25-НЭ УРОКЫР
Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэр. Сыт ахэр щІаухуэр икІи дауэ?
Боливие
Нигерие. Япэм, иджыпсту
Таити
Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэм нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр Хьисэ зи гугъу ищІу щыта Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ (Лука 8:1).
Алыхь закъуэм пэжу щыхуэлажьэ Унэхэр. Дыщызэхуэс Унэхэм хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа лэжьыгъэр щагъэзащІэ (Маттэ 24:14). А Унэхэр я инагъкІи я теплъэкІи зэщхькъым, ауэ сыт щыгъуи зэкІужу икІи зэщІэкъуауэ щытхэщ. И нэхъыбэм зы Унэр зэхуэс зыбжанэм къагъэсэбэп. Ди зэІущІэхэм къекІуалІэхэр кІуэтэхукІэ нэхъыбэ мэхъури, иужьрей илъэсхэм дэ дыщызэхуэс Унэхэр мин бжыгъэкІэ духуащ — зы махуэм Унитху хуэдиз тщІащ. Дауэ ар тхузэфІэкІа? (Маттэ 19:26).
Дыщызэхуэс Унэхэр ухуа хъун щхьэкІэ арэзыуэ ахъшэ къат. А ахъшэр филиалым ирагъэхь, щызэхуэсын Унэ зимыІэ зэхуэсхэм иужькІэ ирату, абыхэм Унэр яухуэн икІи зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ.
ІэщІагъэ зэмылІэужьыгъуэхэр зиІэ ди къуэш ди шыпхъухэр я гум къыбгъэдэкІыу пщІэншэу мэлажьэ. Къэрал куэдым дыщызэхуэс Унэхэр зыухуэ гупхэр щолажьэ. А гупхэм хохьэ я зэманым и нэхъыбэр дыщызэхуэс Унэхэр ухуэным тезыгъэкІуадэхэри зэман гуэркІэ абыхэм ядэІэпыкъу къуэш, шыпхъухэри. Ахэр щыпсэу къэралым зы щІыпІэм икІыурэ нэгъуэщІ щІыпІэм мэІэпхъуэ, дыщызэхуэс Унэхэр ди къуэш, ди шыпхъухэм хуащІын щхьэкІэ. Адрей къэралхэм ухуэныгъэм фІыуэ хэзыщІыкІ ди къуэшхэр дыщызэхуэс Унэхэр ухуэнымрэ ахэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ кІэлъыплъыну трагъэувэ. Ухуэныгъэм фІыуэ хэзыщІыкІ ди къуэшхэр дыщызэхуэс Унэхэр ящІыным хэтми, лэжьыгъэм и нэхъыбэр зыгъэзащІэр зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэращ. Дыщызэхуэс Унэхэр зэраухуэр телъыджэщ икІи ар Иеговэрэ псэемыблэжу лажьэ Абы и лэжьакІуэхэмрэ я фІыгъэщ (Псалом 127:1; Колоссэ 3:23).
Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэм нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр сыт?
Дауэ тхузэфІэкІрэ дыщызэхуэс Унэхэр дуней псом щыдухуэну?