ДИ ГЪАЩІЭР
Социальнэ сетьхэм я къапхъэным дауэ зыщытхъумэну?
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Дапхуэдэ зы Іэмэпсымэми хуэдэу, социальнэ сетьхэм сэбэпынагъ къызэрыпхуэхъум нэмыщІ, я зэрани къокІыфынущ. Алыхьым и лэжьакІуэ гуэрхэм мурад ящІащ социальнэ сетьхэр къамыгъэсэбыпыххэну. Иныкъуэхэми ар къызэрагъэсэбэпыр я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ епсэлъэн щхьэкІэщ. Ауэ дэ абы дыхуэмысакъыу къэдгъэсэбэпу щытмэ, ди цІэри дгъэулъиифынущ, Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэми зэран дыхуэхъуфынущ. Ар ШейтІаныр зыхуей дыдэращ. Хьисэ хуэдэу дэ Алыхьым и Псалъэм ит принципхэр къыддэІэпыкъунущ шынагъуэ дызыпэщІэхуэфынухэр къэтлъэгъуну икІи абыхэм зыщытхъумэну (Лк 4:4, 8, 12).
КЪАПХЪЭНХЭР
Зэман куэд токІуадэ. Социальнэ сетьхэм сыхьэт бжыгъэкІэ дыщисым деж Иеговэ и лэжьыгъэм тедгъэкІуэдэфыну зэман лъапІэр лейуэ догъэкІуэд.
Библием ит принципхэр: Еф 5:15, 16; Фп 1:10
МыхъумыщІагъэ зыхэт материалхэр. Къемызэгъ сурэтхэмрэ видеохэмрэ уеплъу щытмэ, абыхэм порнографие уеплъыну ухуагъэушыфынущ е зинэ щІэным ухуашэфынущ. Алыхьым епцІыжахэм я сайтхэм е блогхэм деджэу щытмэ, абы ди фІэщхъуныгъэр зэтрикъутэнкІэ хъунущ.
Къемызэгъ комментариехэмрэ сурэтхэмрэ. Дэ ди гур зэрыбзаджэм къыхэкІкІэ къемызэгъ комментарий е сурэт социальнэ сетьхэм итлъхьэну абы дыхуигъэушыфынущ. Апхуэдэ Іуэхум зыгуэрым и цІэр игъэулъиин икІи и фІэщхъуныгъэм зэран хуэхъункІэ хъунущ.
«СОЦСЕТИ. НЕ ВЕДИТЕ СЕБЯ КАК ДЕТИ!» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, МЫ СУРЭТХЭМ КЪЫЩЫГЪЭЛЪЭГЪУА ІУЭХУГЪУЭХЭМ УПЭЩІЭМЫХУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУМИ ТХЫ: