ДИ ГЪАЩІЭР
«Школа благовестников Царства» жыхуиІэм ущеджэну ухуейт?
Уэ уи ныбжьыр илъэс 23 щыщІэдзауэ 65 нэс къриубыдэу пІэрэ икІи полновременнэ лэжьыгъэм ухэту пІэрэ? Уи узыншагъэр быдэу пІэрэ икІи хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм укІуэфыну пІэрэ? Мы упщІэхэм нтІэ жыпІэу жэуап ептамэ, «Школа благовестников Царства» жыхуиІэм укІуэфынрэ умыкІуэфынрэ уегупсыс хъунущ. А школым мин бжыгъэкІэ зэщхьэгъусэхэр икІи щхьэгъусэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэр щеджащ. Ауэ щхьэгъусэ зимыІэ къуэшхэм организацэр иджыри хуэныкъуэщ. Иеговэ и мурадыр бгъэзэщІэну икІи и Къуэм щапхъэ тепхыну уиІэ гукъыдэжыр Иеговэ хигъэхъуэну елъэІу (Пс 40:8; Мт 20:28; Евр 10:7). УнагъуэкІэ, лэжьыгъэкІэ уиІэ къалэнхэр нэхъ мащІэ зэрыпщІыным егупсыс, е щІыхуэ птелъмэ, ар зэрыптыжыным иужь ит.
А школым щеджахэм сыт хуэдэ Іэмал абы къыхузэІуихрэ? Языныкъуэхэр нэгъуэщІыбзэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуну нэгъуэщІыпІэ ягъэкІуащ икІи къалэшхуэхэм цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щагъэІуну Іэмал яІэ хъуащ. Языныкъуэхэр иужькІэ районым и нэхъыжьым и дэІэпыкъуэгъуу, районым и нэхъыжьу е миссионеру ягъэкІуащ. Иеговэ и лэжьыгъэм ухэтыну Іэмал уиІэхэм егупсыс икІи бегъымбар Ешайя «Сы-мис, сыгъакІуэ сэ!» зэрыжиІам хуэдэу уэри апхуэдэ гукъыдэж узэриІэным иужь ит (Иса 6:8).
«МИССИОНЕРХЭР ГЪАВЭ ІУХЫЖЫГЪУЭМ ЖЫДЖЭРУ ХЭТЩ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Миссионеру хэт ягъакІуэр?
Миссионерхэм сыт я къалэныр?
Миссионер лэжьыгъэм сыт хуэдэ гуфІэгъуэхэр къыпхуихьрэ?