Мэкъуауэгъуэм и 28 — бадзэуэгъуэм и 4
ВТОРОЗАКОНИЕ 9, 10
49-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Уи Алыхь Иеговэ сыт къызэролъэІур?» (дакъ. 10)
Тхыгъэм ит налкъутхэр (дакъ. 10)
Вт 9:1—3. «ЦІыху лъагэу икІи къарууфІэу» щыта енакимхэм израил цІыхухэр щІыщышынэн хуэмеяр сыт? (it-U «Енакимы», абз. 1).
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4): Вт 10:1—22 (th 10-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (дакъ. 3). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщу абы хуэкІуэ публикацие цІыхум къыхуэгъанэ (th 3-нэ урокыр).
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4). «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. «Библиер щІэджын хуейр сыт?» жыхуиІэ видеороликым узэпсалъэ цІыхум гу лъегъати зэпкърых (езы видеороликыр къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 9-нэ урокыр).
Библием егъэджэн (дакъ. 5): fg 12-нэ урокыр, абз. 4, 5 (th 18-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
«Видеоджэгухэм Іущагъ хэлъу убгъэдыхьэрэ?» (дакъ. 7). Зэгъусэу зэпкърыхын. Мы видеороликыр гъэлъагъуэ. ИужькІэ къодаІуэхэм еупщІ: видеоджэгухэм дапхуэдэу уи зэманыр къызэрыпфІадыгъуфынур? Ефес 5:15, 16 зэритымкІэ, видеоджэгухэм нэхърэ сыт нэхъапэр? ЦІыхум къыхих видеоджэгухэм езым теухуауэ сыт къыуигъащІэр? Видеоджэгухэм Іущагъ хэлъу убгъэдыхьэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
«Фадэм кърикІуэным егупсыс» (дакъ. 8). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Фадэм кърикІуэным егупсыс» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): w17.11 н. 29—32, абз. 10—18
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3)
3-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ