ДИ ГЪАЩІЭР
«Сы-мис, сыгъакІуэ сэ!»
Бегъымбар Ешайа щапхъэфІ тхуохъу. Абы фІэщхъуныгъэ игъэлъэгъуащ икІи игъэзэщІэн хуей къалэным теухуауэ псори имыщІэми, ар игъэзэщІэну арэзы техъуащ (Иса 6:8). Уи гъащІэр зыгуэркІэ пхъуэжыфыну пІэрэ, хъыбарыфІыр фІыуэ здамыцІыху щІыпІэм Алыхьым ущыхуэлэжьэн щхьэкІэ? (Пс 110:3). Пэжщ, нэгъуэщІыпІэ уІэпхъуэн щхьэкІэ, абы текІуэдэну ахъшэр къэббжын хуейщ (Лк 14:27, 28). Ауэ хъыбарыфІым щхьэкІэ зыгуэр зыхуэбгъэныкъуэну хьэзыру щыт (Мт 8:20; Мк 10:28—30). «Переезд туда, где нужна помощь» видеороликым къегъэлъагъуэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм къытхуихьыну гуфІэгъуэр зызыхуэдгъэныкъуэнухэм нэхърэ куэдкІэ зэрынэхъыбэр.
ВИДЕОМ УЕПЛЪА НЭУЖЬ, МЫ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Уильямс унагъуэм сыт къагъэнэн хуей хъуар, Эквадор Іэпхъуэжын щхьэкІэ?
Ахэр сытым егупсыса, хъыбарыфІыр щагъэІун щІыпІэр къыщыхахым щыгъуэ?
Сыт хуэдэ фІыгъуэхэр Иеговэ абыхэм къахуищІа?
УздэІэпхъуэ хъуну щІыпІэм теухуауэ дэнэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынур?
КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ ТХЬЭМАХУЭМ УНАГЪУЭМ ЗЭГЪУСЭУ БИБЛИЕР ЩЫВДЖКІЭ МЫ УПЩІЭХЭР ЗЭПКЪРЫФХ:
Дауэ ди унагъуэм хъыбарыфІыр нэхъыбэу зэрыдгъэІуфынур? (km-U 8/11 4—6)
ХъыбарыфІыр фІыуэ здамыцІыху щІыпІэм дыІэпхъуэну Іэмал димыІэмэ, дауэ дэ ди зэхуэсым дызэрыдэІэпыкъуфынур? (bw568-U 23—25)