АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 19, 20
УнафипщІым уэ сытым ухурагъэсэфыну?
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Мусэ и Хабзэм щІэтын хуейуэ щыткъым (Кл 2:13, 14). Ауэ УнафипщІми Мусэ и Хабзэм хыхьэ адрей унафэхэми дэ ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр хэтщ. Сыт хуэдэ? А унафэхэм дэ къыщыдощІэ:
Іуэху зэмылІэужьыгъуэхэм теухуауэ Иеговэ иІэ еплъыкІэр;
Иеговэ и пащхьэм щыдиІэ къалэнхэр;
нэгъуэщІ цІыхухэм дазэрыхущытын хуейр.
УнафипщІым Иеговэ теухуауэ сыт уэ къыуагъэщІар?