АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 37, 38
Шэтыр лъапІэм и къурмэнщІыпІэхэмрэ абыхэм яІэу щыта мыхьэнэмрэ
Шэтыр лъапІэм и къурмэнщІыпІэхэр Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу ящІат икІи абыхэм мыхьэнэшхуэ яІэт.
КъурмэнщІыпІэм щагъэсу щыта фІыуэ зэхэлъхьа фимиамым и мэ ІэфІыр Иеговэ игу зэрырихьу щытам хуэдэу и лэжьакІуэ пэжхэм я тхьэлъэІухэри и фІэфІщ.
КъурмэнщІыпІэм щагъэсу щыта къурмэнхэр Иеговэ къищтэт. А къурмэнщІыпІэр шэтырыр зыдэт пщІантІэм дэтт икІи ар шэтырым и гупэм къитт. Сыт хуэдэ мыхьэнэ абы дэркІэ иІэр? КъурмэнщІыпІэр шэтырым и гупэ зэритам къегъэлъагъуэ Иеговэ къытхуэарэзыуэ щытын щхьэкІэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Іэмал имыІэу ди фІэщ хъун зэрыхуейр (Ин 3:16—18; Евр 10:5—10).
Ди тхьэлъэІухэм дапхуэдэу зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур ахэр фимиамым хуэдэу Иеговэ игу дыхьэн щхьэкІэ? (Пс 141:2).