ДИ ГЪАЩІЭР
«Уи адэмрэ уи анэмрэ пщІэ яхуэщІ»
Хьисэ щІылъэм щыщыІам къихигъэщауэ щытащ «Уи адэмрэ уи анэмрэ пщІэ яхуэщІ» жыхуиІэ хабзэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Исх 20:12; Мт 15:4). Хьисэ хуитыныгъэ иІэу абы хуригъэсэфынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар щыцІыкІуам и адэ-анэм едаІуэу щытащ (Лк 2:51). Абы и гъащІэр итын ипэ и гъэсэнхэм щыщ зым елъэІуащ и анэ Мэрием зыхуей хуигъэзэну (Ин 19:26, 27).
Ди зэманым Иеговэ и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэм я адэ-анэхэм пщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъэгъуэфынущ, абыхэм жаІэм едаІуэмэ икІи пщІэ хэлъу епсалъэмэ. Ауэ ныбжьыщІэхэм я закъуэкъым а унафэр зыхуэгъэзар. Ди адэ-анэхэм я ныбжьыр хэкІуэтами, абыхэм адэкІи пщІэ яхуэтщІын хуейщ икІи я чэнджэщхэм дедэІуэн хуейщ (Пр 23:22, Гъэс.). Абы нэмыщІ ахэр щыхуэныкъуэм деж ахъшэкІэ дадэІэпыкъун икІи я гурыщІэхэмкІэ къыщыддэгуашэм деж дедэІуэн хуейщ (1Тм 5:8). Дэ псоми, ди ныбжьым емылъытауэ, ди адэ-анэхэм пщІэ хуэтщІын хуейщ икІи щІэх-щІэхыурэ абыхэм депсэлъэн хуейщ.
«ДАУЭ УИ АДЭ-АНЭМ УЗЭРЕПСАЛЪЭ ХЪУНУР?» ЖЫХУИІЭ ФЛОМАСТЕРНЭ АНИМАЦИЕМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Сыт иныкъуэхэм деж щІэмытыншыр адэ-анэхэм уепсэлъэну?
Дапхуэдэу уи адэ-анэм ущепсалъэм деж абыхэм пщІэ зэрыхуэпщІыр къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?
Уи адэ-анэм уепсэлъэну тыншу щымытми, сыт укъыщІикІуэтын хуэмейр? (Пр 15:22, Гъэс.).
Уи гум илъымкІэ уи адэ-анэм уадэгуашэмэ, абы гугъуехь куэдым ущихъумэнущ