АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 33, 34
Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр
Мусэ Иеговэ и хьэл-щэнхэр фІыуэ зэрицІыхур къыдэІэпыкъут шыІэныгъэ хэлъу израил цІыхухэм яхущытыну. Абы ещхьу дэри Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуну дыхущІэкъуу щытмэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм гущІэгъу нэхъ тхэлъу дахущытынущ.
«Гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ». Лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэр я бынхэм щабэу зэрыхущытым хуэдэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ щабэу ятригъэтщ.
«ТэмакъкІыхьщ». Иеговэ и лэжьакІуэхэм шыІэныгъэ хэлъу яхущытщ: ахэр щыщыуэм деж ар къэгубжьыркъым икІи абыхэм захъуэжыну зэман ярет.
«ФІылъагъуныгъэ... и куэдщ». Иеговэ и лэжьакІуэхэм фІылъагъуныгъэ хэлъу яхущытщ. А лъагъуныгъэм зэи кІэ иІэнукъым!
ЗЭУПЩІЫЖ: «Иеговэ и гущабагъэмрэ и гущІэгъумрэ щапхъэ дауэ тесхыфыну?»