ФокІадэм и 24—30
ИУАН 7, 8
12-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Хьисэ и Адэр игъэлъапІэт» (дакъ. 10)
Ин 7:15—18. Хьисэ зыхуригъаджэм теухуауэ цІыхухэм щытхъу къыщыхуахьым абы сыт щыгъуи жиІэт а щІэныгъэхэр Иеговэ къызэрыбгъэдэкІыр (bw555-U 6, абз. 7)
Ин 7:28, 29. Хьисэ Алыхьым къызэригъэкІуар жиІэт. АбыкІэ Хьисэ къигъэлъагъуэт езым нэхърэ Иеговэ нэхъ увыпІэ лъагэ зэриІыгъыр
Ин 8:29. Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу Хьисэ псори зэрищІэр къедаІуэхэм яжриІащ (bw508-U 11, абз. 19)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 8)
Ин 7:8—10. Хьисэ зи фІэщ мыхъу и къуэшхэм ищІэным теухуауэ пэжыр яжримыІауэ жыпІэ хъуну? (w07-U 1/2 6, абз. 4)
Ин 8:58. Мы едзыгъуэм къыщыхьа «сэ сыщыІэщ» жыхуиІэ псалъэхэр, «сэ сыщыІащ» жаІэу щІызрадзэкІын хуейм и щхьэусыгъуэр сыт икІи сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (nwtsty-U комментарий)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджам Иеговэ теухуауэ сыт къывигъэщІар?
Мы тхьэмахуэм дызэджа псалъащхьэхэм сыт хуэдэ налкъутхэр иджыри къыщывгъуэта?
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Ин 8:31—47
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Ещанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит зы щапхъэ къэгъэсэбэп.
ЕплІанэу епсэлъэн (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ): уэ езым едзыгъуэ къыхэхи цІыхум и гъусэу Библиер бджын щІэдзэ.
Библием егъэджэн (дакъ. 6 е нэхъ мащІэ): «Иеговэ фІыуэ лъагъу» жыхуиІэ темэр зэпкърых, абы хуэкІуэ план къэбгъэсэбэпу.
ДИ ГЪАЩІЭР
«Хьисэ хуэдэу Іэдэбагъ гъэлъагъуэ» (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. Видеороликхэр гъэлъагъуэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30): lvs пс. 2, абз. 1—11; Приложение 5, 6
Мы зэІущІэмрэ къыкІэлъыкІуэмрэ кІэщІу хэплъэныр (дакъ. 3)
119-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ