АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИСХОД 10, 11
Мусэрэ Хьэрунрэ егъэлеяуэ лІыгъэшхуэ ягъэлъагъуэ
Мусэрэ Хьэрунрэ а зэманым нэхъ лъэкІыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъу щыта фирхьэуным щепсэлъам щыгъуэ егъэлеяуэ лІыгъэшхуэ ягъэлъэгъуащ. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Мусэ теухуауэ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «ФІэщхъуныгъэ зэриІам щхьэкІэ, пащтыхьым и губжьым щымышынэу, Мысырым къикІыжащ. ЦІыхухэм ямылъагъу Тхьэр зэрилъэгъуам хуэдэу и гум теубыдагъэ илъу щытащ» (Евр 11:27). Мусэрэ Хьэрунрэ Иеговэ быдэу я фІэщ хъут икІи сыт щыгъуи абы щыгугът.
Уи фІэщ хъум теухуауэ тепщэныгъэ зиІэхэм ущепсалъэкІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж уэ лІыгъэ ущыхуеинур?