ДИ ГЪАЩІЭР
Іэдэбагъ зыхэгъэлъ икІи уи щхьэм ущымытхъуж
Уи щхьэм ущытхъужыныр — ар пагагъэщ. Зыгуэр и щхьэм щыщытхъужым деж нэгъуэщІ цІыхухэм ар ягу ирихькъым. Аращ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр щІитыр: «Узыщымытхъуж... нэгъуэщІым уи цІэр кърыреІуэ, ирехъу ар уи фІыщІэІуатэ» (Пр 27:2, Гъэсэпэтхыдэхэр).
«БУДЬ СМИРЕННЫМ» ЖЫХУИІЭ МУЛЬТФИЛЬМЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
ЦІыхухэр сыткІэ зыщытхъужрэ?
Коля и ныбжьэгъум сытыт зыщІыхуигъэщІагъуэр?
Уи щхьэм ущытхъужыну зэрымытэмэмыр Коля и адэм дауэ къызэрыгуригъэІуар?
Дэ Іэдэбагъ дгъэлъэгъуэну икІи ди зэфІэкІыр здынэсыр тщІэжыну 1 Петр 5:5 ит псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?