Гъатхэпэ мазэм и 16—22
ЩІЭДЗАПІЭ 25, 26
18-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Эсау къуэ нэхъыжьу зэрыщытам кърит хуитыныгъэр ещэж» (дакъ. 10)
ЩІэдз 25:27, 28. Эсаурэ Екъубрэ зэтІолъхуэныкъуэу щытащ, ауэ а тІур хьэлкІэ зэщхьтэкъым, зыхущІэкъу Іуэхухэри зытэкъым (it-U «Иаков», № 1, абз. 3)
ЩІэдз 25:29, 30. Эсау зэрымэжэлІам икІи зэрешам къыхэкІкІэ зышыІэныгъэ игъэлъэгъуакъым
ЩІэдз 25:31—34. Эсау къуэ нэхъыжьу зэрыщытам кърит хуитыныгъэр лъапІэу илъытэтэкъым икІи къыфІэмыІуэхуу ар Екъуб хьэнтхъупс щхьэкІэ ирищэжащ (w19.02 16, абз. 11; it-U «Первенец», абз. 2)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 10)
ЩІэдз 25:31—34. Мэссихьыр къызытехъукІынухэр сыт щыгъуи щыпэлъхуу зэрыщымытам мы едзыгъуэхэр дауэ щыхьэт техъуэрэ? (Евр 12:16; w17.12-U 15, абз. 5—8)
ЩІэдз 26:7. Мы Іуэхугъуэм щыгъуэ Исхьэкъ пэжыр нэсу щІыжимыІар сыт? (it-U «Ложь», абз. 7)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): ЩІэдз 26:1—18 (th 5-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
ЕтІуанэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 5). Зэгъусэу зэпкърыхын. Видеороликыр гъэлъагъуи къодаІуэхэм еупщІ: къуэшым Иуан 17:3 итыр дауэ зэрызэпкърихар?
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп (th 3-нэ урокыр).
ЕтІуанэу епсэлъэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит ит щапхъэ къэгъэсэбэп. Библие зэредгъаджэ япэ тхылъым ит гупсысэхэр цІыхум и гъусэу зэпкърых (bhs) (th 15-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
ЦІыхур брошюрэкІэ (fg) Библие щебгъаджэкІэ видеороликхэр къэгъэсэбэп (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. «ЦІыхум лІа нэужь сыт къыщыщІыр?», «Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэр сыт?» жыхуиІэ видеороликхэр гъэлъагъуэ. Видеоролик къэс бгъэлъэгъуа иужь къодаІуэхэм еупщІ: брошюрэкІэ цІыхухэр щебгъаджэкІэ мы видеороликыр дауэ къызэрыбгъэсэбэп хъунур? (mwb19.03 7). Библием ит пэжым цІыхухэр хуевгъэджэну видеороликым щыщ сыт хуэдэ гупсысэхэмрэ щапхъэхэмрэ къывдэІэпыкъурэ? Видеороликхэм я ссылкэхэр брошюрэм (fg) и электроннэ форматым зэритыр къодаІуэхэм ягу къэгъэкІыж.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): bhs пс. 8, абз. 8—15
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
107-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ