ДИ ГЪАЩІЭР
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыхухэм яжетІэн щхьэкІэ щэкІуэгъуэм екІуэкІыну кампание
Хьисэ «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» цІыхухэм яжриІэт (Лк 4:43). Абы нэмыщІ а Пащтыхьыгъуэр къэкІуэну цІыхухэр Алыхьым елъэІуну абы игъасэт (Мт 6:9, 10). ЩэкІуэгъуэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыху нэхъыбэм зэражетІэнум дыхущІэкъунущ (Мт 24:14). Уэ уи графикым зыгуэр пхуэхъуэжыну пІэрэ а кампанием зэрыпхузэфІэкІкІэ нэхъыбэу ухэтын щхьэкІэ? А мазэм подсобнэ пионеру лэжьэну хуейхэм сыхьэт 30 е 50 къащтэну Іэмал яІэнущ.
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ Библием ит едзыгъуэ гуэр къыхэхи, ущыпсэу щІыпІэм цІыху нэхъыбэм ар зэхахыфын щхьэкІэ пхузэфІэкІыр щІэ. ЦІыхухэм я фІэщ хъум елъытауэ едзыгъуэ къызэрыхэпхыным иужь ит. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ и фІэгъэщІэгъуэн хъууэ щытмэ, «ХъумакІуэ чэщанэр» (№ 2 2020) къыхуэгъанэ. ИтІанэ зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу а цІыхум и деж зэрытебгъэзэжыным иужь ит икІи хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэм щыщ тхыгъэ къэбгъэсэбэпу абы и гъусэу Библиер бджын зэрыщІэбдзэным хущІэкъу. Зэман къэнар мащІэ дыдэщ: Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пэщІэувэ правительствэхэр абы щигъэкІуэдыну зэманыр къэсыпащ (Дан 2:44; 1Кр 15:24, 25). Абы къыхэкІкІэ зэрыхъукІэ нэхъыбэу а кампанием дыхэвгъэт. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ Иеговэрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ дызэрыхуэпэжыр!
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэр жэнэт ищІыжынущ!