АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | МАТТЭ 14, 15
Хьисэ цІыху зыбжанэ къигъэсэбэпурэ, цІыху куэд зыхуей хуегъазэ
Ди эрэм 32 гъэм щыІа ІутІыж махуэшхуэм ипэ Хьисэ Іуэху телъыджэ илэжьащ. А Іуэхугъуэм ХъыбарыфІиплІри топсэлъыхьыж.
Хьисэ ищІа телъыджэмкІэ къигъэлъэгъуащ и гъуэгу ирикІуэхэр зыхуей зэрыхуигъэзэну щІыкІэр.
Хьисэ и гъэсэнхэм унафэ яхуищІащ цІыху гупышхуэр ягъэшхэну, абыхэм щІакхъуитхурэ бдзэжьеитІрэ фІэкІа яІэу щымытами.
Хьисэ щІакхъуэхэмрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фІыщІэ хуищІащ. Абы иужькІэ ахэр и гъуэгу ирикІуэхэм яритащ, абыхэм цІыхухэм хуагуэшащ.
ЦІыхухэм псоми загъэнщІащ икІи къадэхуэжащ. Хьисэ цІыху мин зыбжанэ цІыху зыбжанэкІэ — и гъэсэнхэмкІэ — игъэшхащ.
Хьисэ иужьрей махуэхэм «шхын и чэзум къызэрыдитыну» щІыкІэр жиІауэ щытат (Мт 24:45).
1919 гъэм Хьисэ «зэхэщІыкІ зиІэ узыщыгугъ хъун унэІутыр» (уафэм кІуэну гугъэ зиІэ цІыхухъу зыбжанэ) игъэуващ и «унэІутхэр» зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ.
Хьисэ ди зэманми, япэ лІэщІыгъуэм хуэдэу, уафэм кІуэну гугъэ зиІэ цІыхухъу зыбжанэ къигъэсэбэпурэ, цІыху куэд зыхуей хуегъазэ.
Дауэ сэ къэзгъэлъэгъуэфыну Хьисэ и лъэпкъыр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ къигъэсэбэп цІыхухэм дзыхь зэрыхуэсщІыр икІи я лэжьыгъэр лъапІэу зэрыслъытэр?