АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ИУАН 7, 8
Хьисэ и Адэр игъэлъапІэт
Хьисэ и псалъэхэмкІи и ІуэхухэмкІи уафэм щыІэ и Адэр игъэлъапІэт. Ар хуейт хъыбар игъэІур Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр цІыхухэм къаригъэщІэну. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ Тхыгъэ ЛъапІэр къигъэсэбэпурэ цІыхухэр иригъаджэт икІи абы щыщ пычыгъуэхэр щІэх-щІэхыурэ жиІэт. ЦІыхухэм Хьисэ фІыщІэрэ щытхъурэ къыщыхуахьым щыгъуэ ар абы и щхьэм хуихьтэкъым, атІэ щытхъури щІыхьышхуэри зыхуэфащэр Иеговэу зэрыщытыр яжриІэрт. Хьисэ и гъащІэм япэ увыпІэ щызыІыгъар Иеговэ абы кърита лэжьыгъэр зэригъэзэщІэнырат (Ин 17:4).
Дауэ дэ Хьисэ щапхъэ зэрытетхыфынур:
Библием цІыху щедгъаджэм е сценэм диту псалъэ щыжытІэм деж?
зыгуэр къыщытщытхъум деж?
ди зэманыр зэрыдгъэкІуэным теухуауэ унафэ щытщІым деж?