пщІэ зэрыхуэтщІымрэ дыхуегъэуш абы жиІэм дедэІуэну (Вт 10:12; w09-U 1/10 10, абз. 3, 4).
Иеговэ хуэжыІэдаІуэхэм и нэфІ щохуэ (Вт 10:13; w09-U 1/10 10, абз. 6).
Иеговэ хуейщ абырэ дэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъыну (Вт 10:15; cl-U 16, абз. 2).
Иеговэ дыхуэлэжьэну дыхигъэзыхькъым. Ар хуейщ дэ ди гум къыбгъэдэкІыу абы жиІэм дедэІуэну икІи фІыуэ тлъагъуну (Рм 6:17). Иеговэ хуэлэжьэну мурад зыщІхэр зэи щІегъуэжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар гъащІэ гъуэгухэм я нэхъыфІщ!