АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 6, 7
Ди гум илъ фІыщІэр зэрыдгъэлъагъуэ хъуныр
Пасэрей зэманым израил лъэпкъым Иеговэ къыхуихьу щыта мамырыгъэм и къурмэныпхъэхэм дигу къагъэкІыж ди гум илъ фІыщІэр ди тхьэлъэІухэмкІи ди ІуэхухэмкІи къэдгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Фп 4:6, 7; Кл 3:15).
Иеговэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІ хъуну? (1Фс 5:17, 18).
Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІым сыт хуэдэ сэбэпынагъ дэ езым къытхуихьрэ?
Дауэ зыгуэр «жин бзаджэхэм я Іэнэм» пэрысынкІэ зэрыхъунур икІи абы дауэ къызэригъэлъэгъуэнур Иеговэ нэгъэсауэ фІыщІэ зэрыхуимыщІыр? (1Кр 10:20, 21).