ДИ ГЪАЩІЭР
Иеговэ дызэригъасэр къыддоІэпыкъу цІыху зэхэгъэж дымыщІыну
Иеговэ зэхэгъэж ищІкъым (Апост 10:34, 35). Ар «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми» щыщ цІыхухэм зэхуэдэу хущытщ (Апок 7:9). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм зэхэгъэж ямыщІу фІыуэ зэхущытщ (Екъуб 2:1—4). Алыхьым дызэригъасэм и фІыгъэкІэ дэ иджыпсту жэнэтым дыщыпсэууэ жыпІэ хъунущ икІи цІыхухэм зэрызахъуэжыр долъагъу (Иса 11:6—9). Зэхэгъэж щІыныр зыхэднэну дыхэтмэ, дэ Иеговэ и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу дгъэлъэгъуэфынущ (Еф 5:1, 2).
«ДЖОНИ И ГИДЕОН: БЫЛИ ВРАГАМИ, СТАЛИ БРАТЬЯМИ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Дуней псом зэхэгъэж щымыІэн щхьэкІэ, цІыхухэм къару ирахьэлІэхэм нэхърэ Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэхэр сэбэп нэхъ щІэхъур сыт?
Ди организацэм сыт нэхъ пфІэгъэщІэгъуэныр?
Ди зэкъуэтыныгъэм Иеговэ дауэ зэригъэлъапІэр?